И адэр иукIыжауэ ягъэкъуаншэ

УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм и Прохладнэ район къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и УК-м и III-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащI, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъум теухуауэ.

Следствием къызэрилъытэмкIэ, 2022 гъэм фокIадэм и 29-м, жэщым сыхьэтыр 1-м, шэч зыхуащIыр, 1982 гъэм къалъхуар, и адэм щIыгъуу, чэфу хьэгъуэлIыгъуэм къикIыжырт таксикIэ. ЦIыхухъуитIыр зэщыхьащ, шэч зыхуащIыр хьэлыншэу хьэгъуэлIыгъуэм зэрыхэтам щхьэкIэ абы и адэр къызэрешхыдэм къыхэкIыу. Я унэ нэсыжу таксир иутIыпщыжа нэужь, щIалэм и адэм зридзащ икIи IэкIи лъакъуэкIи абы и щхьэмрэ и Iэпкълъэпкъымрэ удын куэд иридзащ. А махуэ дыдэм, сымаджэщым щIэлъу, цIыхухъур игъуэта удынхэм илIыкIащ.

Шэч зыхуащIыр яубыдащ. Iуэхур зэхагъэкI.

Iулъхьэм фIым ухуишэркъым

УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм Налшык къалэм щыIэ и къудамэм и кIэм нигъэсащ Урысей МВД-м и Налшык къалэ управленэм и ГИБДД-м и ДПС-м и инспекторым ехьэлIа уголовнэ Iуэхур.

Абы 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м, и къалэныр ирихьэкIыу, къигъэувыIащ щIыпIэм щыпсэум зэригъакIуэ автомашинэр. Полицейм шэч ищIащ рулым дэсыр фадэ ефауэ икIи тестерымкIэ къэпщытэныгъэм пхыкIыну хуигъэлъэгъуащ.

ЦIыхухъум жиIащ фадэ зэремыфар икIи арэзыуэ зыпхыкIа къэпщытэныгъэм ар зэрымычэфыр къигъэлъэгъуащ. Апхуэдэу щыхъум, полицэм и лэжьакIуэр яужь ихьащ къигъэувыIар рулым дэтIысхъэну хуит зымыщI тхылъхэр зэхигъэувэным, наркотикхэкI зрихьэлIамэ къащIэн папщIэ медицинэ къэпщытэныгъэм пхыкIынуи хуигъэуващ. АбыкIи арэзы щыхъум, инспекторым жиIащ наркологие диспансерым и лэжьакIуэхэм абы и деж наркотикхэкI Iэмал имыIэу къызэрыщахутэнур икIи чэнджэщ иритащ, а псом хэмыту, езым сом мин 25-рэ къриту Iуэхур зэфIигъэкIыну.

Iуэху мыщхьэпэ хэмыхуэн папщIэ, инспекторым къыхуигъэувамкIэ арэзы хъуащ цIыхухъур. Полицейм абы зэман иритащ ахъшэр зэхуихьэсыну, хуигъэувар имыгъэзащIэмэ, жэуапым иришэлIэну игъэшынащ телефонкIэ епсалъэурэ. А махуэ дыдэм цIыхухъум зыхуигъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ и ОРЧ-м икIи полицейм хабзэншагъэ къызэрыкIэлъызэрихьэм теухуа хъыбар яригъэщIащ. Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм полицейр яубыдащ Iулъхьэр щызэIэпахым.

Следственнэ управленэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу, юстицэм и подполковник Багъ М. Л. зэрыжиIащи, зэрагъэкъуаншэр къыщыгъэлъэгъуа уголовнэ Iуэхур судым Iэрагъэхьащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: