КIуэкIуэ Казбек хуэзащ УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыхуэзащ Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон. Нэхъ япэкIэ Урысейм и Президент Путин Владимир видеоконференц щIыкIэу иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыхигъэщхьэхукIауэ щытащ сабий зиIэ унагъуэхэм гулъытэ хэха зэрахуэщIыпхъэр. Президентым къигъэува а къалэнхэрщ щIыналъэм и унафэщIымрэ федеральнэ министрымрэ зытепсэлъыхьар нэхъыбэу зытеухуауэ щытар. Апхуэдэу зэIущIэм щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социальнэ зыужьыныгъэм пыщIа Iуэхухэм, цIыхухэм къаIэрыхьэ хэхъуэр къэIэтынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 18:59 →
Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ
02.11.2025 - 12:52 →
ПсэукIэр егъэфIэкIуэным пащэ
13.09.2025 - 11:00 →
ЛъэхъэнэщIэм къапэщылъхэр
23.08.2025 - 10:57 →
Кхъухьлъатэ гъуэгуанэхэм заубгъу
11.08.2025 - 12:40 →
ЩIыхуэр дагъэпсынщIэ
| ||




