Метрополитен музейм адыгэ фащэ щахъумэ

Дуней псом и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Метрополитен музейм (The Metropolitan Museum of Art) щахъумэ адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэ ЩэрэлIокъуэ - Натырбэ ФатIимэ и фащэр.

ФатIимэ Суворово-Черкесскэ станицэм щыпсэуа ЩэрэлIокъуэ Едыдж и унагъуэм къыщыхъуащ 1890 гъэм. Абы къиухащ уэркъ унагъуэхэм щщхэм папщIэ Анапэ щыIа бзылъхугъэ еджапIэр. 1908 гъэм Екатеринодар артистхэм я псапащIэ пшыхь екIуэкIыу, ФатIимэ абы хэтауэ щытащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, бзылъхугъэр апхуэдэ зы пшыхьым щыIущIауэ щытагъэнущ 1909 гъэм щхьэгъусэ хуэхъуа Натырбэ Кушыку. 1910 гъэм я щIалэ нэхъыжь Мухьэмэд - Джэрий (Малия) дунейм къытехьащ. 1919 гъэм, унагъуэр Уэсмэн къэралыгъуэм щыIэпхъуэм, быниплI къащIэхъуакIэт. Натырбэ ФатIимэ Тыркум къыщызэIуихауэ щытащ шэрджэс бзылъхугъэхэм я комитет. Ар ядэIэпыкъурт ди лъэпкъэгъу абы Iэпхъуахэм. Тырку къулыкъущIэхэм яIущIэри, ягуригъэIуащ IэмалыншагъэкIэ зи хэкур зыбгынахэм псэупIэкIэ ядэIэпыкъун зэрыхуейр. И лъэIури пхигъэкIащ: тырку сулътIаным шэрджэсхэм яхухихащ и гъэмахуэ унэхэм ящыщ зы. ИужькIэ а унэр цIэрыIуэ хъуащ, «Шэрджэс унэ» фIащри. Унэр нэщIт, унэлъащIэ щIэттэкъым, щыгъынхэм, хьэпшыпхэм, ерыскъыхэкIхэм хуэныкъуэхэт. ИтIани, ар жьэгу яхуэхъуащ, хуабагъэр щытепщэ псэукIэ яхуащ. Тыркум и къэрал лэжьакIуэхэр кърагъэблагъэ, епсалъэ хъуащ. Уеблэмэ, зэгуэр къахуэкIуауэ щытащ Америкэм и комиссар нэхъыщхьэ, адмирал Бристаль. Ар итхьэкъуат шэрджэсхэм я хьэл-щэным, я зэпIэзэрытагъым, я хабзэм. Абы иригъэблагъэри, адыгэ унагъуэ зыбжанэ США-м Iэпхъуауэ щытащ а зэманхэм. Абыхэм ящыщт ФатIимэ и унагъуэри: и щхьэгъусэр, и бынхэр, и шыпхъуитIыр (Зазирэ Зэгрэтрэ).

1923 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Константинополь икIри, шыщхьэуIум и I-м Нью-Йорк нэсащ ахэр зэрыса кхъухьыр. ФатIимэ и щхьэгъусэ Кушыку 1925 гъэм дунейм ехыжащ. Къалэшхуэ мыцIыхум и бынхэм я гъусэу къыдэнащ бзылъхугъэр. МэжэщIэлIагъэри ягъэунэхуащ. И бгыр щIикъузэри, и бынхэм щIэныгъэ куу яригъэгъуэтащ. Махуэм сыхьэт 16-кIэ лажьэрт дакIуэу. Ауэрэ щыгъын дыным езым и гупсысэ къыщигъэлъэгъуащ, дизайн щIэщыгъуэхэр къигупсысурэ. Киномрэ театрымрэ я лэжьакIуэхэм куэду яхуэдэрт. Езым и хьэрычэт Iуэху зэригъэпэщыжам нэмыщI, жылагъуэ Iуэхуми зэпымыууэ хэтащ. Зыщыпсэу фэтэрым и пэIущIэ пэшышхуэр шэрджэсхэм папщIэ егъэблэгъапIэ ищIат. Еристов Сидамон щIыгъуу къызэригъэпэщащ «Алаверди» шэрджэс-куржы зэгухьэныгъэр. Зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэр щаухуауэ щытащ Нью-Йорк пэмыжыжьэу. Апхуэдиз зыхузэфIэкIа бзылъхугъэм гъащIэфIи иIащ, ар дунейм ехыжащ 1983 гъэм, илъэс 93-рэ и ныбжьу.

СЭРАЛЪП Мадинэ. ЗэзыдзэкIар ГУГЪУЭТ Заремэщ
Поделиться: