Сыту пIэрэ къикIыр?

Буший. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэр зи къежьапIэ Шахэ бгыщхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпс цIыкIухэм ящыщ зым апхуэдэу йоджэ. Километри 8 хуэдиз и кIыхьагъщ. И къуэладжэр псыкъелъэ цIыкIухэмрэ жьанэ IузэвхэмкIэ бейщ.

 

ФIэщыгъэр къызытехъукIар къэтлъыхъуэн мурадыр диIэу, къызэгуэтха тхылъхэмрэ Интернетым дызыщыхэплъа тхыгъэхэмрэ къыщыдгъуэта мащIэм я гугъу тщIынщ.

Абхъаз-абазэ бзэхэр зыджхэм «Буший» псалъэр щызэпкърахкIэ, «Бу» пычыгъуэм халъагъуэр абазэми убыхми я деж щызекIуэу щыта Буа//Буаа лIакъуэцIэм зэреджэрщ. Абыхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Буший»-м и «ши», «ший» Iыхьэр  абазэ-убыхыбзэхэм хэт «шIуы» псалъэм, ­«зэщIэщтыхьа», «щIыIэ» мыхьэнэхэр къызэрыкIым, хуэхьыпхъэщ. Ауэ щыхъукIи, щIыпIэцIэм зэрыщыту дызэрегупсыс хъунур, «Буа//Буаа лIакъуэм я псыхъуэ щIыIэ» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.

Мыдрейуэ. Дэ дызэреплъымкIэ, псы бгъунж цIыкIум зэреджэр адыгэбзэкIэ къыдгурызыгъэIуэну хущIэкъухэм «бужы» («бужы» - жыг лIэужьыгъуэщ) псалъэпкъыр къагъэсэбэпынри хэлъщ. АрщхьэкIэ, тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, мы щIыпIэм щыпсэуахэм я нэхъыбапIэр убыхрэ абазэбзэм ирипсалъэ цIыхухэр арауэ щыщытакIэ, дэ къыдолъытэ ищхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэр мы фIэщыгъэм нэхъ хуэхьыпхъэу.

 

 

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться: