Телефон хабзэншагъэ

«Фаббинг» псалъэр, зэрыжаIэмкIэ, 2012 гъэ лъандэрэ цIыхубэм яIурылъщ. КъызытехъукIар «телефон» псалъэмрэ «къыпфIэмыIуэхун» мыхьэнэмрэщ. Убгъуауэ жыпIэмэ, телефон зэрыпIыгъым къыхэкIыу, адрей цIыхур къызэрыпфIэмыIуэхурщ. Япэу ар утыку къыщрахьар тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я зэхуэсу 2012 гъэм Австралием и Сидней къалэм дэт университетым щызэхэтарщ. ЩIалэгъуалэм я гулъытэр телефоным къыIэщIэхауэ, уэршэр узыншэм ешэлIэжынырт ар къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр.
Смартфоныр (интернетым пыщIа телефоныр) цIыхухэм я зэхуаку къызэрыдыхьэм дохутырхэми щIэныгъэлIхэми я нэ зэрытехуэрэ мащIэ щIакъым. Сыт хуэдэ шынагъуэ къыпэплъэр къыбгъэдэт цIыхум епсалъэ нэхърэ, телефоным «итIыхьыныр» нэхъ къэзыщтэм? «Фаббинг» - аращ дохутырхэм фIащар адыгэбзэкIэ «телефон хабзэншагъэ» цIэм хуэдгъэкIуа узым.
Зи гугъу ящIыр цIыхур телефоным зэрыдихьэхыIуэракъым. НэгъуэщI цIыху щыту, абы щекIуэкIым мыхьэнэ нэхъыбэ езытырщ. И пащхьэ ит уэ укъыфIэIуэхуным и пIэкIэ, «и телефон щIыбымкIэ уи натIэм къеуэрщ». «Уэ нэхърэ си телефоныр нэхъ къысфIэIуэхущ», - жиIэ хуэдэщ абы. Аращ «фаббинг» зыфIащар.
Иджы абы адыгэбзэкIэ дызэреджэнум теухуауэ дызэгурывгъаIуэ. «Телефон уз» зэфIыкIыр зи гугъу тщIы Iэмэпсымэр зи гупэ хэмылъу мыжеижыфхэрщ. «ТелефонкIэ ерыщщ» хужыдоIэ телефон уз зэфыкIым. А тIури къызыщыщIыр телефоныр зыIыгъращ. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыр ар зэриIыгъым къыхэкIыу, къыбгъэдэт цIыхум пщIэ хуэзымыщIырщ, «телефонкIэ хабзэншагъэ» зезыхьэрщ.
Бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, ныбжьыщIэхэм ящыщу процент 87-м къопсалъэ нэхърэ, къыпхуэтхэмэ, нэхъ къащтэ. Телефоныр яIэщIэлъу шхэхэм я процент 97-м яшхым и IэфIыр зыхащIэркъым. ЦIыху цIыкIум и кIуэдыжыгъуэр къэзыгъэкIуатэ Iуэхуу къалъытэ «телефон хабзэншагъэр». Ар зыпкърытхэр гъащIэм кIэлъыплъын хьэлым апхуэдизкIэ щыужахэщи, уахуэсакъын, езыхэми якIэлъыплъын хуейщ. Псалъэм папщIэ, маршруткэм уисмэ, Iэмал имыIэу цIыхуитI-щы я телефонхэм кIэрыпщIауэ нэм къыфIэнэнущ. ЗыгуэркIэ зыгуэр къэхъумэ, япэу абыхэм ягу къэкIынур фэбжь зыгъуэтар кърагъэлынракъым, къэхъуам сурэт трахынырщ. Мыр Африкэ гуэрым къыщыхъуу къыфщремыхъу. Зымахуэ дыдэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэм я зым гъуэгум сабий щытекIуэдати, дэIэпыкъуэгъу хъуахэм нэхърэ, сурэт тезыхахэр зэрынэхъыбар гуауэр зышэчахэм ягу къинэжащ.
ЩIэныгъэлIхэм къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIауэ щытащ, телефоным зэхущытыкIэр иригъэфIакIуэрэ апхуэмыдэрэ къащIэн папщIэ. ЗэупщIа цIыху 453-м ящыщу процент 46-м зыкъаумысащ фIыуэ ялъагъухэм къабгъэдэкIыу «телефон хабзэншагъэ» зэрашэчымкIэ. Процент 37-м телефонкIэ ерыщхэм я зэранкIэ ягурэ я щхьэрэ зэтекIащ, процент 32-м зыкIи зэран къахуэмыхъуауэ къалъытэ. Унагъуэм щIэсхэм щхьэж и смартфоныр зэримыгъэтIылъыр абы исхэр щIызэфIэнэ щхьэусыгъуэхэм язщ. Фигу къыдогъэкIыжри, зи гугъу тщIыр езы цIыхур телефоным зэрыдихьэхракъым, ар зыбгъэдэс цIыхум и нэм щIиIуну зэрымыукIытэрщ. Адрейхэр «телефоным зэрисыр» елъагъури, езыри «йотIысхьэ». Ауэрэ ар хабзэ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, хабзэншагъэ мэхъу.
Дауэ къызэрыпщIэнур «телефон хабзэншагъэ» уэ езым пхэлърэ пхэмылърэ? Ар гугъу дыдэщ. ЗызыщIэж зэрыщымыIэм зызылIэжи щигъэIэкъым, зэрытщIэщи. ИтIани, телефонкIэ хьэлыншэм мыхэр дыболъагъу:
- Щышхэ нэгъунэ телефоныр зыбгъэделъхьэри, зэпимыгъэууэ абы щекIуэкIым кIэлъоплъ, йотхыхь.
- Тыкуэным щыкIуэкIи, уэрамым дэтми, телефоныр зыIэщIихыркъым.
- Зыгуэрым дэуэршэру щытми, гъуэгу тетми, щхьэусыгъуэ гуэр къызэрыIэрыхьэу, смартфоныр къепхъуатэ.
- Зэхуэс гуэрым щыIэмэ, и Iыхьлыхэм, е и ныбжьэгъухэм зэрепсалъэм нэхърэ, телефоным зэрисыр нэхъыбэщ.
- Интернетым щилъэгъуа псоми хуей-хуэмейми йоджэ.
Мы узыр зэфыкIыр сытым дежи мэгузавэ хъыбарыщIэ е къыхуатха гуэр IэщIэкIынкIэ. Зэуэ цIыхуитIым уепсэлъэн Iэзагъ пхэлъмэ, телефон хабзэншагъ пхэлъу аращ.
Узым и цIэр къэбгъуэтамэ, бгъэхъужа пэлъытэщ. Зыгуэрым «телефонкIэ хьэлыншэщ» щыхужытIэкIэ, ар нэмысыншагъэ псоми ещхьу, къыбгъэдэт цIыхум пщIэ хуэзымыщIщ, зыгъэукIытэщ, зыгъэпудщ. Узижагъуэ апхуэдэ ерыщым «и интернетыр иухауэ» Iууплъэ! Къыбгъэдэт цIыхум гулъытэ зэрыхуищIыпхъэ хьэлым щоужыпэри, езым и насыпыр и IэкIэ екъутэж апхуэдэм. Уеблэмэ ар зыми емызэгъыжу хъункIэ шынагъуэщ - адрейхэм я Iуэху еплъыкIэм, гукъыдэжым, щытыкIэм я хьэтыр имылъагъуу, езым ейри пхымыкIмэ, къытехьэу. И щхьэ пщIэ хуищIыжу къэнэнри дзыхьщIыгъуэджэщ апхуэдэр, сыту жыпIэмэ, абы къыбгъэдэсым и гукъыдэжым зыдищIын хабзэр IэщIокI. Хуэмурэ Iэмэпсымэм и гъэр хъупам гъащIэм и IэфI, и пэж, и захуэ, и къуаншэ къыгурымыIуэжу мэхъу.
 Дауэ мы Iуэхум укъызэрелынур? Адрей хабзаншагъэ псоми укъызэрелым ещхьу, гъэсэныгъэ зыхэплъхьэурэ. Хабзэм и лъабжьэр гулъытэщ. Адрей цIыхум пщIэ хуэзыщIыр абы и зэманми, и гукъыдэжми щысхьынущ, ахэр къыфIэIуэхунущ, езым ейр япэ иригъэщынукъым. Нэмысыншагъэ псоми я щхьэусыгъуэр къызыфIэщIыжыныгъэщ. ЦIыху мыгъасэрщ телефонкIэ къонэпауэр. Сурэт зыщытредгъэхкIи телефоным диплъэ зыдощI, зэдгъэплъынухэм я гулъытэм абдежи дыщелъэпауэу.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: