Нобэ

Гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ

1699 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ дэтхэнэ цIыху щхьэхуитми дзэм къулыкъу щищIэну Iэмал зэрыратым теухуа унафэ.

1842 гъэм Урысейм и император Николай Езанэм Iэ щIидзащ Нева псым япэ лъэмыжыр телъхьэным теухуа унафэм.

1866 гъэм Къэбэрдейм мэкъумэшыщIэхэр пщылIыпIэм щрагъэкIащ.

♦Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик цIэрыIуэ, 1956 - 1985 гъэхэм КъБР-м и УнафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.

♦Совет футболист икIи гъэсакIуэ, СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Бесков Константин къызэралъхурэ илъэс 102-рэ ирокъу.

♦Кинорежиссёр цIэрыIуэ, сценарийхэр зытхыу щыта, СССР-м и цIыхубэ артист Рязанов Эльдар къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.

♦Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыгъуэн Рашад къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.

♦Журналист, тхакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъ Нурбий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.

♦Композитор, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Натхъуэ Жанхъуэт и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.

♦Композитор, УФ-м, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артист, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Нэхей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.

♦УФ-м и ХъумапIэ банкым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Урысбий Хьэмидбий и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.

♦Урысей биатлонист, дуней псом щэнейрэ и чемпион, Олимп Джэгухэм дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщызыхьа Черезов Иван и ныбжьыр илъэс 42-рэ ирокъу.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 16, жэщым градуси 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЛIыр лIыуэ мэлIэж.

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ