Жэмыкуэ

Шатэр псы щIыIэ зрагъэжыхьа шыуаным иракIэ, мафIэм трагъэувэри, зэIащIэурэ дакъикъи 5 - 6-кIэ къагъавэ, цIыкIу-цIыкIуу зэпыупщIа кхъуей цIынэ халъхьэ, аргуэру къагъэкъуалъэ, кхъуейр зэпыш хъуху е ткIуху. ИтIанэ шатэ гъэвам, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, ху хьэжыгъэ ухуэнщIа хаудэ, дакъикъэ 15 - 20-кIэ ягъажьэ, мафIэр цIыкIуу, и щхьэр тепIауэ. Жэмыкуэм тхъу къыщIэкIыу зэрыхуежьэу, шыгъушыпс хакIэ, псы щIыIэ тIэкIукIэ зэIыха джэдыкIэ кугъуэ уда, зэIащIэурэ, хакIэ, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъи 5 - 6-кIэ ягъажьэ, тхъу къыщIидзыху. Жэмыкуэ хьэзырыр гъуэжь дахэщ, тхъупсым зэрихьэу, мэ гуакIуэ къыхихыу щытщ. Хуабжьу къэуатщ. Пщтыру яшх, шху щIыIэ и гъусэу.

Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
Псы щIыIэу - г 150-рэ
Шатэу - г 540-рэ
ДжэдыкIэ кугъуэу - 1
Ху хьэжыгъэу - г 170-рэ
Кхъуей цIынэу - г 50
Шыгъуу - узыхуейм хуэдиз

Поделиться: