ЩIэныгъэм и IункIыбзэр

Мадинэ къалэ цIэрыIуэм хьэжыщIу кIуар абы егъэджакIуэ зэрыщыхъуам теухуа хъыбарщ Къашыргъэ Мухьэмэд ефэнды щхьэмахуэм къытхуиIуэтэжыр, зытеухуари езыращ. 

«Си гъусэхэм ящIыгъуу дыкъежьэжын къудейуэ, «фIэхъус ехыж лъагъунлъагъу» жыхуэтIэ лъагъужри дгъэзэщIауэ, щэлэуат къэсхьурэ си гупэр хуэгъэзауэ сыкъикIуэтыжурэ, ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар зыщIэлъ кхъэлэгъунэм сыкъыщыщIэкIыжым сыкъэмэхри, абы сыкъыщIэнащ. Си гъусэхэр къызэжьэу бжэIупэм Iуту, сэ зыкъэсщIэжу сыкъыщIэкIыжыну сыхэту, арщхьэкIэ сыкъэмэхыжурэ хэнейрэ сымэхащ. А къэхъуам сэ къисхар «мы щIыпIэм сикIыну хуит сыкъэзымыщI щытыкIэ гуэр щыIэу» арати, гъуэгу дытеувэну уэ дыножьэ жызыIэ си гъусэхэм яжесIащ: «Сэ мыбы сыникIын слъэмыкIыу, сыкъэнэн хуейуэ щытщи, си тхылъхэр, си хьэпшыпхэр схузэдэфшэжи, ди деж схунэвгъэсыж». Мис апхуэдэ щIыкIэм тету сэ сыкъанэри, си гъусахэр Тыркум къэкIуэжауэ щытащ».
 АдэкIэ къыпещэ езым: «ЛIыкIуэ лъапIэм и мэжджытым къыпыт еджапIэм зы пэш къыщызатри, абы сыщIэсу, дерсхэми сыхэсу езгъэжьащ. А зэманым къриубыдэу, си гуфIакIэ дэлъ тIэкIури къысIэщIэухэри, си жьэ дэсхьеиным сыщIэгупсысу, си Iуэхур абы нэсауэ зы махуэ гуэрым сымэжэщIалIэу сыгуейщейуэ, андез тIэкIу къэзгъэщIэрэщIэну еджапIэм и къубгъанэщхэм язым сыщIохьэри, бжэр къыхуэсщIу си щхьэр къызэрысIэту, къащыгъупщэу бжэм къыфIана бгыщIэпхэ гуэр къызолъагъу. КъызэкIуэцIысхмэ, щэкI кIапэм кIуэцIышыхьауэ дыщэ сомищрэ «дыжьын мэждей» жыхуаIэм хуэдэу пщIырэ тIурэ кIуэцIылъщ. Мыр зейр къэслъыхъуэн-къэзмылъыхъуэн зэгъэзахуэм сыхимылъэхъэн, шейтIаныр зыдэзмыгъэджэгун щхьэкIэ, лейуэ зызмыIэжьэу сыкъыщIокIыжри, «Бгырыпхыр зейр!» жызоIэри согъэIу. Абы хэту, щIалэ лъагэ зэIэщIэлъ къызбгъэдохьэ, бгырыпхыр сIехыжри, къыфIимыгъэкIIауэ IуокIыж. «Зы мэждей нэхъ мыхъуми къыхихарэ къызитамэ, си ныбэ изу сришхатэкъэ!» - сигукIэ жысIэурэ си пэшым сыщIохьэж, сызэрымэжалIэм къыхэкIыу сызэпкърылэлу, си лъэм сиIыгъ къудейуэ. Пшыхь нэмэзымрэ гъуэлъыжыгъуэ нэмэзымрэ я зэхуакуу, бжэм зыгуэр къытоуIуэ. Ерагъыу Iусха бжэмкIэ зы щIалэ ныщIохьэ, шхын зэрызэрахьэ пхъэбгъу Iэнэ гуэр и щхьэм тету иIыгъыу. Iэнэр пэш утыкум нрегъэувэ. «Хьэкъущыкъур иужькIэ къэсщтэжынщ», - жеIэри щIокIыж. СымэжэлIэIуауэ Iэнэм сыпэротIысхьэри сошхэ. ЗызгъэнщIа нэужь, Iэнэкум деж хуэзэу илъ зэкIуэцIышыхьа гуэрым си нэр хуозэ. ЗэкIуэцIысхрэ сеплъмэ, мо бгырыпхым кIуэцIылъа дыщищымрэ дыжьын мэждеипщIрэ тIумрэ кIуэцIылъщ. Мы лIыр хэтми зэзгъэщIэн папщIэ, Iэнэр къэзыщтэж щIалэм хэгъэзыхьауэ сеупщIа пэтми, къызжиIэну Iэмал хуэзгъуэтакъым. 
 Абы иужькIэ мазих хуэдэ дэкIауэ, дыщеджэ еджапIэм егъэджакIуэщIэхэр къащтэну, абы теухуа къэпщытэныгъэхэри ирагъэкIуэкIыну, егъэджакIуэу увыну гукъыдэж зиIэхэм наIуэ зыкъащIу, я лъэIу тхылъхэр къыщIалъхьэн хуейуэ ягъэIуащ. Сэри зэзгъэпэщыпхъэхэр щIыгъуу си лъэIу тхылъыр щIэслъхьауэ, къэпщытэныгъэр щекIуэкIыну махуэр къэсри, зырызу дыщIыхьэурэ къыдэпсэлъэну къыджаIащ. Къэпщытэныгъэр щекIуэкI пэшым ныбжьыфIэу, и нэгур нэхутхьэхуу, и щIэныгъэр и фэм къиIуатэу зылI закъуэ щIэсу арат. Чэзур къыслъысу сыщIыхьэу, сыхьэт нехьэкъехуэкIэ къызэпсэлъа-къызэупщIа нэужь, иужьрейуэ зы упщIэкIэ зыкъысхуигъэзащ. УпщIэм жэуапу естынур сымыщIэу сыгупсысэрт. Си япэ ущиякIуэ Мэкъсуд ефэндым и дежи Iэзхьэрми щызэхэсхатэкъым апхуэдэ Iуэхугъуэ. УпщIэхэм сыхьэт ныкъуэ гуэркIэ уегупсысыну, узыхэплъэжын гуэр щыIэмэ, ухэплъэжыну узэрыхуитыр къыджаIэгъэххэу щытти, а Iэмалыр къэзгъэщхьэпэн гугъэ сиIэу, хуит зыкъызогъэщIри, сыкъыщIэкIыну си лъэ къыщIэсшиикIауэ, къэпщытэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлI щхьэмахуэр къыскIэлъоджэ: «Си щIалэ! Къэгъази къэтIысыж! Мы щIы хъурейр къэпкIухьамэ, а упщIэм и жэуап бгъуэтынукъым. Мыр гъэунэхуакIуэ упщIэу аращ». ИтIанэ зытес уэншэкужьейм щIоIэбэ, IункIыбзэIух къыщIехри, къызжеIэ: «ЕгъэджакIуэныр пхуэфащэу къэблэжьащи, мы IункIыбзэIухыр нащтэ». Си къэпщытэныгъэр ехъулIэгъуэкIэ зэриухар, Мэсджид Нэбэуийм (ЛIыкIуэ лъапIэм и Мэжджытым) сриегъэджакIуэу, дерс стыну апхуэдэ IэнатIэ сызэрыпэрыувар къызгурегъаIуэ. Мис а щIыкIэм тету, мазихкIэ еджакIуэу сызыхэса еджапIэм сэ езым щезгъэджэжу, 1915 гъэм и мэлыжьыхь мазэ пщIондэ егъэджакIуэ къалэным сыпэрытащ». 
 

«Узун-Яйла щыпсэуа адыгэ
дин щIэныгъэлIхэр» тхылъым щыщщ.
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Гуэщокъуэ Абдул-Бакъийщ. 

КЪУЩХЬЭ Эрдал.
Поделиться: