ЦIыху куэд игъэпIейтеящ Урысыбзэр джынымкIэ институтым и ректор Трухановская Наталье иджыблагъэ ищIа жэрдэмым. Урысейм и щIыналъэ щхьэхуэхэм урысыбзэр хамэ къэралыбзэ хуэдэу щрагъэджмэ, мынэхъыфIу пIэрэ, жеIэри щIоупщIэ щIэныгъэрылажьэр. Абы и Iуэху еплъыкIэр къыщиIуэтащ жэпуэгъуэм и 20-м «Щэнхабзэ щIэинхэмрэ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хъумэн» къыхуеджэныгъэм щIэту Къэрал Думэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым щекIуэкIа стIол хъурейм.
Трухановская Наталье жиIам емыгупсыс щIыкIэ, абы и псалъэхэм цIыху куэд пхъашэу пэджэжащ. Ректорым зи гугъу ищI Iуэхум и лъабжьэр куущ, шэч хэмылъу. Урысыбзэр зэрианэдэлъхубзэр ищIэжу зыдж урыс унагъуэм къыхэкIа сабиймрэ ар зимыанэдэлъхубзэ нэгъуэщI лъэпкъым щыщымрэ я зэфIэкIыр зэрызэхуэмыдэрщ Наталье щIэныгъэлIхэм гу лъаригъэтэну зыхуейр. Урысхэми мыурысхэми бзэр щадж дерсхэр зэхуэдэу яфIэзэшыгъуэщ, Наталье зэрыжиIэмкIэ. Урысыбзэр зэрыбгъэдалъхьэ Iэмалхэм сабийхэм ар нэсу къахуэгъэщхьэпэн ящIыркъым. ЗэхъуэкIыныгъэр методикэм деж къыщежьэн хуейуэ къелъытэ Трухановскэм. Iэмалхэм язу, урысыбзэр зимыанэдэлъхубзэхэм ар хамэ къэралыбзэ хуэдэу ябгъэдэлъхьэныр фIэигъуэщ.
«Урысыбзэр зэрадж методикэр нахуэу убзыхун хуейщ, - жеIэ Наталье. - «Урысыбзэр - анэдэлъхубзэу» жыхуаIэ егъэджэкIэ Iэмалымрэ «урысыбзэр - къэралыбзэу» жыхуаIэмрэ зэхэзэрыхьын хуейкъым. Бзэр зэхуэдэу щамыщIэкIэ, зэрегъэджэн хуейри методикэ зэмыщхькIэщ. БгъэдыхьэкIэхэр зыхуэфащэм хуэгъэпсауэ зэрыщымытым къыхэкIыу, сабийхэм бзэр нэгъэсауэ яхуэгъэшэрыуэн хуэдэу зрагъэщIэфыркъым. Языныкъуэхэм деж, уеблэмэ хамэ къэралхэм къикIа студентхэм урысыбзэр нэхъыфIу ящIэу къыщIокI ди республикэхэм къикIахэм нэхърэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, бзэр нэхъыфIу зыгъэшэрыуэм лэжьапIи нэхъ тыншу къигъуэтыфынущ».
СНГ-м хыхьэ къэралхэм урысыбзэр хамэбзэ хуэдэущ зэрыщызрагъащIэр. А методикэр лъэпкъ республикэхэм къыщыбгъэсэбэп хъуну жеIэ Трухановскэм. IэщIагъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр хуэмурэ утыку кърахьэ. Арыншэуи хъунукъым, зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэ гуэрым гъуэгу игъуэтын папщIэ.
- Зэрадж Iэмалхэр зэтехуэркъым жаIэурэ, урысыбзэм и пщIэм кIэрагъэхуну хуейуэ аращ, - мэшхыдэ зыр.
- Конституцэм йобгъэрыкIуэ Трухановскэр, - деIыгъ абы и Iуэху еплъыкIэр къыкIэлъыкIуэм.
- Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми урысыбзэм зэхуэдэ увыпIэ щиIыгъын хуейщ! - жиIэн егъуэт ещанэми.
- Сэ слъэкIамэ, щIыналъэм и бзэм, и литературэм, и лъэпкъ тхыдэм теухуа дерсхэр езыхэм я бзэкIэ факультатив хуэдэу езгъэджынт. Урысыбзэри, литературэри, Урысейм и тхыдэри Iэмал имыIэу урысыбзэщ яджын зэрыхуейр, - ари зы бгъэдыхьэкIэ.
- УФ-м и щIыналъэ псоми урысыбзэр япэ щитын хуейщ, лъэпкъ анэдэлъхубзэхэр факультатив хуэдэу ирырадж, езыхэм я гукъыдэжкIэ. Урысыбзэр еджапIэ нэхъыщхьэ зэрыщIэтIысхьэнум, армэм дэкIын зэрыхуейм епха Iуэхущ, - зрегъэубгъу и гупсысэм иджыри зым.
- Уэ къыбгурымыIуэращи, - зыхуегъазэ нэхъ пхъашэжу Трухановскэм гуащIэ гуэрым, - къэралым сабийхэр Iэмал хэхахэмкIэ зэрипхын хуейщ. Урысыбзэр абыхэм язщ.
- Мыбы зи гугъу ищIыр бзэр зэрырагъэдж методикэращ, урысыбзэм и увыпIэракъым, - къызэщIекъуэж ректорым и гупсысэр нэхъ куууэ Iуэхум хэплъэ IэщIагъэлIым. - ГурыIуэгъуэкъэ Калугэ щыщ урыс унагъуэм къыщалъхуа сабийм ар, псалъэм папщIэ, къуажэ пхыдзам щыщ авар цIыкIум нэхърэ нэхъ тыншу зэриджыр?
Политикэ и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, Трухановскэм къыхилъхьэ жэрдэмым лъэпкъ республикэхэм щыщ сабийхэм урысыбзэр яIэпигъэхун мурад иIэ хуэдэу къыпщегъэхъу. Гупыжыр зэдауэм хуэзышари аращ, ректорым и псалъэхэм тэмакъкIэщIу пэджэжхэр мымащIэу. Ауэ Трухановскэм зи гугъу ищI лъэпощхьэпор игъащIэ лъандэри зыхащIэ лъэпкъ республикэхэм щыщ сабийхэм. Урысым урысыбзэр «анэдэлъхубзэр зэрадж» IэмалкIэ едж. Китайм е нэмыцэм ар зэриджыр «хамэбзэр зэрадж» IэмалкIэщ. Хамэбзэр зэрыхамэбзэр гурыIуэгъуэу щыбджым деж, абы и тегъэщIапIэ псори щхьэхуэу, нэгъэсауэ, зэпкърыхауэ къыббгъэдалъхьэ. А тIуми бзэ бгъэдэлъхьэкIэ Iэмал зырыз яIэщ. Ауэ щыхъукIэ, ингушри, шэшэнри, адыгэри, осетинри а тIуми хиубыдэркъым. Мыурыс лъэпкъхэм къыхэкIахэм урысыбзэр зэраджыр «етIуанэ анэдэлъхубзэм хуэдэущ». Къэралыбзэм дызэрыхапIыкIым щхьэкIэ, тщIэи хуэдэу, урысым ещхьу зэрыдмыщIэри гурыIуэгъуэу. Апхуэдэу щытми, щапхъэм и хьэтыркIэ, Воронеж щыщ еджакIуэми Мэхъэчкъалэ щыщми пасэрей урысыбзэжькIэ тха, «Пщы Игорь и дзэм теухуа уэрэдыжьыр» («Слово о полку Игореве») зэтехуэу яджын хуейщ. «Лъэпкъ школ», «къалэ школ» жаIэу зэхадз защIми, къэпщытэныгъэхэм зэрагъэхьышхуэ щыIэкъым.
Зэрынэрылъагъущи, урысыбзэри нэхъыфIу дигъащIэркъым адыгэбзэкIэ дызэрымыпсалъэм. Школым екIуалIэ сабийм урысыбзэр щIэныгъэбзэ хуэхъун хуэдэу къэзыгъэщхьэпэфыр «урыс садик» кIуахэращ. ЗытригъащIэхэр нэгъуэщI щапхъэу щытми, Трухановскэм къиIэтар мыхьэнэ зиIэ Iуэхущ, кIуэкIэ узыншэ игъуэтмэ, лъэпкъ щхьэхуэхэм ящыщ сабийхэм фIы гуэр къахуздихьыну. Ректорым, дауи, абыхэм урысыбзэ евмыгъащIэ жиIэркъым. НэхъыфIу, нэхъ ирикъуу мы къалэныр дывгъэгъэзащIэ жиIэу аркъудейщ.