Зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэ![]() 1924 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Италием и Милан къалэм щызэхашат Банкхэм я япэ дунейпсо конгресс (Ist International Savings Bank Congress). Абы щызэIущIат ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 29-м щыIэ ахъшэ хъумапIэ нэхъ инхэм я лIыкIуэхэр. Ахъшэ хъумапIэу къэрал куэдым щыIэхэм я лэжьакIуэхэм я япэ зэхуэсышхуэр пщIэ зыхуэщIыпхъэу къызэралъытам къыхэкIыу, кърихьэлIахэм зэхыхьэм и кIэухым къыхалъхьащ дяпэкIэ жэпуэгъуэм и 31-р Ахъшэ зэгъэзэхуэкIэм и махуэу гъэувыпхъэу. АрщхьэкIэ, зи гугъу тщIы зэIущIэм хэта, Италием щыщ профессор Равизза (Ravizza) и жэрдэмкIэ, а махуэр абдеж дыдэм къыщабжащ ЗэгъэзэхуэкIэм (Экономием) и дунейпсо махуэу (International Saving Day).
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
14.03.2026 - 15:13 →
Ерокъуэ къуажэм и Iэхэлъахэм
| ||





