УФСБ-м къет

Мелуани 2-м щIигъу хэщIыныгъэ

КъБР-м щыIэ УФСБ-м экономикэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр щригъэкIуэкIым къызэпиудащ КъБР-м и Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм финансхэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэу щыта Дыкъуэ А. А. илэжьа хабзэншагъэр.

НаIуэ къызэрыхъуащи, абы и къулыкъур къигъэсэбэпурэ къэралым Iуэху пыухыкIахэм яхухиха ахъшэр и банк счётхэм игъэкIуащ икIи щIыпIэ бюджетым сом мелуани 2-м щIигъу хэщIыныгъэ иритащ.

Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ Дыкъуэ А. А. къуаншэу къалъытащ икIи условнэу илъэси 2-рэ мази 9-рэ тралъхьащ.

НаркотикхэкIхэр иригъэкIырт

ХабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ хуит ямыщI пкъыгъуэхэр республикэм и щIыналъэм щигъэкIыным Прохладнэ районым щыпсэу цIыхубзыр зэрыпыщIар.

Езыри и хэщIапIэри къыщащым Мэзло Д.Х. къытрахащ «мефедрон» наркотикхэкI грамм 21,19-рэ.

Прохладнэ район судым Мэзлор къуаншэу къилъытащ. Абы илъэсибл тралъхьащи, а зэманыр къызэрыгуэкI колонием щигъэкIуэнущ.

Поделиться:

Читать также: