Мэрзей Аслъэнбэч и лэжьыгъэщIэ

«Адыгэхэм я зауэлI щэнхабзэр къызэрежьамрэ зэрызиужьамрэ» - апхуэдэу зэбдзэкI хъуну къыщIэкIынщ урысыбзэкIэ «Генезис и эволюция традиционой военной культуры черкесов» тхылъым и фIэщыгъэр. Тхыдэ жыжьэм къыкIуэцIрех Мэрзейм и цIыхущхьэм зэи емыпцIыжа уэркъ щауэм и дуней тетыкIэмрэ абы къару хуэхъу гупсысэкIэмрэ. Нэхъ пасэу тхыдэджым и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэ зекIуэ» (2004) тхылъым щригъэжьа Iуэху еплъыкIэм зыщрегъэужь щIэныгъэлIым мы лэжьыгъэми.
ЩIэныгъэлI лэжьыгъэм узэрыщымыгугъауэ, Стивенсон, Верн, Рид, Конан-Дойл сымэ я романхэм ещхьу, жьы щIэту зэрех Аслъэнбэч и лъэпкъым теухуауэ ихъумэ гупсысэ гъэтIылъахэр. УрысыбзэкIэ зэрытхам лэжьыгъэр хамэм нэхъ хуэгъэзауэ къыпфIегъэщI. Ар зэран хъуркъым дэтхэнэ зыми тхылъым и напэкIуэцIхэм зыкъыщицIыхужынымкIэ. 
Дэнэ щыщ адыгэми и лъэгум банэу хэлъщ лей зытехьа лъэпкъым ар хуэфащэу къыщыщIа хуэдэу къагъэлъэгъуэн папщIэ, трагъэIукIа цIэ мыхъумыщIэхэр. «Абрэдж», «хъунщIакIуэ», «хьэIуцыдз» псалъэхэм хуэдэу лъэпкъым кIэрагъэпщIа политикэ хъуэрхэм дзыхьышхуэ яхуэпщI зэрымыхъунум тепсэлъыхьурэ, Мэрзейм тхылъеджэм гурыIуэгъуэ щещI адыгэ зауэлIым, «уэркъ щауэ» хъужым, дунейм щыцIэрыIуэ хъугъуэфIыгъуэхэм яхыубжэну зэрыхуэфащэр. Ухуитщ ар «япон самурай», «урым пират», «бгырыс абрэдж» мыхьэнэхэм хуэбгъэкIуэнуи. Ауэ лъэныкъуэкIэ къаплъэм IэщIэкIыу, лъэпкъым щыщым зыхищIэу, уэркъ щауэм бгъэдэлъыр дэзыгъэцIыху щIэныгъэлIыр езыри зытепсэлъыхьым зэрищапхъэр и псалъэм щIэлъ къарум уи фIэщ ещI. Дауи имыщIынрэ? Аслъэнбэч адыгэлIым и шыфэлIыфэм псэ къыхэзыгъэхьэжа, ар нобэрей дунейм езыгъэзэгъа цIыху щапхъэ къудейкъым. И тхыдэдж щIэныгъэр и псэукIэм теплъагъукIыу, лъэпкъым дыгъуаси, ноби, пщэдеи зэриIэм и нэщэнэу, Мэрзейр узыдэплъеипхъэ цIыхуу жылагъуэ гъащIэм хэтщ. И къару къызэрихькIи, езыр зи щапхъэ щIэныгъэр дунейм щызэбгрегъэкI. 
НапэкIуэцI 400-м иригъэзэгъащ Аслъэнбэч «адыгэ щауэм и образыр». Тхылъым псалъэуха щIагъуэ къибджыкIыркъым, кIахэхэми жаIауэ, гур имыгъэлъэпэрапэу. Тхыдэр зимыхамэ псори щыгъуазэ хуэдэу щытщ щIэныгъэлIыр зытепсэлъыхь цейми, фочхэми, сэшхуэхэми, къинэмыщI адыгэ зэуэкIэ хуэIухуэщIэхэми. Ауэ Мэрзейм хуэдэу абы и мыхьэнэ куур зи псэм пхыкIыу щIэныгъэлIыбзэм изыгъэзэгъэфахэр мащIэ къудейкъым, закъуэтIакъуэххэщ. «Адыгэхэм я зауэлI щIэнгъуазэ» фIэпщыфынущ зи гугъу тщIы тхылъым, апхуэдизкIэ къанэ щымыIэу уэркъ щэнхабзэм и лъэныкъуэ псоми и нэр техуащ щIэныгъэлIми. 
Iыхьихыу зэхэгъэуващ Мэрзейм и IэдакъэщIэкIыр: «Зауэм адыгэ гъащIэм щиубыд увыпIэмрэ адыгэ зауэлIым лъэпкъым и пащхьэ щиIэ пщIэмрэ», «ЗэуэкIэ хабзэр», «Шымрэ шум и узэдыкIэмрэ», «ЩIалэр зауэлI гъащIэм зэрыхуагъэхьэзырыр», «Адыгэ уэркъхэр хамэ къэралыдзэхэм хэпщIа зэрыхъуамрэ абыхэм я зауэлI хабзэм хэлъхьэныгъэу хуащIамрэ». Тхылъыр зэхуещIыж «ЗекIуэм пыщIа дин хуэIухуэщIэхэм». 
ЦIыху щхьэхуэм ещхьщ лъэпкъри. Хэт къагурыIуэну, ищIа псори фIым хуахьыну щIэмыхъуэпсыр? КъагурымыIуэм щошынэ, зыщышынэм пцIы тралъхьэ. Ауэ щыхъукIи, я нэ къыфIэнар IэщIапхъуэт. Адыгэр быдэкъым. Узэхъуэпсар игу пыкI къудейкъым, ар къыуитыныр и лъэпкъ хьэлщ. Уеблэмэ фIыщIэ умыщIми едэ, уэ абы нэхъыфI уищIмэ. Сыт дигу хигъэщIын щIыхуейр лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ адыгэхэм къебгъэрыкIуа псоми лъэпкъым зыгуэр зэрыбгъэдахам, абы ей гуэр зрахьэлIэмэ, езыхэр ефIакIуэу къызэралъытам?! Ди къару илъыгъуэу щытамэ, «къыддоплъей» тхужыIэнурэ, дигу хэхъуэнут. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ ди къарууншэгъуэщ, ди дэхуэхыгъуэщ, ди тхьэмыщкIэгъуэщи, «къытфIадыгъу» жыдоIэ. Мэрзейм дигъэлъагъу тхыдэ жыжьэм хэтахэм ещхьу, кIуэдыжынкIэ дымышынэу бзэ къулей, щэнхабзэ пхуимыудыжын, хамэм дэмыплъей щIалэгъуалэ, ущызымыгъэуэжын нэхъыжь дрикъуу диIамэ, иджыри ди гур утIыпщауэ дыхущытыфынут адыгэшым – къэрэшеиш, адыгэ фащэм – балъкъэр фащэ, джэд лыбжьэм – осетин шхыныгъуэ, адыгэ цейм – къэзакъ щыгъын зэрыфIащым. Дэри дыкъызыхэкIахэр зэрымынэхъыкIэр, драгъэкIуэтыпауэ щытми, ар лIыгъэншагъэм зэримынэщэнэр гупсысэ нэхъыщхьэу кIуэцIрех Мэрзейм и тхылъым и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэс. 
 ТхылъыщIэ утыку къыщитхьэкIэ, абы щыщ пычыгъуэу ди нэ къыфIэнахэм газетеджэми гу лъедгъэтэну тфIэфIщ. Аслъэнбэч и тхылъыр пычыгъуэ-пычыгъуэу, псалъэуха-псалъэухауэ мы дунеишхуэм тупхъэну уасэ иIэкъым. АдыгэцIэм хуэмыфащэу къыкIэрыпщIа бжьыгъэхэр кIэригъэкъэбзыкIыжащ, и напэ итхьэщIыжащ жыпIэныр мыпсалъэшхуэIуэмэ, щIалэм и зэфIэкIым нэхъыби хуэфащэт. 
 Достоевский Фёдор зы жыIэгъуэ цIэрыIуэ иIэщ Сервантес и «Дон Кихот» романым теухуауэ. «Дунейр къутэжрэ, сыт цIыху цIыкIум фхузэфIэкIар жиIэу ди Тхьэр къыдэупщIмэ, Сервантес и тхылъыр хуэтшиинщи, мыпхуэдэу жытIэнщ: «Мис, мы тхылъыр ттхащ!» А псалъэ шэрыуэр уигу къегъэкIыж Мэрзейм и лъэпкъ ухеижыкIэми. «Сыт адыгэхэм фхузэфIэкIар?» - жаIэу, дыхагъэзыхь хъумэ, дэри жэуап еттыфынущ: «Мис, мы тхылъым гурыIуэгъуэу итщ дэ къыддэфлъэгъуа псори щытщIэм дигу Iей зэримылъар. Дыщыхилъафи дыщытекIуи цIыху сурэтым дикIыным нэхъ дызыщымэхъэша зэрыщымыIар». 
«Пэжщ, адыгэхэр щрагъэкIуэтащ абдежым, - щетх Аслъэнбэч напэкIуэцIхэм я зым. – Ауэ а икIуэтыкIэр, Монтень зэрыжиIауэ, текIуахэр зыщIэхъуэпс икIуэтыкIэт». 
«СытекIуэ закъуэмэ, ар дапхуэдэуи ирехъу» гупсысэр къемызэгъщ адыгэ зауэлIым дежкIэ, - дыкъыщоджэ нэгъуэщIыпIэ деж. - Уэркъ хабзэм утемыкIыу зауэзэрылIым ухэкIуадэмэ, абы ущыхилъэфауэ къикIыркъым. ЗэпэщIэува къарухэр зэхуэмыдэу, узэрыхэкIуэдэнур гурыIуэгъуэу щытми, узэуэн хуейщ. Мызауэу зитыныр Iэмал зимыIэщ уэркъ щауэм дежкIэ, и напэр къэзыхъумэн мамырыгъэ е зэгурыIуэныгъэ къыхуамыгъэтIылъмэ. Апхуэдэу ухэкIуэдэным пщIэуэ пылъыр нэхъыбэщ, Iэщэр птрахыу пщылIыпIэм урагъэувэным нэхърэ». «ЛIэныгъэр – хуитыныгъэщ», - жаIэ адыгэ зауэлIхэм». 
 Мэрзейм и тхэкIэм уигу лейуэ зэрыхигъахъуэ Iэмалу хэтщ адыгэ тхыдэм и напэкIуэцI къэс Iуэху еплъыкIэ куу зэрыбгъэдилъхьэр. Уеблэмэ адыгэм и тхыдэр зы цIыхум и натIэ къратха хъыбарым ещхьу, жыжьэри гъунэгъури щызэрипхыу гъэщIэгъуэну зэхеухуанэ. А гупсысэр тIуащIэу щыпэжщ тхылъыр къыщыдэкIа 202I гъэм илъэс 505-рэ ирикъуа Мардж Дабикъ зауэзэрылIым теухуа Iыхьэм. Адыгэ щIалэхэр Мысырым къызэрыщыхутэу щыта гъуэгум, абы щыIэ щэнхабзэм бзэр ямыщIэу зэрыхэзагъэм, зэрызахъуэжым, къинэмыщIхэм тепсэлъыхьурэ, щIэныгъэлIыр бгъэдохьэ шэрджэс мамлюкхэм я кIуэдыжыгъуэми. А адыгэ лIыгъэм и иужьрей гъыбзэр апхуэдизкIэ Iэзэу къреш Аслъэнбэчи, ярэби, мыпхуэдиз икIуэтыныгъэр адыгэ муслъымэным къыщIритар нэхъри нэхъ цIэрыIуэ, нэхъри нэхъ щапхъэ лъагэ ищIын щхьэкIэу пIэрэт жыуегъэIэ. 
«Адыгэ гупсысэкIэмрэ абы и философиемрэ нэгъэсауэ наIуэ къыщыхъуащ Уэсмэн къэралыгъуэм езэуа адыгэ мамлюк пащтыхьыгъуэмрэ иужькIэ Урысей империем пэщIэува Адыгэ Хэкумрэ щекIуэкIахэм. А тIуми лъэпкъыр щызэтракъутэри адэ-модэкIэ щызэбграпхъащ: I5I7 илъэсми, I864 гъэми», - жеIэ Мэрзейм. – Хъуэткъуэ Самир зэреплъымкIэ, I5I7 гъэм къэхъуамкIэ лъэпкъыр I864 гъэм къыщыщIынум хуигъэхьэзыру арат ухыгъэм. Абы щыгъуэ лъэпкъым и зы Iыхьэм къыщыщIар иужькIэ зэрылъэпкъыу зыхищIащ». 
Мэрзейм и лэжьыгъэр куу щхьэкIэ, бзэ тыншкIэ зэрытхам, хъыбархэмрэ шыпсэхэмрэ, усэхэмрэ псалъэжьхэмрэ куэду зэрыхэтым щIэщыгъуэ ящI. Тхылъыр зэхуещIыж и кIэм ит псалъалъэ-гуэдзэным. Ар сурэткIэ ягъэщIэращIэ адыгэ тхыдэм зи цIэр къыхэщ лIыхъужьхэм, адыгэ IэщэхэкIхэм, кхъухьхэм, мэIухэм, къинэмыщI уэркъ шыфэлIыфэм я дамыгъэхэм. 
 Имыухын гъащIэ щыIэкъым ипэжыпIэкIэ. Адыгэ щауэм и псэукIэр армырами зауэзэрылI зэкIэлъыпытщ, напэ иIэу ирихьэкIа дуней Iыхьэр уэркъым зэрыхуэфэщэну иухыу. ГъащIэр щыуэфIи, щыуэлбани, цIыхур зыгуэрым пэщIэтын хуей мэхъу. Захуэр къуаншэм пикIуэт щыхъуну зэмани къэхъуакъым. Ар уи еплъыкIэмэ, мыхьэнэ иIэкъым сыт хуэдэ лъэхъэнэм ухиубыдами. ТекIуари ар зытекIуари малIэ. Дэнэ щыIэ нобэ Ермоловыр? Засс? Николай? Александр? «Фэ фи лIахэр мафIэм хэтщ, дыдейхэм жэнэтыр я унапIэщ», - жызыIам ещхьу, сэшхуэр зи къалэмми, къалэмыр си сэшхуэми плъапIэу яIэр а зыращ – ялъэкI къызэрамыгъэнар къагурыIуэну. «Хахуэу, уи псэ уемыблэжу узэуэныр уэркъ щауэм и къалэнщ, - етх Мэрзейм. - ТекIуэныгъэр зи IэмыщIэ илъыр Алыхьращи, ар сытым дежи нэхъ хахуэм Iэрыхьэу щыткъым». 
Дунейм езым нэхърэ нэхъ лъапIэу зыгуэр зэрыкIуэцIыгъэпщкIуар, гъащIэр нэр зытепщIыпщIыкI а мыщIэ лыдым и къэухь къудейуэ зэрыщытым и щыхьэткъэ а псалъэухар?! СытынкIи хъуну а мыщIэр? ПщIэ? Мылъку? ЩIэныгъэ? Узэреплъщ. Мэрзей Аслъэнбэч и тхылъым ар напэ къабзэрауэ жыдегъэIэ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: