Кадет ныбжьыщIэхэм къахохъуэ

УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ класситIым щIэс цIыкIухэр кадетым зэрыхагъэхьэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэ екIуэкIащ.
Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, МВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ организацэм и унафэщI Пыхъ МуIэед, еджапIэм и унафэщI Хъарзынэ Заур, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я IэнатIэхэм я унафэщIхэр.
- Сыт щыгъуи хуэдэу, ди мурад нэхъыщхьэщ Урысей Федерацэм и цIыху нэсхэр, ди Хэкум и хабзэ нэхъыфIхэм пызыщэну щIэблэ къэгъэтэджыныр, - жиIащ Павлов Василий къызэхуэсахэм защыхуигъазэм икIи кадетхэм ехъуэхъуащ.
- Махуэ къэс фи щIэныгъэм хэвгъахъхуэ, лъагапIэхэм фахуэпабгъэ, ехъулIэныгъэ зыIэрывгъэхьэ, фи Iыхьлыхэр, школымрэ къэралымрэ фэркIэ гушхуэу. ЦIыху нэсу, IэщIагъэлIу щытынырщ икIи къэралым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэщIынырщ хэкупсэ нэсу щытыным къикIыр, нобэ щыфтIэгъа фащэм пщIэ хуэфщI, - жиIащ Павлов Василий.
Министрым къыхигъэщащ кадет зэщIэхъееныгъэм Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и унафэщIхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIыр. Полицэм и кадет сатырхэм хыхьэну гупыж зыщIа я сабийхэр дэзыIыгъ адэ-анэхэми фIыщIэ яхуищIащ.
НыбжьыщIэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ Тату Къазбэч.
- Фэ къыфпоплъэ гъэщIэгъуэн куэд, ауэ нобэкIэ нэхъыщхьэр фIыуэ феджэнырщ, хабзэ фхэлъынырщ икIи фащэ зыщыфтIэгъамэ, адрейхэм я дежкIэ щапхъэу фыщытыпхъэщ, - яжриIащ абы кадетхэм.
НыбжьыщIэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Мэкъушэ Русланрэ Пыхъ МуIэедрэ.
Школым и унафэщI Хъарзынэ Заур КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ кадетхэм къыхуащI гулъытэм папщIэ икIи УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ.
АдэкIэ тхьэрыIуэм къеджащ кадет классхэм я командир Хьэтщыкъуэ Аскэррэ а гупым хагъэхьэхэмрэ. НыбжьыщIэхэм а цIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъхэр иратыжащ.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: