IэщIагъэм къыхуигъэщIа

ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр, и гъащIэр къегъэлыныр дохутырыр махуэ къэс зыпэрыт лэжьыгъэ хьэлъэщ. Абы щыпIэщIэкI щыуагъэм и уасэр цIыху гъащIэщ. Дохутырым махуэ къэс и нэгу щIокI гур хэзыгъэщI Iуэхугъуэ ар куэдым я псэм дэмыхуэнщ. Сымаджэм дохутырым и нэгум фIэщхъуныгъэ ирилъагъуэу щытын хуейщ. Узыгъэхъужыну узыщыгугъым дзыхь хуумыщIмэ, узым утекIуэфыну? Дохутыр IэщIагъэм ухуеджэныр мащIэщ, абы укъыхуигъэщIауэ щытыпхъэщ. Уи зыгъэпсэхугъуэ зэманыр сымаджэм тебгъэкIуэдэфмэ, уи жейр бгъэныкъуэрэ сыхьэт бжыгъэкIэ операцэр пхуегъэкIуэкIынумэ, жэщ-махуэ жумыIэу узыпэрыт IэнатIэм уи гъащIэр тыхь хуэпщIыфмэ, цIыху зэхэгъэж умыщIу дэтхэнэ зыми уи дэIэпыкъуныгъэр лъыбгъэсыфыну ущытмэ, «дохутыр» цIэ лъапIэр пхуэфащэщ.

А зи гугъу тщIа хьэл псори дыболъагъу ди псэлъэгъу щIалэм - КъБР-м и уролог ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и деж щылажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, «Медиум» клиникэм и уролог-андролог ГъуаплъащIэ Аслъэн. И IэщIагъэм хуэзыша гъуэгуанэр абы къыщыщIидзащ КъБКъУ-м и медицинэ факультетым, адэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Санкт-Петербург дэт, Киров С. М. и цIэр зезыхьэ дзэ-медицинэ академием и ординатурэм.
 

- Аслъэн, дохутыр IэщIагъэр сыт щыгъуи уи хъуэпсапIэу щыта?
- СызэрыцIыкIурэ дохутыр сыхъуну сыхуейт. 7-нэ классым сыщIэсу IэщIагъэ схуэхъунур къыхэсхат, абы нэхъыбэу сытезыгъэгушхуар хъэлат хужь зыщыгъхэм я лэжьыгъэм гу лъызэзыгъэта, ар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа си анэшхуэрщ. Сызыпэрыт Iуэхур сигу ирохь, медицинэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу си лэжьыгъэр зытегъэщIар урологиеращи, гъэщIэгъуэну зэхэлъщ.
- Урологиер зищIысым, абы къызэщIиубыдэм и гугъу къытхуэщIыт.
- Урологиер гъутхьэпскIуапIэмрэ гъутхьэпсылъэмрэ куууэ зыдж щIэныгъэщ. Абы къищынэмыщIауэ, уролог IэщIагъэлIыр жьэжьейм, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэрызэщхьэкI щхьэхуныгъэу Iэпкълъэпкъым иIэ органхэми йоIэзэ. Апхуэдэуи, абы хэтщ цIыхухъу лъхугъэншэм теухуа зы Iыхьэшхуи - андрологиещ абы зэреджэр. Урологиер унэтIыныгъэ гъэщIэгъуэнщ, ар къыхэзыха дохутырыр IэщIагъэм дихьэхыу ирилэжьэнущ.
- Илъэс пщIы бжыгъэ ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, урологием ехьэлIа цIыхухъу узыфэхэм егъэлеяуэ гулъытэ мащIэт хуащIыр. ЦIыхухэр апхуэдэ узхэм тепсэлъыхьыну укIытэрти, дохутырым и деж кIуэртэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэм зихъуэжа?
- Пэжщ, нэхъ пасэм зи гугъу тщIы узыфэхэм ятеухуауэ хъыбар куэд щыIэтэкъым, и щхьэр течауэ абыхэм я гугъу ящIыну зраусыгъуэджэртэкъыми. Сымаджэхэм забзыщIырти, я узыр фIыуэ хэтIэсауэт дохутырым зыщыхуагъазэр. Псом хуэмыдэу лей къызытехьэр ныбжь нэхъ зиIэ цIыхухъухэрт. Узым Iэзэгъуэ игъуэтын хуейщ, и чэзум и хущхъуэгъуэр епхьэлIэмэ, куэдкIэ нэхъ тыншу зэфIэкIынущ, хэтIэсамэ, хирургие IэмалхэмкIэщ сэбэп узэрыхуэхъуфынкIэ хъунур.
- Сыт хуэдэ ныбжьым щегъэжьауэ икIи сытым щыгъуэ урологым и деж ущыкIуэн хуейр?
- ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа узыфэхэм ящыщ гуэрым укъыхигъэзыхьмэ, уи ныбжьыр зэрыхъум (илъэси I0-ми, 30-ми, 65-ми) емылъытауэ дохутырым зыхуэбгъэзэн хуейщ. Иджыпсту дэтхэнэри «дохутыр Iэзэщ», интернетыр къызэIуахри, абы къыщагъуэтымкIэ «зоIэзэж». Ар щыуагъэщ, Iэмал имыIэу IэщIагъэлIым и деж укIуэн хуейщ. Урологием узыфэ куэд къызэщIеубыдэ икIи жьыгъэ-щIалагъэкIи зэщхьэщидзыркъым. Псалъэм папщIэ, ди зэманым предстательнэ железам лышх узыфэр еуэлIауэ куэдрэ урохьэлIэ. Зи тхьэмщIыгъур лышх узыфэм иубыда сымаджэхэрщ дунейм щынэхъыбэр, абы къыкIэлъыкIуэр дэ зи гугъу тщIаращ. Аращи, зи ныбжьыр илъэс 45-м щIигъуа цIыхухъухэм илъэс къэс уролог зрагъэплъын хуейщ. Къыхэгъэщыпхъэу къызолъытэ иужьрей зэманым зи щIалэгъуэхэм сабий зэзымыгъэгъуэтыф куэд къазэрыхэкIыр, ар къамыгъэхъун папщIэ щIэх-щIэхыурэ уролог-андрологым деж я узыншагъэр къыщапщытэн хуейщ.
- Зыкъыфхуэзыгъазэ сымаджэхэм нэхъыбэу сыт хуэдэ узыфэ яIэр?
- Щхьэж и ныбжьым елъытауэ узыфэхэри зэмылIэужьыгъуэщ. Нэхъыбэу дызрихьэлIэр зи щахэм мывэ ирищIа е щIыIэ хыхьа сымаджэхэрщ.
- Медицинэ технологие лъагэхэр и лъабжьэу сыт хуэдэ операцэхэр фи клиникэм щевгъэкIуэкIрэ?
- Абы папщIэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIрэ иджырей медицинэ Iэмэпсымэрэщ узыхуэныкъуэр. Урологием ехьэлIауэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ псори ди деж щагъуэтынущ сымаджэхэм. Абы хохьэ медицинэ технологие лъагэхэр зи лъабжьэ операцэ лIэужьыгъуэхэри.
- Уэ узэреплъымкIэ, ди къэралым и медицинэр нобэ сыт хуэдэ щытыкIэм ит?
- Сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ ар пэрытхэм зэращыщыр. Хамэ къэрал щыщ IэщIагъэлIхэм дапыщIащи, дыщыгъуазэщ ди медицинэр и фIагъкIэ зыкIи абыхэм ейм къазэрыкIэрымыхум. Дунейпсо медицинэ конгрессхэм къыщыдощIэ унэтIыныгъэм щыIэ ехъулIэныгъэхэр, Европэми Америкэми я урологхэмрэ дэрэ лэжьыгъэ и пIалъэкIэ дыщызохъуажэ, куэдрэ къыщыхъу щыIэщ ди Iуэху еплъыкIэр, бгъэдыхьэкIэр абыхэм щапхъэ щахуэхъу.
- Сыт и лъэныкъуэкIэ ебгъэфIэкIуэнт медицинэр?
- Москва урологхэм я конгресс щекIуэкIати, сымаджэхэр я щIыналъэхэм къызэрыщызэтемыувыIэм теухуа псалъэмакъ къыщаIэтащ. Псалъэм папщIэ, гъунэгъу хэгъэгухэм къокIри, ди сымаджэщхэм къокIуэ, дыдейхэр Ставрополь макIуэ, Ростов щыпсэухэм Москва щыIэ клиникэхэм зыщагъэхъуж. Москвадэсхэм я узыншагъэм хамэ къэралхэм щыкIэлъагъэплъ. Сыхуейт сымаджэхэм я щIыналъэхэм щылажьэ дохутырхэм хуаIэ щытыкIэр ефIэкIуэну, абыхэм я узыншагъэр дзыхь хуащIыну. Псори я щIэныгъэкIи я IуэхущIапIэхэр къызэрызэгъэпэщакIи зэхуэдэщ. Ауэ фIыр нэгъуэщI щIыпIэ къыщалъыхъуэ.
 

Джэш Марианнэ.
Поделиться: