«Зэманым и псыежэх»

Ар и фIэщыгъэу Санкт-Петербург и къэрал художественно-промышленнэ академие Штиглиц А. Л. и цIэр зезыхьэм и пэшышхуэм щагъэлъагъуэ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, модельер, дэрбзэр Сэральп Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэр.
Къэбэрдей-Балкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным, а лъапIэныгъэхэм цIыхубэр щыгъэгъуэзэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI Сэральп Мадинэ егъэлъагъуэ и IэрыкI фэилъхьэгъуэ 40-м нэблагъэ къызэрыщ сурэтхэр, 2020-2022 гъэхэм модельерым игъэхьэзыра адыгэ фащэ телъыджэ I5. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэм къыдэкIуэу, уигури уи псэри зыхьэхущ манекенхэм щатIэгъа лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр. Мы Iуэхур адыгэ фащэм и тхыдэм ехьэлIауэ Сэральпым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пызыщэщ.
Модельерым зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэжыным, зэман-зэманкIэрэ фащэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къихутэным щIэдзапIэ хуэхъуар XIX-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэмрэ траха сурэт хьэлэмэтхэрщ.
- Тхыдэ хъугъуэфIыгъуэм къыгуэхыпIэ зимыIэ лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я иджырей щыIэкIэхэр къэзыгъэщI, щIэх-щIэхыу зызыхъуэж модэм, дахагъэм и хабзэм къытемыкIыу, дэгъуэгурыкIуэф ди IэщIагъэлIхэм я мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэнщ, - жеIэ Урысей этнографие музейм и щIэныгъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Дмитриев Владимир. – Зи лэжьыгъэфIхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ дыкIэлъыплъ апхуэдэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ зырызхэм ящыщщ Сэральп Мадинэ. ЦIыхубэ фащэхэм я гъэхьэзырыкIэ хабзэми, фэилъхьэгъуэхэм япкъми, зэманым къигъэщI дахагъэм и щIэупщIэми емыпцIыж художник-модельерым и IэрыкIхэм я фIагъым зэрыхигъахъуэр нэрылъагъущ.
Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щигъэхьэзыра адыгэ фащэхэр щызэхуэхьэса «В реке времени», «Черкесские предания» гъэлъэгъуэныгъэхэр тIэунейрэ Санкт-Петербург и Этнографие музейм утыку къыщрахьащ. КъищынэмыщIауэ, Сэральпым и лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм и музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъу яхъумэ. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Иорданием щыпсэууэ модельерым и лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм абы и фэилъхьэгъуэхэм щыщхэр хуэсакъыу зэрахьэ.
Выставкэр щэкIуэгъуэм и 24-рэ пщIондэ лэжьэнущ. Сэральп Мадинэ лъэпкъ фащэхэм теухуа лекцэ зыбжанэ щригъэкIуэкIынущ щэнхабзэм и къалащхьэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: