Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм и гъащIэ гъуэгур

1917 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м Джылахъстэнейм хыхьэ Дей къуажэм къыщалъхуащ. Пасэу зи адэр зыфIэкIуэда щIалэ цIыкIур сабий унэм иратащ, иужькIэ Мэртэзей (иджы - Тэрч) дэт мэкъумэш еджапIэм ягъэк1уащ. 
1931 гъэм Тимборэ агромелиоративнэ техникумым щIотIысхьэ.
1934 гъэм Новочеркасск дэт инженер-мелиоративнэ институтым ягъакIуэ, ауэ илъэс фIэкIа щемыджэу, Орджоникидзе (иджы - Владикавказ) дэт Мэкъумэш институтым зрегъэдзыж. 
1940 гъэм Шэшэн-Ингуш Республикэм хыхьэ Кантышевэ къуажэм дэт машинэ-трактор станцым агроном нэхъыщхьэу, иужькIэ абы и унафэщIу лэжьащ. А гъэ дыдэм дзэм яшащ. 
1940 - 1946 гъэхэм советыдзэм хэтащ, Хэку зауэшхуэм и зэманым фронтым Iутащ. 
1946 гъэм партым и Къэбэрдей обкомым и Куба райкомым и унафэщIу ягъэув. 
1949 гъэм партым и Къэбэрдей обкомым и секретару, мазэ бжыгъэ докIри - етIуанэ секретару ягъэув.
1953 гъэм, зэрылажьэм хуэдэурэ, КПСС-м ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр (ВПШ) къеух. 
1952 - 1956 гъэхэм Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIщ. 
1956 - 1985 гъэхэм партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару мэлажьэ. 
1985 гъэм езым и лъэIукIэ IэнатIэм къыIуокIыж.
1999 гъэм фокIадэм и 20-м дунейм ехыжащ.

Хэмыгъуэщэжын лъэужь нэху

БлэкIа илъэси 100-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и пашэу щытащ цIыху акъылыфIэ, гуащIафIэ куэд. Тхыдэм и лъэхъэнэ къэс цIыхум къыхуегъэув къалэныщIэхэр. Сыт хуэдэу ахэр щымытми, щIыналъэ унафэр зыIэщIэлъахэм, ноби а IэнатIэм пэрытхэм я дежкIэ ар зыщ дапщэщи: республикэм зегъэужьын, абы щыпсэухэм я гъащIэр нэхъ тынш щIын, я псэукIэр егъэфIэкIуэн.

А IэнатIэ гугъум пэрыта дэтхэнэми лъэкI къигъэнакъым абыкIэ. Ахэр хущIэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ нэхъ екIу дыдэхэм хегъэлъытэным, зэманым хуэфащэу адэкIи зегъэужьыным, зыхэт Урысей Федерацэм и субъект нэхъ зэпэщхэм ар яхэгъэхьэн папщIи куэд зэфIагъэкIащ.

Лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсу щытахэм ящыщщ ди республикэм и унафэщIу илъэс 30-м щIигъукIэ лэжьа Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэр (1917 - 1999).  Абы и цIэм епхащ республикэм и тхыдэмрэ илъэс зэхуэмыдэхэм абы игъуэта зыужьыныгъэмрэ. Аращ абы бгъэдэлъа Iуэху зехьэкIэмрэ иIа цIыху хэтыкIэмрэ ноби куэдым я гум щIилъыр. И къару емыблэжу зыхуэлэжьа республикэм и тхыдэм и Iыхьэшхуэщ абы и гъащIэр, къигъэна Iэужь купщIафIэри ди щIыналъэм и напэкIуэцI нэхъыфIхэм халъытэ.

Хэку зауэшхуэм къыкIэлъыкIуа илъэсхэращ Мэлбахъуэм и зэфIэкIхэр нэхъ шэщIауэ къыщызыкъуихар. 40 гъэхэм я кIэухым ар ирагъэблэгъащ партым и Къэбэрдей обкомым и секретару, мазэ бжыгъэ дэкIри, етIуанэ секретару ягъэуващ. Илъэсищ дэкIри, Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщI хъуащ икIи а къулыкъу лъагэр къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ илъэси 4-м щIигъукIэ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Мэлбахъуэм.

КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару щылэжьа зэманыр гукъинэжт республикэми абы и цIыхухэми я дежкIэ. Абы щыгъуэ хэпщIыкIыу ефIэкIуауэ щытащ псэукIэр, промышленностми, мэкъумэшми, ухуэныгъэ Iуэхухэми щIэуэ къудамэ куэд къыхыхьащ, щэнхабзэм, щIэныгъэм къыпхуэмыцIыхужыну захъуэжащ. Ди республикэм щаухуауэ щытащ заводхэр, фабрикэхэр, вольфрамрэ молибденрэ къыщыщIахыу Тырныауз дэт комбинатышхуэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу халъытат.

Зэрихьэ къулыкъу лъагэм екIуу бгъэдэтт Мэлбахъуэ Тимборэ, республикэм и мызакъуэу, Совет Союз псом хьэтырышхуэ щиIэу. Абы и бгъэдэлъ зэфIэкIышхуэм и лъабжьэт щIэныгъэрэ Iущагъыу хэлъыр, и Iуэху зехьэкIэ телъыджэр. Зи пашэ республикэр гурыгъуазэкIэ апхуэдэу фIыуэ ицIыхурти, дэтхэнэ лэжьакIуэ гупми, IуэхущIапIэми, къуажэми я Iуэху зыIутыр ищIэрт. Мэлбахъуэр набдзэгубдзаплъэт, ткIийт лэжьыгъэ IуэхукIэ, ауэ щыхъукIи цIыхухэм ящысхьырт, лэжьыгъэм хуаIэ гукъыдэжыр яфIэмыкIуэдын хуэдэу. Тимборэ цIыхубэр Iуэхугъуэшхуэм хузэщIигъэуIуэфырт, и ужь къиувэхэм пщIэрэ щIыхьрэ къаригъэлэжьырт. А зэманым республикэм иIа сыт хуэдэ ехъулIэныгъэри епхащ а цIыху щэджащэм и цIэм.

УнафэщI Iэзэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, жэуаплыныгъэр зыхэзыщIэ цIыху пэжу щыта  Мэлбахъуэ Тимборэ и гъащIэ купщIафIэр ноби щапхъэщ къытщIэхъуэ щIэблэхэм я дежкIэ. ХэмыгъуэщIэжын лъэужьу абы къытхуигъэна щIэинри и фэеплъ нэхури.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также: