Зэм шынагъуэт, зэм гуфIэгъуэт…

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, «ету» псалъэр пасэрей алыдж псалъэм къытехъукIащ, «мафIэм телъхьэн» жиIэу къокI. Пасэрей зэманым ету папщIэу къагъэсэбэпырт мывэ хьэлъэ упIэщIа. Мывэм щыгъын жьыщIа псыфхэр траубгъуэрти, и гущIыIуми апхуэдэ зы мывэ тралъхьэжырт. УшкIумпIа щIагъуэ имыIэу гъущыжауэ къытрахыжырт. 
Пасэрей Урымым щыпсэуахэм я щыгъынхэр яузэхурт гъущI уадэшхуэкIэ – ушкIумпIахэм уадэмкIэ зыкъомрэ еуэхэрт. Ди эрэм ипэкIэ 4-нэ лIэщIыгъуэм пасэрей алыджхэм я щыгъынхэр яузэхурт гъущIыч гъэплъакIэ. 
Ику ит лIэщIыгъуэхэм цIыхухэм я щыгъынхэм ету традзэрт Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ. Псалъэм апщIэ, тебэ щIыкIэ зиIэ гъущI хъурей кумбым фIамыщI гъэплъа иракIутэрти, щыгъынхэм ету традзэрт. А Iэмалыр тынштэкъым икIи шынагъуэт, фIамыщI дэпыр лъейуэрэ щыгъыныр къыщрисыкIи къэхъурт.
Ету зэрытрадзэу щыта япэ Iэмэпсымэр къыщежьари къыщыунэхуа къэралри IупщIкъым. Языныкъуэ къэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ету папщIэу къагъэсэбэпа япэ Iэмэпсымэ къежьагъэнущ щэкI ящIу къаубла нэужь. Ауэ языныкъуэ археологхэм хуагъэфащэ хьэкIэкхъуэкIэхэм я фэхэм къыхащIыкIыу щыта щыгъын хуэдэхэри мамонтхэм я къупщхьэкIэ яузэхуу щытауэ.
Щыгъыныр зэраузэху пасэрей Iэмал нэхъ тыншт дыгъэ гуащIэм къигъэплъа мывэм псыфу траубгъуэурэ ягъэгъущу зэрыщытар. 
I636 гъэм мазаем и I0-рщ ету зэрытрадзэ Iэмэпсымэ щыIауэ тхыдэм япэу щыхатхар. Ауэ щIэныгъэлIхэм жаIэ ахэр куэдкIэ нэхъ пасэу – илъэс мини 2,5-кIэ япэ къэунэхуауэ. Апхуэдиз ныбжь иIэщ теплъэкIэ иджырей етум ещхь Iэмэпсымэм.
Урысейм и тхыдэм етур къыхыхьащ XVII лIэщIыгъуэм и кум. I636 гъэм пащтыхь гуащэ Евдокие и махуэрытхэм япэу къыщихьащ «ету» псалъэр.
Япэрей етухэр къыщыщIагъэкIырт Демидовым и заводхэм. Урысейм и цIыхубэм абыхэм фIащат «пральник», «рубель», «раскатка». А зэманхэм ету зиIэр нэхъ зыхузэфIэкIхэрт. АпхуэдизкIэ ар зэрызагъэщIагъуэ хьэпшып хъуати, къыщыщIагъэкIкIэ тхыпхъэ дахэхэр тращIыхьырт. Уеблэмэ етур щIэину ятыжырт, нэхъ хьэпшып лъапIэ дыдэхэм халъытэу. Ету гъэщIэрэщIахэр щIэх-щIэхыурэ къагъэсэбэп урыс шейнычхэм (самовар) бгъэдагъэувэрт е я унэм и нэхъ IуплъапIэ дыдэхэр тегъэувапIэ хуащIырт, ягъэлъэгъуэн, зрагъэщIэгъуэн папщIэ. Нэхъ къулей дыдэхэм щызэрахьэ щыIэт адакъэ теплъэ зиIэ етухэр. Языныкъуэхэм я гъущI етухэм тегъэват жэзым, дыжьыным къыхэщIыкIа тхыпхъэхэр. Етум и къур пхъэм къыхэщIыкIат. КъыщIагъэкIыу щытащ етужьейхэри – хьэщIапIэ щыгъынхэр зэрыгъэщIэрэщIа Iудэхэмрэ хъархэмрэ ираузэхуу. Нэхъ иужькIэ къежьащ шыгуным къыхэщIыкIа етухэр. Ар къэбгъэсэбэпын папщIэ хьэкум тебгъэувэурэ къэбгъэплъын хуейт.
Илъэси I50-рэ ипэкIэ Германием къыщежьауэ щытащ спирт зракIэу щыта етухэр. Спирт иракIэрт, мафIэ пагъанэрти, къагъэплъырт. Апхуэдэ етухэр псынщIэт, къэплъыгъуафIэт. Пэжщ, егъэлеяуэ лъапIэти, зыIэрызыгъэхьэфыр закъуэтIакъуэт.
Илъэси I00 ипэкIэ щыIащ фIамыщIкIэ лажьэ етухэр. Я теплъэкIэ хьэку цIыкIунитIэм ебгъэщхьынут. И кIуэцIым фIамыщI гъэплъа иракIутэрти, ету ирытрадзэрт. Апхуэдэ Iэмэпсымэхэм щыхащIыхьи къэхъурт уэнжакъ папщIэу къэсэбэп бжьамий цIыкIу. ФIамыщI дэпыр щызэхэкIыжым деж, етур ягъэхъейурэ е щIаупскIэурэ дэпыр зэщIагъэстыжырт. Апхуэдэ етухэр нэхъ зыхуэгъэкъарур цIыхухъухэрт. ТIэкIу нэхъ иужькIэ апхуэдэ етум и кIуэцIым фIамыщIым и пIэкIэ абы папщIэ ящIа мастэкъуаншэ инышхуэ гъэплъа иралъхьэу къаублауэ щытащ.
XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым газкIэ ягъэплъ етухэр къэунэхуащ. ГъущI зэмылIэужьыгъуэу зэхэгъэва бжьамий цIыкIу и кIуэцIым итт. Абы и зы кIапэр газым пыщIат. И щхьэмкIэ насос тетти, газыр ету кIуэцIым ирикъуу щызэлъэIэсырт. Ауэ апхуэдэ IэмэпсымэкIэ ету тебдзэну егъэлеяуэ шынагъуэт. Къэхъурт газ къыдихум и зэранкIэ мафIэс къыщыхъуи.
Урысейм зэман кIыхькIэ къыщагъэсэбэпащ шыгуным къыхэщIыкIа ету гъэжахэр. Ар хьэкукIэ е мафIэкIэ къагъэплъырт. XVIII лIэщIыгъуэм къежьа пэтми, XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм пщIондэ къэсэбэпащ ахэр. Сыту жыпIэмэ а зэманым куэдым я унэм розеткэ хэщIыхьатэкъым.
США-м щыщ Сили Генри I882 гъэм патент зэригъэпэщащ, электрокъарукIэ лажьэ япэ ету зэрищIамкIэ. Ауэ абы и Iэмэпсымэри нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщт – ету тезыдзэ бзылъхугъэхэр токым къыщриуд къэхъурт.
ЭлектрокъарукIэ лажьэ етухэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIитIым I892 гъэм я Iэмэпсымэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ, ахэр шынагъуэншэу къэбгъэсэбэп хъун папщIэ. Iэмэпсымэм и кIуэцIым иралъхьащ ету лъэгур къэплъыным сэбэп хуэхъу спираль. ЗэхъуэкIыныгъэхэр иIэми, пкъыгъуэ гуэрхэр кIэралъхьами, апхуэдэ етухэм я ухуэкIэр яIэщ ди зэманым къагъэсэбэпхэми. XX лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм иджырей етум и пкъыгъуэ нэхъыщхьэр – етур къызэрыплъ температурэр зезыгъакIуэ термостатыр къежьащ. 70 гъэхэм ету лъабжьэр абджкерамикэм къыхащIыкIыу зрагъэсащ. Абы и фIыгъэкIэ етухэр нэхъ псынщIэ хъуащ, щыгъынми епхъуэркъым.
Зэман дэкIри, етухэм щыгъыныр ирибгъэпсыIэ хъууэ ящIащ. XX лIэщIыгъуэм нэмыцэ бзылъхугъитIым патент къыдахащ етум и пэм псы изу зракIэ Iэгубжьэ цIыкIу пегъэубыдауэ зэращIамкIэ. Iэгубжьэ цIыкIум и щхьэр бгъэбыдэрт, абдеж къу цIыкIу хэщIыхьам тепкъузэрти, и лъабжьэм хуащIа дзакIэр зэIукIыурэ псы къыдиутхыкIырт.
I968 гъэм макъамэ къэзыгъэIу ету къэунэхуащ. Абы и мыхьэнэр ету тезыдзэм гугъуехь зэхимыщIэнырт, зыщIигъэпсахуэ хуэдэурэ и Iуэху ищIэнырт. Апхуэдэ етухэм якъухэри гъэщIэрэщIат, тхыпхъэхэр тетт. Макъамэ етухэр къыщIагъэкIащ XX лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм пщIондэ.
Иджырей етухэм папщIэ сэбэпышхуэщ «Laurastar» системэр. Ар етум къриху псы бахъэр зыгъэлажьэрщ.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: