Бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэхутхьэбзэхэм зрагъэужь«Урысейм и Мэкъумэшбанкым» «Своё Жильё» интернет платформэм щригъэкIуэкIащ япэ ипотекэ зэгурыIуэныгъэхэр. Абы къыщагъэсэбэпащ Къэрал Iуэхутхьэбзэхэм хыхьэ «Госключ» гуэдзэным и электроннэ IэщIэдзыр, сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ шынагъуэншэ ящIар. Апхуэдэ ипотекэ зэгурыIуэныгъэ зэщIылIэкIэр къэралым япэу къыщызэзыгъэпэщар «Урысейм и Мэкъумэшбанкырщ», Урысейм Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связым-рэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэр щIыгъуу. «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» цIыхухэм унэ къащэху-ным хуэгъэзауэ яхуищIэ Iуэхутхьэбзэхэр кIуэ пэтми нэхъ йофIакIуэ: зэгурыIуэныгъэм и Iыхьэ нэхъыбэр электроннэу зэфIэбгъэкIыфынущ, зэманри къарури къыдебгъэдзэфы-нущ, абы и фIыгъэкIи, куэдрэ зыпэплъа псэупIэм нэхъ псынщIэу щIэтIысхьэфынущ. Ипотекэ программэм хыхьэ пакет куэдым дэтхэнэми къыхихыфынущ езым нэхъ къищ-тэ фэтэрыр е унэр къызэрищэхуну Iэмалыр», - къыхигъэщащ «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» розницэ продуктхэм къахэгъэхъуэнымкIэ, Iуэхутхьэбзэхэм зегъэужьынымкIэ и департаментым и унафэщI Волосевич Еленэ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




