ЗэфIэкIрэ Iэзагърэ бгъэдэлът

Лъэпкъ щIэныгъэмрэ сабий литературэмрэ япэкIэ гъэкIуэтэным хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщIахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 – 1899). И егъэджакIуэ Бырсейм и Iуэхум пищэурэ а щIэныгъэлI псэемыблэжым анэдэлъхубзэр щадж еджапIэ 1866 гъэм Налшык къыщызэIуихыгъащ, зы илъэсым нэблагъэкIи абы егъэджакIуэу щылажьащ. 1864 – 1865 гъэхэм Кавказым щыIэ урысыдзэм и штабым и ягъэIэпхъуэ тхылъ тедзапIэм абы къыщыдигъэкIащ «Къэбэрдей алыфбей», «Саади и «Гюлистаным» щыщу таурыхъ зыбжанэ», «Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитIрэ таурыхъитIрэ» лэжьыгъэхэр. Мыхэр адыгэбзэкIэ (къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ) япэу дуней къытехьа тхыгъэхэщ. 
И алыфбейр щызэхилъхьэми, и анэдэлъхубзэр щригъэджми, абы и нэIэ нэхъ зытетар сабийхэм щIэныгъэрэ-гъэсэныгъэрэ къызыхахын тхыгъэхэр къахухэхынырщ е яхуэтхынырщ. «Къэбэрдей алыфбейм» абы хигъэхьащ езым итхыжауэ тхыгъэ 12. 
Псом хуэмыдэу щIэщыгъуэщ, художественнэ гъэпсыкIи яIэщ «Джэдыгу зыщыгъ къущхьэ», «Пщы щIалэмрэ лIыжьымрэ», «Хъарзынэ» тхыгъэхэм. Мыбыхэм наIуэ къащI тхыгъэм щIэлъ гупсысэр гурыIуэгъуафIэу, сабийр итхьэкъуу тхынымкIэ ХьэтIохъущокъуэм зэфIэкI хъарзынэрэ Iэзагърэ къигъэлъагъуэу зэрыщытар. 
Апхуэдэу гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ тхыгъэхэу абы зэридзэкIащ Лермонтов Михаил и «Ашик-Керибымрэ» къэжэр усакIуэ Саади и «Гюлистаным» щыщ хъыбар зыбжанэрэ. Адыгэ щIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм гъэщIэгъуэнагъхэри хэлъщ. 
Абы зэридзэкI тхыгъэр игъэкIэщIыртэкъым, щIэлъ гупсысэми зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэртэкъым, ауэ адыгэ тхылъеджэм (сабийм) ахэр нэхъыфIу къыгурыIуэн щхьэкIэ, Iуэхур щекIуэкI къалэхэм, абыхэм я тепщэхэм я цIэхэр хигъэкIырт, цIыхухэм зэрахьэ унагъуэ хьэпшыпхэр адыгэхэм къагъэсэбэпхэмкIэ зэрихъуэкIырт. Мыпхуэдэ зэдзэкIыкIэ Iэмалыр къигъэсэбэпу щытащ адыгэхэм къахэкIа тырку тхакIуэшхуэ Мыдхьэт Ахьмэди. ХьэтIохъущокъуэри Мыдхьэтри щыпсэуа лъэхъэнэм (ХIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм) щIэныгъэ зимыIэ я лъэпкъэгъухэм хамэ лъэпкъхэм я щэнхабзэр гурыIуэгъуафIэ зэрахуэпщIыфыну щыIар апхуэдэ Iэмалырщ.
ХьэтIохъущокъуэм сабийхэм яхуитха е зэридзэкIа тыгъэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ хуищIар дин гъэсэныгъэрщ. Ар щыгугъырт къуажэ мыдрисэхэм щезыгъаджэ Iустазхэм адыгэбзэри цIыкIухэм ирагъэщIэну. Ауэ «джаур тхылъ» муслъымэн еджапIэхэм щIрамыгъэхьэну Iустазхэр къыщыувым, щIэныгъэлIым къыгурыIуэжащ зэрыщыуар. Апхуэдэу щытми, ХьэтIохъущокъуэр къыпыкIыркъым дунейм и зэхэлъыкIэр, щIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр щIэныгъэм и хабзэхэм тету къэгъэлъэгъуэным. Абы щыхьэт тохъуэ К.Д. Ушинскэм и «Сабий дуней» лэжьыгъэм статьяитI къыхихыу зэрызэридзэкIар: «Хьэуар», «Псыр».
Лъэпкъым тхыбзэ къыхузэгъэпэщыным, щIэблэр и бзэкIэ еджэу, щIэныгъэ зрагъэгъуэту щытыным зи гуащIэри гъащIэри тезылъхьа узэщIакIуэ цIэрыIуэм и гупсысэхэм, Iуэху еплъыкIэхэм я мыхьэнэм ноби хэщIакъым. Апхуэдэу инщ абы и япэ сабий художественнэ тхыгъэхэм я пщIэри. Ахэращ лъэпкъ (къэбэрдей-шэрджэс) сабий литературэм щIэдзапIэ хуэхъуари. УзэщIакIуэ, гъэсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэм и Iуэхур адэкIэ ягъэкIуэтащ Тамбий Пагуэ, Къэшэж ТIалиб, Сиихъу Сэфарбий, Дым Iэдэм, Цагъуэ Нурий сымэ.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: