НОБЭ

Къуэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Психологхэм я махуэр
1933 гъэм
къалъхуащ Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид.
1940 гъэм къалъхуащ Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата Шыбзыхъуэ Азэмэт.
1943 гъэм къалъхуащ КъБР-ми АР-ми щIыхь зиIэ я артист Иуан Владимир.
1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Арсен.
1949 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Владимир.
Адыгэ лъэпкъ фащэр дынымкIэ дизайнер, модельер, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Сэралъп Мадинэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси II - I4, жэщым градуси 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
МащIэр фIыщIэ зымыщIым куэдри фIыщIэ ищIынкъым.

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ