Дызэкъуэтщ!

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхилъхьэри, республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и депутатхэм къызэрагъэпэщащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дашахэм папщIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ. Абы хохьэ щыгъын щIыIутелъ, щIагъщIэлъ хуабэхэр, нэ­гъуэщI хьэпшыпхэр хуабэ­хэр. ЩIымахуэ зэманыр къы­зэрыблэ­гъам тещIыхьауэ пар­ла­ментархэм ­къащэхуа хьэп­шып­хэр Къэ­бэрдей-Балъ­къэ­рым щыщу дзэ къулыкъур зыгъэзащIэ­хэм хурагъашэ.

- Мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэ къулыкъум яша ди щIа­лэхэм дэIэпыкъуныгъэ ират республикэм исхэм ящыщ куэдым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парла­ментри а лэжьыгъэм хэтщи, дэ зэхуэтхьэса зи чэзу дэIэпыкъуныгъэр едгъэжьащ. ДызэрытекIуэнум шэч къы­тетхьэркъым. Ди щIалэхэми мыгувэу узыншэу къагъэ­зэжыну дащогугъ. Дэ абы­хэм датемыгузэвыхьу къанэр­къым икIи Iуэхур зыIутыр тэмэму къагурыIуэу ахэр езыгъэжьа адэ-анэхэм фIыщIэ яхудощI, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
Депутатхэм зэрыжаIамкIэ, мы зэманым дзэ операцэ хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэ ди щIалэхэм яхуэфащэ гулъытэ яхуэщIыныр Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу ­къалъытэ. Апхуэдэу мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм яшахэм я унагъуэхэм ящыщу парламентархэм лъэIукIэ закъыхуэзыгъазэхэри гулъытэншэу къагъанэркъым.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: