Насыпыр мылъкум елъытакъым

Къудамэ зыбжанэу зызыубгъу Нобель и саугъэтыр экономикэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэми хуагъэфащэ. Мыгъэрей тыгъэр яIэрыхьащ США-м щыщ щIэныгъэлI-къэхутакIуэхэу Бернанке Бен, Даймонд Дуглас, Бибвиг Филип сымэ.

Швецием щызекIуэ кронэ ахъшэу мелуани 10-м нос (доллар мин 916-рэ) экономикэмкIэ саугъэтым и инагъыр. ГъэщIэгъуэнращи, тыгъэр къызыхах мылъкур зи щIэин Нобель Альфред экономикэ лэжьыгъэхэм уэсят трищIыхьауэ щыткъым, мы тыгъэр иужькIэ къагупсысауэ аращ. 
 Къэралым и ахъшэ хъумапIэм и унафэщIу лэжьащ текIуа цIыхуищым яз Бернанке. Зэманыр зэIыхьэмэ, банкхэм ахъшэ яфIэмыкIуэдын щхьэкIэ ящIэ хъунухэм щытопсэлъыхь я лэжьыгъэм. Дунейм зыгуэр къыщыхъуу цIыхухэр щыгужьейкIэ, занщIэу ахъшэ Iэрылъхьэ къыхахын щIадзэри, банкхэр щылъэлъэж къохъу. Апхуэдэм деж щытыкIэ гугъу ихуа банкыр тетыгъуэм къыбгъэдэкI мылъкум къригъэлыфынущ. 
 Зэхьэзэхуэм хэта пэтми, текIуэныгъэр зыIэщIэкIахэм я лэжьыгъэхэри гукъинэж ящыхъуащ къэпщытакIуэхэм. Япэ гупым зыхуигъэувыжар упщIэ тыншт: политикэм ухэпщIэныр сыт хуэдизкIэ дэIэпыкъурэ къулей ухъуным? Чикагэ университетым щылажьэ Робинсон Джеймс, Массачусетс технологиемкIэ и университетым и щIэныгъэлIхэу Аджемоглу Даронрэ Джонсон Саймонрэ сымэщ жэуапыр къэзылъыхъуар.
«Сыт зы къэралыр бейуэ, адрейр тхьэмыщкIэу щIэпсэур?» - щIэупщIэрт ахэр. Тхыдэм къыщагъуэта щапхъэхэр зыдагъэIэпыкъуурэ, щIалэхэм къахутащ къэралыр щIэбейр е щIэтхьэмыщкIэр политикэмрэ экономикэмрэ хэлэжьыхь IуэхущIапIэхэм зэрыщыту зэрелъытар. «Демократиемрэ экономикэ зыужьыныгъэмрэ пхузэгуэмыхыну зэпхащ», - къагъуэта пэжыр пхагъэкIыну хэтащ къэхутакIуэхэм. Дунейпсо щIэныгъэм хэлъхьэныгъэу сыт абыхэм хуащIар жыпIэмэ, ар гупым хэтхэм пэжу ягъэува упщIэм кърикIуа гупсысэрщ: цIыхубэр зыхуей игъуэту псэун папщIэ, абыхэм Iэмал ептын хуейщ политикэмрэ экономикэмрэ хэлэжьыхьыну. 
ЕтIуанэ щIэныгъэлI гупыр елэжьащ «экономикэ насып» жыхуаIэ лъэныкъуэм. Калифорние Ипщэ университетым щыщ щIэныгъэлI Истерлин Ричард, Лондон дэт экономикэмкIэ еджапIэм щылажьэ Лэйард Ричард, Уоррик и университетым щыщ Освальд Эндрю сымэщ ахэр. «Истерлин къигъэнэIуа Iуэхугъуэ» зыфIаща къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэн утыкум кърахьащ щIэныгъэлIищым. КъызэрыщIэкIымкIэ, насыпыфIэу зыкъэзылъытэж цIыхухэм я мылъкум и инагъыр къэралым и къулеягъым зыкIи елъытакъым. «Арагъэнщ налог щымыIэу щIэмыхъунур, - жеIэ а гупым хэта Лэйард. - И насыпым и кууагъыр щхьэж и хэхъуэм ирипхыу щымытмэ, къэралыр лъэлъэжынущ». 
 «Мыхьэнэ зиIэ гупсысэм хуэкIуащ мы гупыр, - жеIэ Экономикэм и школ нэхъыщхьэм гуэт, Лъэпкъ къэхутэныгъэхэмкIэ университетым и лэжьакIуэ Алескеров ФуIэд. – Насыпыр хэхъуэм и инагъым елъытакъым, къызэрыщIэкIымкIэ. Ар зэлъытар хэхъуэм зэрызихъуэж щIыкIэрщ. ЦIыхухэр арэзы щыхъур зэманыр кIуэтэху я хэхъуэр багъуэмэщ».
ЭкономикэмкIэ обозреватель Романов Михаил зэрегупсысымкIэ, насыпым и экономикэм щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэным, унэ-лъапсэр зепхьэным, нэрыбгэ щхьэхуэр зыхуей-зыхуэфIкIэ зыкIэлъыплъыжыным доIэпыкъу. Дунейпсо экономикэ щIэныгъэм зиужьыху, нэхъ гурыIуэгъуэ мэхъу цIыхухэм яIэну хэхъуэр къэралым къыщIигъэкI мылъкум и закъуэ зэремыпхар. Ар куэдкIэ елъытащ цIыхубэм ябгъэдэлъ хуитыныгъэм и инагъми. Абы къыхэкIыу, а лъэныкъуэмкIэ зэхуэмыдэныгъэу щыIэр гъэзэкIуэжын хуейщ. 
 Ещанэ гупыр зэрыхъур цIыхуитIт. Массачусетс университетым щылажьэ Боулз Сэмюэлрэ Гинтис Гербертрэ ятхащ «ЦIыхухэм я зэхущытыкIэм зэрызиужьыр» зыфIаща тхылъыр. ЦIыху къэс зэрыхъукIэ ахъшэ нэхъыбэ къилэжьыну зэрыхуейм абы и «экономикэ хьэлыр» зэрыригъэфIакIуэр, псэуакIуэр цIыху псоми фIыкIэ ядекIуэкIыну зэрыхэтыр къахутащ мы щIэныгъэлIхэм. 
«ЦIыхур нэхъыфIу лэжьэн щхьэкIэ, щхьэусыгъуэ хуэхъу псори зэпкърыхын хуейщ, - жеIэ Алескеровым. – ФэфI зригъэплъын гукъыдэжым цIыхум адрейхэм я Iуэху дигъэкIыныр фIэфI ещI, и экономикэ хьэлри ирегъэфIакIуэ». 
Романовым зэрыжиIэмкIэ, зэхьэзэхуэм хэтахэм къаIэта псори мыхьэнэ зиIэ Iуэхут, ауэ езым хузэфIэкIамэ, саугъэтыр нэхъыбэм къахуэщхьэпэну Робинсон Джеймс, Аджемоглу Дарон, Джонсон Саймон сымэ я лэжьыгъэм лъигъэсынут. «Абыхэм я къэхутэныгъэр къэбгъэсэбэпыфмэ, дунейпсо цIыхубэр къикIуэт имыIэжу зы лъагапIэ гуэрым нэсыфынущ мылъку и лъэныкъуэкIэ», - жеIэ абы. 

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: