Хабзэр гъэбыдэнымкIэ къалэнхэм хоплъэ

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм Хабзэр щыхъумэнымкIэ зэзыгъэуIу зэхуэсымрэ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Ар къыщызэIуихым республикэм и унафэщIым жиIащ: «Коррупцэм пэщIэтыныр къэрал властым и органхэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ зэпымыууэ зэгугъупхъэ къалэнщ. Коррупцэр нэгъэсауэ зэи зы щIыпIи щагъэкIуэдыфакъым, ауэ абы ткIийуэ зэрыбгъэдыхьэпхъэр, ар икъукIэ ди псэукIэм зэран къызэрыхуэхъур къызыгурымыIуэ къэ­гъуэтыгъуейщ. АтIэми абы пыщIа мыхъумыщIагъэхэр языныкъуэхэм къагъэсэбэп цIыхухэр къызэщIагъэплъэн, хагъэлъэдэн папщIэ. Псом хуэмыдэу ухегъаплъэ властым и органхэм щылажьэхэм ящыщхэр коррупцэм хэпщIауэ къыщыщIэкI къызэрыхъум икIи ахэр уголовнэ жэуапым зэрырашалIэм. Абы къыхэкIыу дэ ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэщ коррупцэм дызэрыпэщIэтыр егъэфIэкIуэныр, властым и къэрал органхэм я лэжьыгъэр нэхъ зэIухауэ зэтегъэувэныр, административнэ мыхъумыщIагъэхэр къызэ­нэкIыныр».

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъумэ органхэм, министерствэхэм я унафэщIхэр, муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
Коррупцэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ятеухуауэ зэIущIэм докладхэр щащIащ КъБР-м и прокурорым и япэ къуэдзэ Сысоенков Андрей, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим, Шэджэм муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий, ­КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ ­Анзор, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим сымэ.
Хабзэхъумэ органхэм я унафэщIхэм республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ящIащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэр къызэрызэпаудам пыщIауэ къызэрагъэпэща къэпщытэныгъэхэр зэрекIуэкIым. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм къарикIуахэр утыку кърахьащ гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я унафэщIхэм.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ гъэзэщIэным хуэгъэзауэ ­бюджет ахъшэр къызэрагъэсэбэпым кIэлъыплъыным иIэ мыхьэнэр зэрыиныр. «Проектхэр гъэзэщIэнымкIэ лэжьыгъэхэм я дэтхэнэ лъэхъэнэми бюджет ахъшэр къызэрагъэсэбэпым кIэлъыплъынымрэ ар щымыкIуэдыпхъэм щымыгъэкIуэдынымкIэ полномочиехэр нэгъэсауэ фиIэщ»,-жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
ЗэIущIэм щаубзыхуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным хуэгъэзауэ ­ведомствэхэм я зэпыщIэныгъэхэр адэкIи егъэфIэкIуэным ехьэлIа къалэнхэр.

Поделиться: