ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист Къамбий Джэфар къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

Къамбий Джэфар 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Къармэхьэблэ адыгэ къуажэжьым къыщалъхуащ. Курыт школыр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Дзэм ираджэу къигъэзэжа иужь еджэным пищащ.
Къамбийм пасэу тхэн щIидзащ. «ГъащIэм и плъыфэхэр» фIэщыгъэм щIэту абы 1971 гъэм къыдигъэкIа тхылъым гулъытэ хэха хуащIауэ щытащ. Апхуэдэу, цIыхухэм ягу ирихьу зэIэпах Iуэтэжхэмрэ хъыбар кIэщIхэмрэ щызэхуэхьэса «Дыщэ уэшх» тхылъри.
Абы и IэдакъэщIэкIхэр я зэхэлъыкIэкIи зытеухуакIи зэщхькъым, ауэ дэтхэнэми езым и гу къабзагъэр щызыхыбощIэ, арагъэнщ абы удезыгъэхьэх щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри.
Джэфар лъэпкъ литературэм, журналистикэм жыджэру хуэлэжьащ. Абы къыдигъэкIыу щыта «Адыгэ Хэку» литературэ-художественнэ журналыр ди къэралым и мызакъуэу, хамэ хэкухэм щыпсэу адыгэхэми щIаджыкIырт.
Къамбийм и лъэпкъыр фIыуэ зэрилъагъуу щытам и щыхьэт нахуэщ абы къигъэна Iэужь дахэр.

 

 

Къамбий  Джэфар

Уэсят

Iуэтэж

 Мазэм губгъуэшхуэр къыщигъэнэхум, уафэм къилъэгъуащ, щIакIуэ фIыцIэм хуэдэу, абы щиукъуэдиикIа вагъэ хьэсэ иным бгъурыту екIуэкI тракторыр къэувыIэу и уэздыгъэхэр зэрыункIыфIар, абы зы цIыху гуэр къелъэу мащIэу хэIэтыкIауэ губгъуэм ит IуащхьэмкIэ зэриунэтIар. Iуащхьэм дэкIри, лIыр къыбгъэдэувыIащ мазэ нурым пэлыду абы тет сыным. 
Мывэ сын джафэм зыбжанэрэ телъэщIыхьри, цIыхур абы и лъабжьэм хуэмурэ щетIысэхащ. Зы тэлайкIэ щыму щыса нэужь, абы, зэуэ зыкъызэкъуихри, сыным епсэлъэн щIидзащ:
- ПщIэжрэ, Хьэсанэ, си Iэ лъэныкъуэр зэпыудауэ, уэри уи Iэпкълъэпкъ псор, кхъузанэм хуэдэу, шэхэм зэпхаугъуэныкIауэ, мы губгъуэжьым дыщилъа жэщым зэхуэтщIыжауэ щыта уэсятыр? А жэщри, ныжэбэ ещхьу, мазэгъуэ нэхут…
И тэмакъыр къызэфIэнэри, лIыр сабыращ. Жьым, ежажьэри, удзхэм Iэуэлъауэ яхилъхьащ. Абыхэм я зэщIэжьууэкIэр ещхьт цIыху плъыржьэрым и гупсысэ къэпIейтеям. 
- Уэ, дэ зэныбжьэгъухэм, сыт щыгъуи дигу хэбгъахъуэрт, я нэхъ гузэвэгъуэ дыдэхэм дежи ротэр ныбафэузу бгъэдыхьэшхыфырт гушыIэкIэ…
 КъещIэж абдежым уафэм! КъещIэж сын закъуэм бгъэдэс цIыхум зи гугъу ищI цIыхур! ИпэжыпIэкIэ, гуимыхуж жэщт ар. Мис абдеж уафэм и нэгу къыщIигъэувэжащ цIыхум игу къэкIыжа жэщыр, а жэщым илъэгъуахэр, зэхихахэр…
Жэщ, махуэ куэдкIэ губгъуэм щекIуэкIа зауэр а жэщым нэхъри гуащIэ хъуат. Уафэм фIыуэ ещIэж иджыпсту сыным бгъэдэс цIыхумрэ абы и лъабжьэм щIэлъымрэ а жэщым мы губгъуэм щызэуахэм зэрахэтар…
ЗэпэщIэувауэ зэзауэ лъэныкъуитIым я зыр лъэщу ебгъэрыкIуэри, адрейр щхьэпридзащ икIи къызэригъэплъэкIыу ирихужьащ. Зэуэ щым хъуа губгъуэм гъуэзыр щхьэщыкIа нэужь, уафэм къилъэгъуащ укIыгъэ, уIэгъэ хъуауэ абы куэд къызэринар. Ар абыхэм нэщхъейуэ къаздыхэплъэм, къызэхихащ щIым телъ цIыхуитIым я псалъэмакъыр. Псалъэр зэхиублат лъыр къыщIэжу, нэ фIыцIэхэмкIэ нэхъуеиншэу уэгум иплъэу щылъ щIалэм.
ЕрагъкIэ къыдришейри, ар и гъусэм еджащ:
- Алий! Сызэхэпхрэ, Алий!
- АтIэ… Узэхызоз, - хуэму икIи хьэлъэу къэIуащ ар зэджэм и макъыр. – ЖыIэ, Хьэсанэ, узыхуейр.
- Зауэр иухмэ, Алий, мы щIыпIэм зэгъусэу бжьэ щызэдэтIэтынщ. ЩызэдэтIэтынщ нобэ хуэдэ махуэм ирихьэлIэу. Ныжэбэрей жэщыр дгъэлъэпIэнщ дыкъыщалъхуа махуэм хуэдэу. 
ДапхуэдизкIэ уIэгъэ хьэлъэм имыгъэхыщIэми, Алий къыхэдыхьэшхыкIащ, узым игъэтхьэджэу.
- Нэхъ жэщ угъурсыз дыдэ щхьэ къыхэпха, Хьэсанэ, - жиIащ абы. -Зауэр зи кIыхьагъым дыхэтщи, иджыщ уэри сэри мыпхуэдэу уIэгъэ хьэлъэ дыщыхъуар. Иджы зытхуэмыгъэхъеижу, сабий къалъхуагъащIэхэм дыхуэдэу, гууэщIу щIым дытелъщ.
- Тхьэм жиIэмэ, дыхъужынщ, Алий… ДяпэкIэт дыщыпсэун хуеяр…
Хьэсанэ зы тэлайкIэ щыма нэужь, пищащ:
- Уэ пщIэркъым, Алий, сэ нобэ илъэс тIощI срикъуащ…
- СщIакъым… Сынохъуэхъу…
- Си гугъакъым илъэс тIощI сыщрикъум мыпхуэдэу сыIущIэну… Ауэ ар Iуэхукъым… Зауэр иухмэ…
И псалъэр нимыгъэсу Хьэсанэ, ину къыхэщэIукIри, зыхимыщIэжIауэ IурыуфIыцIыкIащ. 
- Хьэсанэ, Хьэсанэ! – гужьеяуэ къэIуащ адрейм и макъыр. – Хьэсанэ, сынодаIуэ, жыIэ узыхуейр.
Хьэсанэ и нэхэр къызэтрихащ, шэхум хуэдэу хужь хъуа и нэгум къиплъ и нэ фIыцIитIымкIэ и ныбжьэгъум хэпщIыкI къудейуэ къыхуэгуфIэри, хуэму жиIащ:
- Сэ… сэ нобэ илъэс тIощI срокъу… Ауэ… Дэ тIум дяз мыбдеж дыщылIэ хъумэ, псэууэ къэнам мы щIыпIэм фадэбжьэ щиIэтынщ, адрейм и щIыхькIэ. Илъэс къэс нобэ хуэдэ махуэм…
- Умыдзыхэт, хуэмыху, - Iущэщэф къудейуэ жиIащ Алий. – Сэ сыарэзыщ жыпIэмкIэ, ауэ дызэгъусэущ зэрытIэтынур… ЛIэныгъэм и гугъу думыгъэщI, дяпэкIэщ дэ дыщыпсэунур.
- Хьэуэ, Алий, сэ къызгуроIуэ лIэныгъэр къызэрысхуэблагъэр. Ауэ абы зыкIи сыщышынэркъым: ди Хэкурщ си псэр щIэстыр. - Умэзэхауэ, зы псалъэ закъуи димыгъэхуу едэIуащ уафэр а псалъэмакъым икIи къыгурыIуащ а щIалэхэр зыкIи зэрымыкъуаншэр. Абыхэм яхъумэжырт я лъахэр, я щхьэхуитыныгъэр.
… А псалъэхэрат Хьэсанэ иужь дыдэу къыжьэдэIукIыжар. Уэгум игъащIэкIэ имыплъэжыфыну абы и нэ фIыцIэхэр зэтрипIат. Уафэм къилъэгъуащ Хьэсанэ и хьэдэм бгъэдэлъ щIалэм гуауэшхуэр къыпкърыхьауэ, и гущIэхэм къыщIитхъыу пыхьэу зэрызигъэзар.
… Илъэс куэд блэкIащ абы лъандэрэ, куэдрэ нэху щащ, куэдрэ жэщ хъуащ. Къихьащ текIуэныгъэр Алийрэ Хьэсанэрэ яхъума Хэкум. Къихьащ, абыхэм хуэдэ куэдым шапэIудз зыхуащIыфати. Иджы, мес, къэкIуащ и ныбжьэгъум и кхъэм Алий. Сыт абы жиIэнур?
- Уи уэсятращ ныщхьэбэ мыбы сыкъэзышар, Хьэсанэ, - къэIуащ цIыхум и Iущащэ макъыр. – Илъэс тIощIым щIигъуауэ илъэс къэс мы жэщым сыкъокIуэ уи деж, сыкъокIуэри, соIэт укъыщалъхуа махуэм теухуа хъуэхъубжьэр, хузоIэт ди щIылъэ-анэм и хуитыныгъэм… Сыту зэщхь икIи зэмыщхь уи гъащIэр щыпта жэщ гуауэмрэ ныжэбэрэ! Уэ ущIэлъщ уи гъащIэр зыхуэпта щIылъэм и щIагъым, сэ абы сытолэжьыхь. Плъагъуркъэ, мес си тракторыр! Куэд щIащ ди губгъуэм ита щIытI куухэр зэрыхэдгъэгъуэщэжрэ. Плъагъурэ, Хьэсанэ, фIыцIагъэу изгъэтIылъыкIа мо хьэсэшхуэр! Уэри уи фIыщIэщ ар, уэри уи щIыхьщ…
ЦIыхур къызэфIэувэри, и бгырыпхым кIэрыпха псылъэр къыкIэритIэтыкIащ. Ауэ иджы абы итыр псытэкъым – зауэлIым и уэсяткIэ хъуэхъубжьэу иIэтыну фадэрт.
- Уэри уощIэ, Хьэсанэ, ди лъэпкъ хабзэкъым хьэдащхьэм бжьэ щытIэту. Ауэ дауэ сымыIэтынрэ сэ уэ сыт щыгъуи ущызигъусэкIэ, зы напIэзыпIи си гум ущимыхукIэ. Илъэс тIощI ухъуауэ арат уэ мы уэсятыр къыщысхуэпщIам… СоIэт, Хьэсанэ, уи хъуэхъубжьэр, соIэт мамырыгъэм папщIэ сыхъуахъуэу, илъэс тIощI зи ныбжь щIалэхэр уэ пхуэдэу жьыуэ «мыгъуэлъыжын» папщIэ, ди нысащIэхэр мыфызабэн папщIэ.
 

Тхыгъэр тедзэным хуэзыгъэхьэзырар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: