Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым

ЩоджэнцIыкIу Алий зи хъыбар къиIуэтэж «щIэныгъэщIэкъум» жиIэр фщIэжыртэкъэ: «Сыхуейкъым сэ «гъым-шым» жысIэу, адыгэбзэкIэ сыпсэлъэну». Урысыбзэр уэру адыгэ гъащIэм къыщыхыхьа лъэхъэнэм гуитI-щхьитI гуэрхэр щыIа пэтми, нобэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, Алий зыщIэнэкIам хуэдэхэр нэхъыбэщ.

«Дэнэ деж дэ анэдэлъхубзэр къыщытхуэсэбэпынур?» УпщIэр апхуэдэу зыгъэувым жэуап пхъашэми зыри къыхуищIэнукъым. Адыгэбзэ умыщIэу хабзэри пщIэнукъым жыпIэмэ, а упщIэ дыдэр къыппэщIигъэкъуэнкIи хъунущ: «Дэнэ деж сэ хабзэр къыщысхуэсэбэпынур?»

Гугъуу мы Iуэхум хэлъыр сыт жыпIэмэ, анэдэлъхубзэм тегъащIэ зыжепIэм, ар «урысыбзэм зыщыгъэуж» жепIэ хуэдэу, къызэрыгурыIуэрщ. Шэч хэлъкъым урысыбзэр зи бзэ пажэ къэралым ар умыщIэу узэрыщымытыншынум, ар IэщIыб пщIынкIи Iэмал зэримыIэм. Арагъэнщ и щхьэусыгъуэр иджыблагъэ Урысыбзэр джынымкIэ институтым и ректор Трухановская Наталье жэрдэмыщIэ къыщIыхилъхьар. ЩIэныгъэрылажьэр зэрегупсысымкIэ, лъэпкъ щхьэхуэхэм къыхэкIа сабийхэр гугъу йохь, урысыбзэр зи анэдэлъхубзэхэм яджыпхъэ программэхэм щрахулIэкIэ. Абы къыхэкIыу, мынэхъыфIу пIэрэ, щIыналъэ щхьэхуэхэм щыщхэм урысыбзэр «хамэбзэр зэрадж методикэкIэ» яджыныр?

Трухановскэм къыхилъхьа Iуэхум и мыхьэнэр зэуэ къызэрамыщтэнури къазэрыгурымыIуэнури IупщIщ. Зы гупым абы и жэрдэмым лъэпкъ щхьэхуэхэм щыщхэм я зэфIэкIыр игъэмэщIэн шынагъуэ халъагъуэ. Адрейхэм - урысхэмрэ мыурысхэмрэ зэпэщхьэхуэ ищIынкIи зэрыхъунур къыдрагъэжей. Дауи, фIыуэ еджэ дагъыстэныр е шэшэныр еджэным хуэщхьэх урысым щытекIуи къохъу. Ауэ пцIыи хэлъкъым къэралым щытепщэ бзэр зи анэдэлъхубзэм тыншу къехъулIэм, псалъэм папщIэ, Кавказым щыщ сабийр гугъу нэхъ зэрыдехьым. Еджэным хухаха илъэсхэр сабийхэм пщIэншэу щаIэщIэкI къохъу апхуэдэу. Зы лъэныкъуэкIэ, урысыбзэм трамыгъащIэу мыхъуу, мыдрей лъэныкъуэмкIэ, ар щIэныгъэ къэугъуеипIэ яхуэхъуным хунэсыну Iэмал къезымыт методикэ пхэнжкIэ яджу. Къэрал Думэм жэпуэгъуэм и 20-м щызэхэта стIол хъурейм къыщиIэтащ Трухановскэм и Iуэху еплъыкIэр.

Урысхэми мыурысхэми бзэр щадж дерсхэр зэхуэдэу яфIэзэшыгъуэщ, Наталье зэрыжиIэмкIэ. Урысыбзэр зэрыбгъэдалъхьэ Iэмалхэм сабийхэм ар нэсу къахуэгъэщхьэпэу ищIыркъым. ЗэхъуэкIыныгъэр методикэм деж къыщежьэн хуейуэ къелъытэ Трухановскэм. Iэмалхэм язу, урысыбзэр зимыанэдэлъхубзэхэм ар хамэ къэралыбзэ хуэдэу ябгъэдэлъхьэныр фIэигъуэщ.

«Урысыбзэр зэрадж методикэр нахуэу убзыхун хуейщ, - жеIэ Наталье. - «Урысыбзэр - анэдэлъхубзэу» жыхуаIэ егъэджэкIэ Iэмалымрэ «урысыбзэр - къэралыбзэу» жыхуаIэмрэ зэхэзэрыхьын хуейкъым. Бзэр зэхуэдэу щамыщIэкIэ, зэрегъэджэн хуейри методикэ зэмыщхькIэщ. БгъэдыхьэкIэхэр зыхуэфащэм хуэгъэпсауэ зэрыщымытым къыхэкIыу, сабийхэм бзэр нэгъэсауэ яхуэгъэшэрыуэн хуэдэу зрагъэщIэфыркъым. Языныкъуэхэм деж, уеблэмэ хамэ къэралхэм къикIа студентхэм урысыбзэр нэхъыфIу ящIэу къыщIокI ди хэкум щыщ лъэпкъ республикэхэм къикIахэм нэхърэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, бзэр нэхъыфIу зыгъэшэрыуэм лэжьапIи нэхъ тыншу къигъуэтыфынущ».

СНГ-м хыхьэ къэралхэм урысыбзэр хамэбзэ хуэдэущ зэрыщызрагъащIэр. А методикэр лъэпкъ республикэхэм къыщыбгъэсэбэп хъуну жеIэ Трухановскэм. Ректорым зи гугъу ищI лъэпощхьэпохэр игъащIэ лъандэми зыхащIэ лъэпкъ республикэхэм щыщ сабийхэм. Урысым урысыбзэр «анэдэлъхубзэр зэрадж» IэмалкIэ иджмэ, нэмыцэм ар зэриджыр «хамэбзэр зэрадж» методикэщ. Ди сабийхэр а тIуми щыщкъым. Урысейм щыщ мыурыс лъэпкъхэм къыхэкIахэм урысыбзэр зэраджыр «етIуанэ анэдэлъхубзэм хуэдэущ». Къэралыбзэм дызэрыхапIыкIым щхьэкIэ, тщIэи хуэдэу, урысым ещхьу зэрыдмыщIэри гурыIуэгъуэу. «Лъэпкъ школ», «къалэ школ» жаIэу зэхадз защIми, къэпщытэныгъэхэм зэрагъэхьышхуэ щыIэкъым.

Зэрынэрылъагъущи, урысыбзэри нэхъыфIу дигъащIэркъым адыгэбзэкIэ дызэрымыпсалъэм. Школым екIуалIэ сабийм урысыбзэр щIэныгъэбзэ хуэхъун хуэдэу къэзыгъэщхьэпэфыр «урыс садик» кIуахэращ. ЗытригъащIэхэр нэгъуэщI щапхъэу щытми, Трухановскэм къиIэтар мыхьэнэ зиIэ Iуэхущ, кIуэкIэ узыншэ игъуэтмэ, лъэпкъ щхьэхуэхэм щыщ сабийхэм фIы гуэр къахуздихьыну. Ректорым, дауи, абыхэм урысыбзэ евмыгъащIэ жиIэркъым. НэхъыфIу, нэхъ ирикъуу мы къалэныр дывгъэгъэзащIэ жиIэу аркъудейщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: