Хэкужьым и гъуэгужьхэрАнапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэнэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ. АдыгэщIым тIасхъэщIэхыу ита, артиллерием и генерал Новицкий Георгий 1830 гъэм дунейм къытригъэхьауэ щыта и тхыгъэхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ: «…Анапэ къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэсыху адыгэ щIыналъэ псоми выгукIэ ущызекIуэ хъунущ. Езы къэбэрдейхэри Анапэ къыщыкIуэ куэдрэ къохъу, тыркухэм сату дащIын папщIэ». Выгухэм, шыгухэм папщIэ яукъуэдия гъуэгухэр, егугъуу икIи зы мардэм тету зэраухуамкIэ, шу-лъэс лъагъуэхэм къащхьэщыкIырт. Гъуэгухэр зэдэзыщIыр зэпэщыс къуажэхэм щыпсэухэрат, гухэр иризэблэкIыфын хуэдэу. Тхыдэдж, лъахэхутэ Дьячков - Тарасов Александр и тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщат «абазэхэхэм выгу гъуэгухэр шытх тхыцIэхэм ирагъэкIуэн яфIэфIу» зэрыщытар. А псалъэхэм я телъхьэу къоув а зэманым Екатеринодар (Краснодар) дэта ЦIыхухъу гимназием 1897 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу щылэжьа Борчевский Семён: «ХъупIэжьий (Геленджик) пэмыжыжьэу «Папай» цIэр зезыхьэ Iуащхьэм (метр 819-рэ и лъагагъщ) дыщыхуэкIуэм, сэ слъэгъуащ шэрджэс гъуэгужьым къыхэнэжахэр. … Ахэр иризэхэзекIуэгъуафIэу щытауэ пхужыIэнутэкъым, лъагащэу зэраIэтам къыхэкIыу. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы гъуэгум хуэдэхэр шэрджэс щIыналъэхэм я бгылъэ щIыпIэ псоми зэрыщыIар». Бгы щыгухэм гъуэгухэр ирагъэкIуэныр, шэч хэмылъу, щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхэкIауэ щытащ. Япэрауэ: а зэманым абазэхэхэм я нэхъыбапIэр Лабэ, Щхьэгуащэ, Пщыхьэ, Пшыш, Псэкъупс я псыхъуащхьэхэм дэсащ. Ахэр иризэкIэлъыкIуэну къурш щхьэдэхыпIэхэр куэдкIэ нэхъ тыншт. ЕтIуанэрауэ, мыбдежым щIыр щынэхъ быдэщ, щыуэтIпсытIхэми къэмытIатIэу. Ещанэрауэ, зекIуапIэхэр шытх щыгухэм зэрытращIыхьым зауэ зэманым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт: зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэ шэрджэс щIыналъэм щыпсэухэр абыхэмкIэ шынагъуэншэу иризэкIэлъыкIуэрт. Псыжь мыдрыщIкIэ щыIэ тафэ щIыпIэхэм щыпхаша гъуэгухэр адыгэщIым къафIихьэ урысыдзэхэм, топхэр зыщIыгъухэм, зэхафыщIэрт, бжьыхьэ уэлбанэрилэм деж къахэнэж щIагъуэ щымыIэу. Урысей къэралыгъуэжьым и гъунапкъэхэр Кавказым гъунэгъу къыщыхуэмыхъум, адыгэхэмрэ Кърым хъаныгъуэмрэ сату IуэхукIэ быдэу зэпыщIат. Абы къыхэкIыу, а зэманми гулъытэшхуэ хуащIырт гъуэгухэм я фIагъым. Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, КIахэм щыщу Натхъуэдж щIыналъэрат гъуэгу нэхъыфIхэр здэщыIэр. «Ахэр ямыIэу Шэрджэсыр псэуфынутэкъым, мамыр зэманми зауэ лъэхъэнэми», - дыкъыщоджэ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа тхыгъэхэм ящыщ зым. Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуапхъэщ адыгэхэр мы Iуэхум хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытари. Гъуэгухэр захуэ ящIын папщIэ пхъэм къыхэщIыкIа банэлъэхъур къагъэсэбэпырт. Ар адэкIэ-мыдэкIэ къралъэфэкIыурэ, щIыр зэфэзэщ ящIырт. Гъуэгухэр щыпхашкIэ, мэз кусэ цIыкIуу зэхэкIэжа щIыпIэхэрат къыхахыр. Жыгышхуэхэр выхэмкIэ къыхатхъырти, щIыр яубэжырт. Псом япэу зэгупсысыр выгу, шыгухэр зэблэкIыфу зэрыщытынрат. Абы къыхэкIыу гъуэгухэр яукъуэдийрт, псэлъафэм къызэрыхэщыжщи, «зы къуэрагъ хуэдиз и бгъуагъыу» - нэгъуэщIу жытIэмэ, «IэплIакIуэм» метри 3,5-рэ къызэщIрагъэубыдэу. Яухуэ гъуэгум и кIыхьагъыр къыхахырт зы махуэ-махуитIым зэфIагъэкIыфын хуэдэу. Ягу ирихьа щIы Iыхьэр пхъэIэщэкIэ явэрт. Къыбгъурыт мэз кусэ цIыкIухэм еIусэртэкъым, абыхэм я лъабжьэхэм щIы щхьэфэр зэрызэтраIыгъэм къыхэкIыу. Выгу зекIуапIэхэр быдэ ящIын папщIэ, пэмыжыжьэу къыщIах ятIагъуэр абыхэм тракIутэрт, псы зэрызыщIимышэм къыхэкIыу.
Поделиться:
Читать также:
23.09.2024 - 13:07 →
Румкъалэ быдапIэм и хъыбар
09.09.2024 - 16:03 →
Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщт
03.09.2024 - 13:30 →
Къарэмырзэ Алий и къуажэ
20.08.2024 - 14:00 →
Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуар
20.08.2024 - 11:00 →
ЖэмкIэ вэуэ щыщыта зэмант…
|