ТхьэкIумэкIыхьхэми зауэ иращIылIэ

XVIII лIэщIыгъуэм япэу Австралием щитIысыкIа инджылыз унагъуэхэм абы здашауэ щытащ тхьэкIумэкIыхь зыкъом.
Зэман дэкIри, тхьэкIумэкIыхьхэр бэгъуащ. Ахэр цIыхухэм яIэщIэкIат, мэзым щIэлъэдэжурэ, абы сыт хуейми ящIэу щIэст, мэз щхъуантIагъэм Iисрафыр къыхуагъакIуэу. Ауэрэ яшхын щамыгъуэтыжым, губгъуэмкIэ къагъэзащ, хадэхэр зэтрашхыхьу хуежьащ. Щымыхъужыххэм губгъуэхэри хадэхэри гъущI банэкIэ къахухьу щIадзат. Ауэ абыкIэ тхьэкIумэкIыхь лъакъуэр пхуэубыдынт! Зытеуэр джафэу къагъанэрт. Псэущхьэхэм япэмылъэщыж щыхъум, абыхэм зауэ иращIылIащ. КхъухьлъатэкIэ къащхьэщыхьэурэ къаукIырт, щхъухь зыхэлъ гъуэзкIэ ягъалIэрт. Япэ тхьэкIумэкIыхьхэр Австралием и щIыналъэм зэрихьэ лъандэрэ илъэс 200-м щIигъуа пэтми, нобэр къыздэсми а «зауэр» иухакъым.
Бзу щымыIэжым сыт тщIэнур?
Псэущхьэхэр зи шхыныгъуэ къуалэбзухэр зэтебукIэнкIэ Iэмал зэримыIэм щIэныгъэлIхэм зыкъом щIауэ дыкъыхураджэ. Ахэр щымыIэмэ, псэущхьэхэм я Iуэхур екIэкIуэнущ, сыту жыпIэмэ, дэнэ щIыпIэ щымыщэкIуами, абыхэм ягъэзащIэр санитар къалэнщ. Абыхэм я ерыскъыгъуэ нэхъыщхьэр псэущхьэ лIахэрщ. Псэухэм яхэуэн хуей хъуми, лъэрымыхьхэмрэ уз зэрыцIалэ зыпкърытхэмрэщ Iус яхуэхъур.
Зы къуалэбзу лIэужьыгъуэр гъэм и зэманым елъытауэ, зэм зэраныгъэ къыщишэ, зэми сэбэп щыхъу щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, мацIэхэм сэрмэлычыр яхэзылъхьэ бжэндэхъу пшэплъыфэм жызумейхэр «щаухъуэнщI» куэдрэ къохъу.
Какаду фIыцIэхэм хуабжьу гугъу ирагъэхьу щытащ Австралием щыпсэухэр, уэздыгъей мэзхэр щагъэкI зэманым. Мин бжыгъэкIэрэ мэзым теуэурэ, шыкIуртIымхэр зэщIакъуэрт. Ауэ какадухэм шыкIуртIым жылэу яшхыр мащIэт, къэнар жыгхэм кърадзыхырт. ЩIым утету шыкIуртIым къэпщыпмэ нэхъ тынштэкъэ, жыгым удэпщейуэ ахэр къыпыпч нэхърэ? ЩIэныгъэлIхэм апхуэдэ чэнджэщ цIыхухэм зэрырат лъандэрэ, абыхэм какаду фIыцIэм и Iуэху зэрахуэжыркъым.
Колибри цIыкIухэр-щэ! Абыхэм лей    мащIэ ятехьа, IэмыщIэ из мыхъу я фэ телъыджэхэм щхьэкIэ? Мин бжыгъэкIэщ ахэр зэраукIар, цIыхубз пыIэхэр ирагъэдэхэн щхьэкIэ.
Пащтыхьбзур колибрим нэхърэ зэрынэхъ ин щIагъуэ щыIэкъым, ауэ абы зэран хъу хьэпIацIэу, гъудэбадзэу мелуани 8-м нэс илъэсым зэтреукIэ. Щунэфри (щIым щыгъуалъхьэ, хьэпщхупщрэ гъудэбадзэкIэ ерыщ, къабзий цIуугъэнэ зытет къуалэбзу мыин) абыхэм нэхърэ мынэхъыкIэу йолэжь хьэпIацIэхэр гъэкIуэдыным. Пэжщ, ар абгъуэм джэдыкIэ илъу илъэгъуамэ, щыблэмыкIыф щыIэщ, бзу шырхэм щахэIэби къохъу.
Дунейр яхуримыкъуу гупышхуэу къэзылъэтыхьу щыта тхьэрыкъуэшхуэхэр дэнэ щыIэ? Абыхэм щIыпIэ хэха яIэтэкъым. Зэпымыууэ Iэпхъуэн, зы къэралым икIыу нэгъуэщI лъахэ лъэтэн - ара хуэдэт ахэр къызыхуигъэщIар. ЖаIэ, дей, мышхумпIей жыгхэр апхуэдэ тхьэрыкъуэ абгъуэхэм зэгуэр къакъутэу щытауэ, уэгум ит тхьэрыкъуэ гупышхуэхэм дыгъэр сыхьэт бжыгъэкIэ щыщIауфэ куэдрэ къэхъуауэ, Америкэм и къалэ гуэрым тхьэрыкъуэхэр махуиплI енкIэ щхьэщылъэтыкIа хуэдэу, къалэдэсхэм махуиплI псокIэ тхьэрыкъуэхэм ящэкIуэн, ахэр яукIын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зэрамыхуауэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм зыхуишар гущIыхьэщ: мы тхьэрыкъуэ лIэужьыгъуэхэм ящыщу къэнэжа закъуэр I9I4 гъэм дунейм текIуэдыкIыжащ.
ЗыкIи нэхъыфIкъым псыбзу дамэншэхэм иращIари. Къуалэбзу пшэрхэр мин бжыгъэкIэ щаукIащ Франджым, Испанием, Скандинавием, Исландием, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Иджы абы и фэ къуа нэхъ мыхъуми диIэжарэт жызыIэхэр мащIэкъым.
Китай мэкъумэшыщIэхэм къэралым бзу кърамынэжыну зэгуэр мурад ящIауэ щытыгъащ, гъавэ куэдыIуэ Iисраф ящI жаIэри. Ауэ гъатхэр къэсри зэрыщыуар къагурыIуэжащ. Бзухэм зыхалъхьэ щыIэкъым цIыв-пэкIыхь цIыкIухэр яшхыну. А еIуящIэ жьгъейхэм щIымахуэр щIы щIагъым щрах, гъатхэр къызэрихьэу, мыIэрысей гулъхэр псэупIэ ящIри, я джэдыкIэхэр щагъэтIылъ, гулъ къэс 20-м нэс хуэзэу. Зэман докIри, абыхэм цIыв балигъ къахохъукI. Бзууэ тIу фIэкIа хуейтэкъым жыг къэс, абы хищIа хьэпIацIэхэр зэщIакъуэну. Арати, бзухэр ежэу щызэтраукIа гъэм жыгхэм мыIэрысэ къапыкIакъым. Губгъуэхэми Iуэхур зыкIи щынэхъ щIэгъуакъым: хьэпIацIэр мыбыи щыбэгъуат. Бзухэм лей ирахар мэкъумэшыщIэхэм я щхьэм къыщеуэжым, хамэ щIыпIэхэм бзу кърашын хуей хъуащ…

ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
Поделиться:

Читать также: