Гум и зыщIыкIэ

Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ. ГукъэкIыжхэр къожажьэ, гупсысэр мэятэ. ПщIэжрэ, пщIэжрэ жыпIатэр, сигу, зэгуэр узелъатэу… Къэбгъуэтауэ, бгъэфIэну, гухэлъ IэфIу уиIэну… Уэ гухэлъыр жыпIэнут, дуней псор ууей хъунут. Сэ сыноплъырти щыму, бжезмыIэфурэ зыри, уи дунейр сфIэгуэныхьт. 
Уимыхуэжу мы си бгъэм, уэми щIыми щыбгъафIэ гухэлъ нэхур зэгуэрым къыптесхынути, испхъэжынут ар уафэм. Уафэм ар имыхуэжу, хэз сфIэхъуати хьэуам… Иджы нэхъри угуфIэрт. Сэ уэсщIэн си гугъахэр пфIэделагъэу арати… бутIыпщауэ уи макъыр, лъагъуныгъэм и макъыр, удыхьэшт.
Сигу, щытам сфIэгуэныхьу, си гугъам узым ихьу, узи гуауи илъагъукъым, зыри хъуркъым и жагъуэ. ГъащIэм IэплIэ хуищIауэ, нуру уэгум щыблауэ, и гухэлъ егъэпэж. КъыIэщIэпчи къытепхи хъуркъым гухэлъыр.
 
 
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: