Ди лъэпкъ фащэхэр - щэнхабзэм и къалащхьэм

Санкт-Петербург и къэрал художественно-промышленнэ ака­демием, Штиглиц Александр и цIэр зезыхьэм, и пэшыш­хуэм щэкIуэгъуэм и 10 лъандэрэ щагъэлъагъуэ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, модельер, дэрбзэр цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэр.

Выставкэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я цIыху цIэрыIуэ-хэм: тхакIуэ Гордин Яков, политик, къэрал лэжьакIуэ Полтавченкэ Георгий, Санкт-Петербург и Къэрал Эрмитажым и унафэщI, профессор Пиотровский Михаил, тхыдэдж цIэрыIуэ Вилин­бахов Георгий, Санкт-Петербург къалэм и Парламентым и Iэтащхьэ Бельский Александр, Урыс музейм и унафэщI Гусев Вла­димир, IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Дмитриев Владимир, нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зе­гъэу­жьыным, а лъапIэныгъэхэм цIы­ху­бэр щыгъэгъуэзэным хэлъ­хьэ­ныгъэщхуэ хуэзыщI Сэралъп Мадинэ егъэлъагъуэ и IэрыкI фэилъ­хьэгъуэ 40-м нэблагъэ къы­зэ­рыщ сурэтхэр, 2020 - 2022 гъэхэм мо­дельерым игъэхьэзыра адыгэ фащэ телъыджэ15. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэм къыдэкIуэу, уигури уи псэри зыхьэхущ ма­некенхэм щатIэгъа лъэпкъ фэилъхьэ­гъуэ­хэр. Мы Iуэхур адыгэ фащэм и тхыдэм ехьэлIауэ Сэралъпым иригъэкIуэкI къэ­ху­тэныгъэ лэ­жьы­гъэхэм пызыщэщ.
Модельерым зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэ­жыным, зэман-зэманкIэрэ фащэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэ­хэр къихутэным щIэдзапIэ хуэ­хъуар XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XX лIэщIы­гъуэм и пэ­щIэдзэмрэ траха су­рэт хьэ­лэ­мэтхэрщ.
- Тхыдэ хъугъуэфIыгъуэм къы­гуэ­хыпIэ зимыIэ лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я иджы­рей щыIэкIэхэр къэзыгъэщI, щIэх-щIэхыурэ зызыхъуэж мо­дэм, дахагъэм и хабзэм къыте­мыкIыу, дэгъуэгурыкIуэф ди IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым и мыхьэ­нэр къыпхуэмыIуэтэнщ, - жеIэ Урысей этнографие музейм и щIэныгъэлI, тхыдэ щIэныгъэ­хэмкIэ доктор Дмитриев Владимир. - Зи лэжьыгъэфIхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ дыкIэлъыплъ цIыху IэпщIэлъапщIэ зырызхэм ящыщщ Сэралъп Мадинэ. Фащэхэм я гъэхьэ­зы­ры­кIэм и хаб­зэми, фэилъхьэ­гъуэхэм я пкъыгъуэхэми, зэманым къигъэщI   да­хагъэм и щIэупщIэми емып­цIыж художник-моделье­рым и IэрыкIхэм я фIагъым зэрыхигъахъуэр нэрылъагъущ.
- «Зэманым и псыежэх» выставкэм Iэмал къызитащ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу си лэ­жьэгъу модельерхэм саIущIэну, - жеIэ Мадинэ. - Гуапэщ Санкт-Петербург и IэщIагъэлIхэр гъэлъэгъуэныгъэм къызэрекIуэлIар. Сэр­кIэ уасэншэщ абыхэм си лэжьыгъэхэр ягу зэрынэсар. Урысейм и музей нэхъ ин дыдэхэм ди лъэпкъ фащэхэр щызгъэлъа­гъуэурэ адыгэ щэнхабзэмрэ  гъуа­зджэмрэ цIыхубэр зэры­щызгъэгъуэзар сэркIэ лъапIэщ икIи мы­хьэнэшхуэ иIэщ.
Сэралъпым и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил зи художественнэ уна­фэщI «Таврический» симфоние оркестрымрэ КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор, пианист цIэрыIуэ Къэбэрдокъуэ Муратрэ. «Симфония Кавказа» концертыр къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу мы гъэр зэрагъэува Iуэхум хыхьэу. Зэхыхьэ гуапэр щэнхабзэм и махуэшхуэ хъуат!
Сэралъп Мадинэ и Арт-цент­рым щигъэхьэзыра адыгэ фащэхэр щызэхуэхьэса «В реке времени», «Черкесские предания» гъэлъэгъуэныгъэхэр тIэунейрэ Санкт-Петербург и Этнографие музейм утыку къыщрахьащ. ­КъищынэмыщIауэ, Сэралъпым и лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм и музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъу яхъумэ. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Иорданием щыпсэууэ модельерым и лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм абы и фэилъхьэ­гъуэхэм щыщхэр хуэсакъыу зэ­рахьэ.
ЩэкIуэгъуэм и 9-м, Санкт-Петербург дэт Урыс Этнографие музейм и илъэси 120-р щагъэлъапIэм, Мадинэрэ абы ипхъу ди­зайнер Ликэрэ ирагъэблэгъащ. Мадинэ гуапэ щыхъуащ FRONT FASHION урыс IуэхущIапIэм и цIэкIэ юбилей зэхыхьэм къызэ­рыщагъэпсэлъамрэ Ликэрэ езым­рэ я лэжьыгъэхэр абы иращIэкIа пшыхь дахэм щагъэлъэгъуэну Iэмал зэраIамрэ. Къы­жыIапхъэщ, урыс дизайнерхэм я FRONT тыкуэнымрэ Урыс этнографие музеймрэ зэгъусэу иджыб­лагъэ къызэрагъэпэща PROfashion Masters зэпеуэм Сэралъп Лики и зэфIэкI зэрыщеплъыжар. Iуэху дахэр къыхэ­зылъ­хьахэм  я къалэныр музейм щахъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэма­ным къигъэувхэм зэрыпэ­джэ­жым щIалэгъуалэм хуэ­фащэ гулъытэ хурагъэ­щIы­нырт.
Къэп­щытакIуэ гупым хэт, фэшн-журналист Михайловская Ольгэ иригъэблэгъащ зэпеуэм щытекIуа Сэралъп Ликэ. Iуэхум хыхьэу, Ликэрэ Мадинэрэ музейм и фондым щахъумэ,­ ­хьэ­гъуэлIыгъуэхэм, джэгухэм зэ­рыхыхьэ адыгэ цIыхубз, цIы­хухъу фащэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, я плъыфэм, щэкIым, теплъэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу. А фэилъхьэгъуэхэр я щыхьэтщ фащэхэр зэрыдахэм къищы­нэ­мы­щIауэ, зэманми зэрыдекIум.
Проектым хыхьэу зэанэзэп­хъум ягъэхьэзыра фэилъхьэгъуэ щIэ­щы­гъуэхэр Михайловская Оль­гэрэ продюсер Филипповэ Евгениерэ къызэрагъэпэща FRONT тыкуэным и сайтым къы­щыв­гъуэтыну икIи къыщыф­щэхуну Iэмал щыIэщ.
Выставкэр щэкIуэгъуэм и 24-рэ пщIондэ лэжьэнущ. Сэралъп Мадинэ лъэпкъ фащэхэм ятеухуа лекцэ зыбжанэ щригъэкIуэкIащ, мастер-классхэр щитащ щэнхабзэм и къалащхьэм. «В реке времени» выставкэр мыгувэу Москваи щагъэлъэгъуэнущ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: