Дызэрыгушхуэ щIалэгъуалэ![]() Ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ цIэрыIуэхэм хабжэ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ МГИМО-р - Къэрал зэхуаку зэхущытыкIэхэмкIэ институту (университету) Москва дэтыр. КъызэрызэIуахрэ илъэс 80-м нэса еджапIэр институтищрэ факультетипщIу зэхэтщ. Абыхэм щоджэ студент мини 10-м щIигъу. Ди гуапэ зэрыхъу- щи, МГИМО-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэрагъэгъуэт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху 30-м щIигъум, аспирантхэри яхэту. Абыхэм иджыблагъэ яхуэзащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Хамэ къэралхэм ядэлажьэ IэнатIэхэм папщIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Торкунов Анатолий нэхъапэIуэкIэ IущIащ ди щIыналъэм и унафэщIыр. Ахэр тепсэлъыхьащ МГИМО-мрэ КъБКъУ-мрэ дяпэкIэ зэрыдэлэжьэну щIыкIэхэм. А унэтIыныгъэмкIэ зэгурыIуэныгъэхэри зэращIылIащ. ИужькIэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ еджапIэ нэхъыщхьэм щеджэ ди лъахэгъу щIалэгъуалэ гупым. Гуапагъэрэ гукъыдэжрэ щыкуэда а зэхуэсым Iэтащхьэмрэ зи щIалэгъуэхэмрэ щытепсэлъыхьащ ди республикэм, къэралым и щыхьэрым, студент гъащIэм епха Iуэхугъуэ куэдым.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
| ||





