КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет

ПцIым фIым ухуишэркъым
Экономикэ IэнатIэм щызэхащIыхь щIэпхъаджагъэхэм зэрыпэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ муниципальнэ мылъкушхуэ дэфтэр нэпцIхэмкIэ зэхэдыгъуэным пыщIахэр.
Урысей реестрым и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэм, кадастр инженер IэщIагъэ зиIэ и къуэшыр щIыгъуу, Тэрч къалэм и щIыпIэ администрацэм и унафэ нэпцIхэр зэрагъэпэщри, я анэм и цIэкIэ ирагъэтхащ метр зэбгъузэнатIэ 8000 хъу щIы Iыхьэр, сом мелуани 5-м щIигъу и уасэр.
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Следственнэ къудамэм шэч зыхуащIхэм ятеухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.
 
Наркотикхэр игъэкIыным пыщIахэр
НаркотикхэкIхэр ирагъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм яубыдащ республикэм и щIыналъэм афиян щыщэным пыщIа налшыкдэсхэу Важжов С. А.-рэ Геворкян С. О.-рэ.
Езыхэри пIалъэкIэ щыпсэу щIыпIэри къыщащым, къытрахащ «героин» лIэужьыгъуэм хуэдэу килограмм 0,737-рэ «метадон»-у килограмм 0,I-рэ.
КъБР-м и Налшык къалэ судым Вожжов С. А.-рэ
 Геворкян С. О.-рэ къуаншэу къилъытащ икIи япэм илъэси 8, адрейм илъэси 6 ятрилъхьащ тезырыр ткIийуэ щрахьэкI колонием исыну.

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу