Тумэ Аслъэн: Нэхъыщхьэр ди Iэужь лъэпкъым къыхуэдгъэнэнырщ

«Джылахъстэн» фIэщыгъэм щIэту Тэрч къалэ дэт адыгэ тыкуэныр хьэпшып гъэщIэгъуэнхэмкIэ апхуэдизкIэ бейщи, музейм щебгъэщхь щыIэщ. Ар ди щIыналъэм ит адыгэ тыкуэн нэхъ инхэм язу къэплъытэ хъунущ. Адыгэ тхылъхэр, сэ зэмылIэужьыгъуэхэр, чысэ, бгырыпх, цIыхубз хьэпшып, щакIуэхэм къахуэсэбэпыну цIыкIуфэкIухэр, пкIыгъэхэр, нэгъуэщI куэди къыщыбгъуэтынущ абы.
Тыкуэныр зыгъэлажьэр ди щIыналъэми адрыщIкIи фIыуэ къыщацIыху IэщэщI, дыщэкI Iэзэ Тумэ Аслъэнщ. ЩIалэм зыхуэдгъазэри, и тыкуэным, IэщIагъэм теухуауэ депсэлъащ.
- Сэ сыкъыщыхъуа, си къуэпсыр къыщежьэ Тэрч щIыналъэм мыпхуэдэ тыкуэн къыщызэIусхыну куэд щIауэ сыщIэхъуэпсырт - къыддогуашэ Аслъэн. - ИлъэситI ипэкIэ тыкуэн нэхъ цIыкIу къызэIусхат, Iуэхур зэрежьэм сеплъыну. Хьэпшыпхэм щIэупщIэ яIэти, тыкуэн иныр сэ сызэрыхуейуэ къызэзгъэпэщащ. Къызыщыхъу щыIэщ абы си хьэпшыпхэр щысщэн щхьэкIэ къызэIусхауэ. Сысейуэ зыри щIэлъкъым мыбы. Ауэ зи IэдакъэщIэкIхэр сигу ирихь си ныбжьэгъу-лэжьэгъухэм ейхэм щыщ щIызолъхьэ. Екатеринбург къыщыщIэдзауэ щIыпIэ куэдым къызогъэш хьэпшыпхэр. Япэхэм абы щыщэхуэнум нэхърэ зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр нэхъыбэт. Тэрч щIыналъэм и мызакъуэу, ди республикэм и дэнэ лъэныкъуэкIи къикIыурэ щэхуакIуэ, зыплъыхьакIуэ къокIуэ, Къэрэшей-Шэджэсым, хамэ къэрал къикIа хьэщIэ зыбжанэрэ сиIащ.
Тыкуэным ехьэлIауэ мурад куэд диIэщ, ауэ псори дяпэкIэщ.
ГъэщIэгъуэнщ щIалэр сурэт щIыным зэрыхуэкIуар. Езым зэрыжиIэмкIэ, абы зэрыцIыкIурэ сурэт ищIу щытащ. Курыт еджапIэ нэужьым дзэ къулыкъум хуеджэну триухуами, и адэ-анэм творчествэм зрипщытмэ зэрафIэфIыр къыщыжраIэм, едаIуэри, хущIегъуэжакъым. КъБКъУ-м ГъуазджэхэмкIэ и институтыр дыщэкIыу къиухащ.
      Бзылъхугъэм зыкIэрилъхьэ дыщэхэкIхэращ абы лэжьэн зэрыщIидзар. Иджыпсту дыщэкI IэщIагъэр нэхъ лъэныкъуэ иригъэзауэ къэплъытэ хъунущ абы.
- IэщIагъэм гупсэхугъуэ къызиту сролажьэ, - жеIэ ди псэлъэгъум. -СыкъызэплъэкIыжа иужь, адэ-анэм я жыIэм сызэредэIуам сыщогуфIыкIыж. Зыгуэр щысщIым деж абы къыпэкIуэну сомракъым, атIэ ар зыхуэсщIым къызэрыщыхъунурщ сызэгупсысыр. Нэхъыщхьэр IэкIэ щIа лэжьыгъэм и щхьэхуэныгъэр, лъапIагъыр (ахъшэкъым зи гугъу сщIыр) цIыхухэм къагурыIуэнырщ.
Лэжьыгъэм сытезыгъэгушхуэхэм ящыщщ ар нэгъэсауэ слъагъуну сызэрыщIэхъуэпсыр. Си мыгъуагъэ нэхъыщхьэр - ар тхьэмахуэкIэ сщIын хуей лэжьыгъэр зы махуэм сухыну сызэрыхущIэкъурщ. Ди Iуэхум ущепIэщIэкIыныр щыуагъэщ. Нэхъыбэрэ зым зезгъэлIалIэу щытамэ, нэхъыфIу къызэхъулIэнкIи хъунт. Зэман къысхудэхуамэ, европей-жыпхъэм ит хьэпшыпхэм зеспщытынут. Ауэ зэманыр дапщэщи къызомэщIэкI.
Иджыпсту нэхъыбэу адыгэсэм, къамэм солэжь, абыхэм мамонтым и къупщхьэ, пхъэ гъуэтыгъуейхэр сэкъу яхузощI. Пасэрей адыгэхэм шы Iэмэпсымэхэм ягъусэу дыд зэрахьэу щытащ дапщэщи. Иджы а дыдыр сэм хэIуэнтIауэ щIын щIадзащи, куэдым яфIэфIу дагъэщI. Мы IэщIагъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр ди Iэужь цIыхухэм, лъэпкъым къахуэдгъэнэнырщ, - жеIэ Аслъэн ди псалъэмакъым и кIэухыу.
     Аслъэнрэ и щхьэгъусэ Къардэн Iэминэрэ я жьэгу пащхьэ дахэм зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу хъыджэбзитI щапI. Абыхэм куэдкIэ щIэгъэкъуэн къахуохъу Аслъэн и адэ-анэ Аркадийрэ Маринэрэ.
 «Хуэдэр зырызщ», - жыхуаIэм ещхь щIалэ IэпщIэлъапщIэм и зэфIэкI хэхъуэу, и IэзагъкIэ ефIакIуэу и унагъуэ дахэм, лъэпкъым и цIэр щылъапIэу псэуну дыхуохъуаухъуэ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также: