Шорэ Туркан и вагъуэ

Тырку кином, театрым я актрисэ цIэ­рыIуэ, адыгэ бзылъхугъэ екIу Шорэ Туркан и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 13-м илъэс 75-рэ ирокъу. Зи щIалэгъуэм дахэу щытар, сыт хуэдэ ныбжь нэсми, дахэу къонэж. И напэм телъ лэдэххэм нэхъри ягъэдахэу аращ илъэс блыщIым щIи­гъуа бзылъ­хугъэр. Хьэ­тIохъу­щы­къуей Ипщэ къуажэм зи адэшхуэм и адэр дэкIыу Тырку пащтыхьыгъуэм къы­щыхута Шорэхэ я ­къуэм и уна­гъуэм къыщалъхуащ Тур­кан. Тыркум и гъуаз­джэ утыкум лъагапIэ щызыIэрызыгъэхьа ди лъэпкъэгъу цIыхубзым хуэтщI пщIэр нэхъ­ри зыгъэлъапIэр адыгэ лъэп­къым къызэрыхэкIар зэ­ры­щы­мыгъуп­щэрщ, нэхъыщ­хьэж­ращи, ар зэримыбзы­щIырщ.

Зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ цIыхубзыр Канны, Москва, США-м щекIуэкI кинофести­валь инхэм хэтащ, абыхэм саугъэт лъапIэхэр къыщихьащ. Туркан и ныбжьэгъут артист цIэрыIуэхэу Кардинале Клаудиа, Лорен Софи, Ларионовэ Аллэ сымэ, нэгъуэщI куэди.
Тыркум къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, телевиденэм актрисэм мызэ-мытIэу щыжиIащ абы и лъабжьэр Кавказым къызэрыщежьэр, ар Къэбэрдейм зэрыщыщыр.
ЦIыхубэм я гум дыхьа, фIыуэ ялъэгъуа Шорэ Туркан икIи режиссёр Iэзэщ. Абы ­ипхъу Ягъмури анэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, жыджэру кинохэм щоджэгу. Къищы­нэ­мыщIауэ, Туркан и шыпхъу Назани актрисэ цIэрыIуэщ. Ар фильм 20-м нэблагъэм щыджэгуащ.
Шорэ Туркан 1947 гъэм щэкIуэгъуэм и 13-м Истамбыл къыщалъхуащ. «Тырку кином и ­сулътIан» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ, псоми къацIыхуу икIи пщIэшхуэ къыхуащIу апхуэдэщ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр. Ар кином и дунейм щыхыхьар 1960 гъэращ, япэу зыхэтар «Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмращ. Туркан и япэ саугъэтыр – «Дыщэ ТIамыр» (Апельсин) 1964 гъэм Анталием щекIуэкIа фестивалым къыщратащ «ГъащIэ дыдж» фильмым щигъэзэщIа ролым щхьэкIэ, зи зэфIэкIыр нэхъ ин актрисэу къалъытэри. А саугъэт дыдэр 1968, 1987, 1994 гъэхэми къратащ, апхуэдэуи «ИгъащIэкIэ щIыхь зиIэну актрисэ» саугъэтыр 1996 гъэм къыхуагъэфэщащ. КъищынэмыщIауэ, Адана щекIуэкIа «Дыщэ шылащхьэ фестивалми» 1973 гъэм цIэ лъапIэ къыщыфIащащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, апхуэдэ саугъэту  20-м щIигъу иIэщ абы.
Гу лъытапхъэщ Шорэ Туркан бзылъхугъэм и дахагъэр, езым и щхьэр имыгъэпудын щхьэкIэ, щэнхабзэ гъащIэм хабзэфI куэд къызэрыщригъэщтам. Дуней псом щы­цIэрыIуэщ лэжьапIэ щыувым абы и уна-фэщI­хэм ядищIа зэгурыIуэныгъэр. Абы актрисэм щиукъуэдийрт зы фильм закъуэми узыгъэукIытэ теплъэгъуэхэм щыджэгуну арэзы зэрытемыхъуэр.
«Кином и фIыгъэкIэ наIуэ сщыхъуащ гъащIэм и мыхьэнэр. ГъащIэр фIыуэ слъэ­гъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сызыхапIыкIар киноращ абы сырейуэ, сыкъыхуалъхуауэ къысщохъу.
Кином хилъхьа гъащIэ Iыхьэм, гуащIэм къыпэкIуа пщIэр псэууэ илъагъужыну зи на­сып къихьа цIыху насыпыфIэ мащIэхэм сащыщщ сэ. ЦIыхубэм фIыуэ сыкъалъэгъуащ, щIыхь къысхуащI. Сэ стеухуа тхыгъэ дахэхэр, тхылъ щхьэхуэхэр, диссертацэхэр, фильм­хэр, къызата цIэ лъапIэхэр, къысхуауса усэ­хэр, уэрэдхэр, сэ стеухуауэ ирагъэкIуэкIа конференцхэр, пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэтынхэр, къызата саугъэтхэр, цIэ лъа­пIэхэр… СхузэфIэкIам, схуэфащэм ­нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ щытхъуу къысхуа­гъэфэщар.
ПщIэуэ къысхуащIам, сыздынэса лъагапIэм, дауи, сригуфIащ, сригушхуащ, ауэ кином и пэжыр зэи сщыгъупщакъым. Сыт хуэдэ пщIэ, щIыхь къысхуагъэфэщами, ар къызыхэкIар кином и къарурщ. КинокIэ зэджэр абы хэт псори къызэщIэзыубыдэ пкъыгъуэщ. А дахагъэ телъыджэхэр зи нэгу щIэкIа адрей си лэжьэгъу, си ныбжьэгъухэми хуэдэу, сэри а пкъыгъуэшхуэм зы Iыхьэу сыхэту аращ.
ГъащIэм фIы къысхуищIэри, кином и актрисэ сыхъуащ. Дунейм аргуэру зэ сыкъытехьэжын хуей хъуами, арат къыхэсхынур.
Ину фIыщIэ пхузощI, кино, ину фIыщIэ...» – иритхащ Туркан езым теухуауэ къыдигъэкIа тхылъым.
Уи натIэм къритхам уфIэкIынукъым жаIэ адыгэхэм. Аращ Туркан къыщыщIари – актрисэ зэрыхъунур и натIэм иту къигъэщIат. А тхылъым гъэщIэгъуэну игу къыщегъэкIыж ар кином хуэзыша япэ лъэбакъуэхэр. Туркан и адэшхуэм деж щыIэу зы пщыхьэщхьэ пшапэзэхэуэгъуэу щхьэгъубжэм щыдэплъым, цIыхухэр зэрехьэхыу къелъагъу, адрей махуэ къызэрыгуэкIхэм емыщхьу. Езыри абыхэм яхыхьэну, ахэр здэкIуэр зригъэщIэну хуей щхьэкIэ, и закъуэу яутIыпщыркъыми, гъу-­    нэ­гъу­хэм гъусэ захуещI. «... Уэздыгъэ нэхуш­хуэхэм жэщыр махуэ дыгъэпс хуэдэу нэху ­къащIауэ зы утыкушхуэ дыхуозэ. ЯпэщIыкIэ си нэм къыфIэнэр зы цIыхубз дахэ гуэрым и нэкIурщ, мелыIыч напэщ, тхьэIухудщ. Нэху­хэр телъалъэу зеплъыхь, уафэм доплъей. Адрейхэм иужькIэщ гу щалъыстэр, зопсалъэхэр, зыгуэрурэ защI. ЗищIысыр къызгуры­Iуэщатэкъым абы щыгъуэ, ауэ кино­фильм т­рахыу, а цIыхубз дахэри актрисэ цIэрыIуэ Нур Мухьтерэму къыщIокI. Псори абы йожалIэри, и Iэ щIэдзауэ и сурэт къыIах. Сэри чэзум сыхоувэри, и сурэт къыIызох.
ЯфIэгъэщIэгъуэну абы еплъхэм сахэтщ. Кинофильмыр тезыххэм ящыщ гуэрхэр зэзэмызэ зыкъагъазэрэ къызэплъу, зым адрейм сригъэлъагъуу гу лъызотэ. Ящыщ зыр къызбгъэдохьэри, зыгуэрхэр къызжеIэ. Сы­мыцIыху хамэм псэлъэгъу сыхуэхъуу сесакъыми, сопIейтей, къызжиIэхэр къызгуры­Iуа­щэркъым. Си гур си бгъэм къы­дэлъэтын хуэдэу къоуэ, сыщтэIэщтаблэу сыщIоп­хъуэжри, си адэшхуэ-анэшхуэм я пэшым ­лъагэу щызэтелъ уэншэкухэм зыхызодзэри, ­гъуджэр сIыгъыу сызоплъыж, си щхьэцхэр зэхэзэрыхьауэ солъагъу. Гъуджэр зэм жы­жьэу IузогъэкIуэт, зэм гъунэгъу зыхузо­щIыж. Сызыхэта щтэIэщтаблагъэм къы­хэкIыу, си нэкIущхьэхэр нэхъ плъыжь къэ­хъуащ. Си набдзэхэм, си нэхэм, си Iупэхэм соплъри, сызэрыдахэр зыхэсщIэу, цIыхухэр къы­щIызэплъыр къызгурыIуэу щIызодзэ. А махуэм кинофильм щытрах утыкум жэ­рыжэкIэ сыкъижыжу сыкъыщIэпхъуэжа щхьэкIэ, зы илъэс фIэкIа дэмыкIыу сегупсыс хъуащ фильм техыпIэм сыкъыщыхута зэрыхъунум. Кином и къару щэхум ситхьэкъуауэ малъхъэдисым хуэдэу сызыщIишэрт».
Илъэс 75-м нэса адыгэ актрисэм и цIэр ­ноби къраIуэ, пщIэуэ хуащIыр къызэры­мы­кIуэщ. ЦIыху куэдым къахуихуэркъым цIыху ныбжьым и пIалъэ псори ролу кином щигъэлъэгъуэфу. Туркан щIалэ дыдэу къыщIи­дзэри, кином щIалэгъуэ гъащIэр щрихьэ­кIащ, щIалэгъуалэм къахэлыдыкIыу яхэтрэ роль нэхъыщхьэр игъэзащIэу. Нэхъ балигъ къэхъуа нэужь, режиссёрхэм ролыщIэхэр къыхуа­гъэлъагъуэу пIалъэ дахэ дыдэ ирихьэкIащ. ЦIыху балигъ щыхъуми, бзылъхугъэ зэкIужу, зэпIэзэрыту хэтащ, итIанэ чэнджэщрэ Iу­щагъ­кIэ гуашэ ныбжьым нэсри, пщIэрэ щхьэ­рэ иIэу гъуазджэ утыкум итащ. Иджыри дахэщ, иджыри джэгуфынущ, ауэ режиссёр IэщIагъэм зритауэ, иджы езым фильмхэр къегъэщI.
Ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм и гъащIэри, и лэжьыгъэри кIыхьу екIуэкIыну, кином щиIа пщIэр мыкIуэщIу псэуну дохъуэхъу.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: