Матэ хуным хуэIэижьщ

Махъсидэ (Гуанэ) Аидэ чы IэрыщIым къыхещIыкI матэхэр, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып цIыкIухэр, къэлътмакъхэр, хьэкъущыкъухэр, уеблэмэ бзухэм я шхапIэ-унэ цIыкIухэр. Матэ щIыным дихьэхащи, и IэрыкIхэм нэхъри къахохъуэ, ахэр цIыхухэм ягу ирохь. 
Аидэ жеIэ бзылъхугъэм и псэм фIэфI Iуэху гуэр ищIэу зригъэсэныр сэбэпу. Езым гукъыдэж кърет матэхэм елэжьыным, къигупсыс хьэпшыпхэм епэщэщыным. Матэ зэрыхъэным теухуауэ жеIэ:
- Матэр чым къыхащIыкI хабзэщ. Ауэ сэ си матэхэр тхылъымпIэ шыхьам къыхызощIыкI. Къалэ унэм чы щызепхьэфынутэкъыми, сэ а Iэмалым сыхуэкIуащ. ТхылъымпIэр быдэу зэхаIуантIэри чы цIыкIуу яху. Абы къыхэсщIыкI матэхэр куэдрэ зокIуэ, быдагъкIи дагъуэ яIэкъым. ПсыкIэ зэхэщIа лэчкIэ согъэлыдыж. И гъэкъэбзэнри гугъукъым: щэкI щабэкIэ зэпыплъэщIыхьын хуейуэ аращ. ЩэкIыр псыф пщIыми ягъэ кIыркъым. 
Матэ хуным зрипщытын ипэкIэ Аидэ нэхъыжьхэм ечэнджэщащ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм еджащ. Интернетым абы хуэзыгъасэу илъ видеохэр куэду сэбэп къыхуэхъуащ. И нэхъыжьхэм зыгуэркIэ япещIэж и IэпэIэсагъым:
- Арджэн щIынымрэ бжыхь хунымрэ я лIэужьыгъуэщ матэ щIыныр. СыщIэупщIэурэ, си IэщIагъэм епха фIэщыгъэ зыбжани къэсщIащ. Псалъэм папщIэ, чыр зэтшэкIым бжэгъулъэкIэ йоджэ. ЗэрыхъэкIэр лIэужьыгъуэу зэщхьэщокI: бэзэр щIыкIэ – арджэным нэхъ къыщагъэсэбэп зэхэухуэнэкIэщ, бжьэпэтехуэ – зэрызэхуащIыж сатырщ, лъапэрисэ – хъару зэрызэхуащIыж сатырщ, теухуэныкIа – и бгъумкIэ ухуэнауэ кърикIуэ сатырщ.
 И адэшхуэ-анэшхуэхэр зыхуэIэзэу щытахэми топсэлъыхь. ЗэрыжиIэмкIэ, дэзыхьэх IэпэIэсагъэми блэкIам ижь къыщIихуащ, япэ итахэм япещIэж. 
- Нэхъапэхэм адыгэ унагъуэхэм щащIырт, къыщагъэсэбэпырт чы матэхэр. И адэшхуэ Динислъам матэ ихуу колхозым щылэжьащ. Бжьыхьэм деж колхоз губгъуэм кърах нартыхур зралъхьэ чы матэшхуэхэр зыщIхэм яхэтт. И анэшхуэ Къэралхъан дыщэидэм хуэIэзэт, щIакIуэ ищIырт, фащэ идырт. И анэшхуэ Таужан езым и IэкIэ ищIауэ щыта шылэхъарыр езы Аидэ иджы зэрехьэ.
- Ди нэхъыжьхэр куэдым хуэIэкIуэлъакIуэу щытащ. СфIэфIщ пасэм дыпызыщIэ гуэр злэжьыну - матэ хуным аращ сыщIыдихьэхыр, - жеIэ Аидэ. 
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: