Аргуэру анэдэлъхубзэм теухуауэ

«Адыгэ псалъэм» и къыдэкIыгъуэ щIагъуэ дунейм къытехьэ къыщIэкIынкъым, мащIэми куэдми, бзэм и Iуэху къыщыдмыIэту. Анэдэлъхубзэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуеймкIэ димыакъылэгъууи куэд дрихьэлIакъым. Ауэ а псори дызытегузэвыхь Iуэхур сыт хуэдэ щIыкIэкIэ гъэзэщIа зэрыхъунур? СССР-м хэкIыжа союз республикэхэм зыгуэркIэ дадэплъей хъуну пIэрэ? 
Зы тепщэр текIыу, адрейр абы иужь къыщиувэкIэщ япэрейм и дагъуэхэм тепсэлъыхьыну цIыхухэм жьэ щагъуэтыр. Зи гугъу ящIыр бзэрауэ щытми, къэзахъ депутатхэм илъэс 30-кIэ яхузэтрихьа гукъанэхэр зэтрахыж. «Илъэс 30-м и кIуэцIкIэ Iэмал къытхуэгъуэтын хуеящ къэзахъхэм ящыщу процент 99-м къэзахъыбзэ едгъэщIэну», - я щхьэ хуэшхыдэж хуэдэурэ, Iуэху зэхэзэрыхьахэр утыку къащI депутатхэм. 
«Мамыру дыпсэуныр нэхъапэщ, жытIэри, зэгурыIуэныгъэм и хьэтыркIэ, анэдэлъхубзэм зыхэдгъэкIыжащ. Бзэр ямыщIэми, Iуэхукъым, жытIэрт, Iэуэлъауэншэу дыщызэдэпсэукIэ. Иджы узэгурыIуэныр кIуэ пэтми нэхъ гугъу мэхъу. Бзэр нэхъыбэм зэрамыщIэм къаугъэ къыхокI». 
Апхуэдэ гупсысэхэр утыку къизыхьэ Казыбек Иса конституцэр хъуэжауэ, къэзахъыбзэм и закъуэ къэралыбзэу къэгъэнэн хуейуэ къелъытэ. 
Политолог Ашимбаев Данияр абыкIэ акъылэгъукъым. Анэдэлъхубзэ идогъащIэ жытIэурэ, а яIурылъ тIэкIури яфIэдгъэкIуэдынкIэ шынагъуэщ, жеIэ бы. 
«Фигу къэзгъэкIыжынщи, - щетх Данияр и напэкIуэцIым, - Къэзахъстаным бзэм зыщегъэужьыным хуэунэтIауэ 2020 - 2025 гъэхэм зыхуигъэувыжа къэрал программэм ипкъ иткIэ, 2022 гъэм цIыхубэм я процент 92-р къэзахъыбзэм ирипсэлъэфу хъун хуейщ. Программэм мылъкуу хуаутIыпщащ тенге мелард I6,9-рэ. КъызэрапщытамкIэ, 20I8 гъэм къэзахъыбзэ зыщIэхэр зэрыхъур процент 85,9-рэ къудейт. Урысыбзэ зыщIэр – процент 92,3-м нэсырт. Iуэхур зыIутращи, къэзахъыбзэр нобэми уэршэрыбзэ къудейуэ къонэ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? 
Жэуапыр гъуэтыгъуейкъым. Япэрауэ, бзэм елэжьхэм ящIэм арэзы укъищIыркъым. ЕтIуанэрауэ – къэзахъыбзэр къэралыбзэу щытми, зэрызиужьын Iэмал щхьэпэ щыIэкъым. ЦIыхухэм къащIэну зыхуейр урысыбзэрэ инджылызыбзэкIэ нэхъ тыншу къаIэрохьэ. 
Бзэр щIэблэм зэрырагъэдж тхылъхэмрэ ар зэрыбгъэдалъхьэ методикэмрэ иритхьэусыхэхэм я макъ куэд щIауэ зэхыдох. Гу лъытэгъуафIэу, «къэрал заказ» жыхуаIэ тхылъ тедзэкIэм «мафием» ещхьу зы лэжьэкIэ гуэр щызэфIэуващ. Зы лъэныкъуэкIэ, ахъшэ зыщIатыпхъэм щIат, «мыпхуэдиз, мопхуэдиз тыдогъэкIуадэ» отчётхэр зэхыдамыгъэхыу къанэркъым. УакIэлъыплъыпэмэ, «хъуркъым-щIэркъым» жаIэу, я фIэщу бзэм тегузэвыхь защI щхьэкIэ, Iэмалыр зыIэщIэлъым къыфIэIуэхур нэгъуэщI зыгуэрщ.
Пэжым хахуэу Iуплъэн хуейщ. Мыхьэнэ зиIэ художественнэ тхыгъэ, щIэныгъэ лэжьыгъэ, еджакIуэхэм папщIэ тхылъ анэдэлъхубзэкIэ езыр-езыру къыщыкъуэмыхунукIэ, дызыхэдэфынур диIэращ. Урысыбзэмрэ къэзахъыбзэмрэ зэдэууэ цIыхухэм зэраIурылъым мамырыгъэри ехъумэ, хъу-мыхъуми, Къэзахъстаныр цивилизацэм къыкIэрымыхуу егъэпсэу. А щыIэращ зэлIэлIэни зызыужьыни хуейр, армыхъумэ, хэкулI нэпцIхэм задедгъэкIуу, тIэщIэлъ тIэкIуми зыхэдгъэкIыж хъунукъым. Урысыбзэм Къэзахъстаным щыпсэу цIыхубэр зэрепх, мамыру зэдегъэпсэу, зыужьыныгъэм и гъуэгум трегъэт. Абдежым къыщыщIэбдзэу, адэкIэ укIуатэмэ, нэхъыфIщ, пщэдеи пщэдеймыщкIи уи Iэ зылъэмыIэсыну ныбгъуэм и хьэтыркIэ, нобэрей бзур зыIэщIэбгъэлъэтыж нэхърэ. 
 Бзэм и политикэ Iуэхур зыгуэркIэ спортым ещхьщ. Сабий-ныбжьыщIэ спортым зумыгъэужьу, «лъэрызехьэхэм» сом мелард бжыгъэ ятебгъэкIуадэмэ, «спортым хуэщIа къэралу» зыбгъэIуфынущ. Ауэ адрей псомкIи уакъыкIэрыхунущ. Апхуэдэ дыдэу, лэжьыгъэм, щIэныгъэм, IэмэпсымэщIэхэм уемылэжьу, промышленностымрэ къэрал унафэ щIыкIэмрэ иумыгъэфIакIуэу, ауэ щыхъукIэ «ди бзэр мэкIуэдыж» жыпIэурэ анэдэлъхубзэм къыхуаутIыпщ ахъшэхэр зэпхьэлIэмэ, бзэри абы ирипсалъэхэри кIуэ пэтми хэкIуэдэжыну фIэкIа, фIым ухуишэнукъым». 
Бзэм зиужьын папщIэ къаутIыпщ ахъшэм абы и Iуэху дэзыгъэкIыпхъэ къулыкъущIэхэм хэмыIэбэу яхуэшэчынукъым – аращ Ашимбаевым къыдгуригъэIуэну зыхуейр. 
«Зэхуэсышхуэхэр щIрагъэкIуэкIыр «цIыхубэм я гукъыдэжыр мыращ» жаIэу, ахъшэ нэхъыбэ къэралым кърагъэутIыпщын щхьэкIэщ, езыхэм я жып нэхъыбэж иралъхьэн хуэдэу. Абыхэм дащывмыгъэгугъыу, а диIэ мащIэр дывгъэхъумэж, ар урысыбзэрауи къэзахъыбзэрауи щрети». 
 Дэри зыгуэркIэ даремыщхьу пIэрэ Данияр зызыхуигъазэ къэзахъхэм?!
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: