Зауэм и тхьэ

 ЩэкIуэгъуэм и 19-р Урысейм и ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэщ
Урысейм и Ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэр хухэхащ къэралым и шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэжыныгъэмрэ хъумэным ехьэлIауэ къулыкъу зыщIэхэр гъэлъэпIэным абыхэм я пщIэр Iэтыным. А махуэм и къежьапIэм дэ къытхутепсэлъыхьауэ щытащ артиллерист-зенитчик Пщыбий СулътIан.
Махуэ лъапIэр щэкIуэгъуэм и 19-м щIытраухуам щхьэусыгъуэ хэха иIэщ. 1942 гъэм и апхуэдэ махуэращ Дзэ Плъыжьым фашистхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм къыщыщIидзауэ щытар.
Тхыдэм и кIыхьагъкIэ уриплъэжмэ, артилеррием и къалэн нэхъыщхьэр сытым дежи нэсу игъэзащIэу щытащ икIи хамэ къэрал къикIа зэрыпхъуакIуэхэр къызэтекъутэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Топгъауэхэм къалэнышхуэ щагъэзэщIащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэми.
Нэмыцэ-фашистыдзэхэм я танкхэм уазэрыпэщIэтыфыну Iэмал нэхъыфIхэм ящыщу къалъытэу щытащ артиллериер. ИкIи цIыхубэр абы «зауэм и тхьэкIэ» еджэрт. Конструктор бюрохэм а Iэщэр егъэфIэкIуэным лэжьыгъэшхуэ халъхьащ.
Артилеррие, миномет системэхэр, танкхэм пэщIэтыным хуэунэтIа топгъауэ полкхэмрэ бригадэхэмрэ ягъэхьэзырырт. 1940 гъэм япэу ягъэунэхуауэ щытащ БМ-I3, иужькIэ «Катюша» зыфIаща, реактивнэ артиллериер. Ауэ Хэку зауэшхуэм щIимыдзэ щIыкIэ дзэр IэщэщIэкIэ зэщIэузэдэн мурад псори яхузэфIэгъэкIауэ щытакъым.
Щыуагъэхэр ягъэзэкIуэжын хуей хъуащ зауэм и пэщIэдзэ лъэхъэнэм.
«Блицкриг»-м – Дзэ Плъыжьыр къызэтракъутэу ди къэралым и цIыхухэр пщылIыпIэ пIалъэ кIэщIым игъэувэныр нэмыцэдзэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу ирапхауэ щытащ Мэзкуу яубыдыным. I94I гъэм и фокIадэм и кIэухым фашистхэм къалащхьэм ихъуреягъкIэ къаруушхуэ къыщызэхуашэсат. Абы къызэщIиубыдэрт цIыху мелуан ныкъуэм щIигъу, миномету 14 000, кхъухьлъатэу 1390-рэ, танкыу 17 000. Ауэ ебгъэрыкIуэныгъэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ зэрыпхъуакIуэхэм яIущIащ Хэкум и хъумакIуэхэм я лIыхъужьыгъэмрэ псэемыблэжыгъэмрэ.
КъызэщIиубыда цIыху бжыгъэмрэ хэкIуэдахэмрэ хуэдэ щымыIа зэпэщIэтыныгъэр иухауэ щытащ етIуанэ дунейпсо зауэм фашист Германием щигъуэта япэ хэщIыныгъэшхуэкIэ.
ПщIэшхуэрэ мыхьэнэшхуэрэ зыгъуэта артиллерист зауэлIхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ нэмыцэ танкхэр къызэтегъэувыIэным. Абы и щыхьэту къэпхь хъунущ майор Ерёменкэ зи унафэщI артиллерие полкым и закъуэ Мэзкуу къебгъэрыкIуэ танкыу 186-рэ зэрикъутар. ЗэрыпхъуакIуэхэм я лъэсыдзэхэмрэ техникэмрэ хэщIыныгъэшхуэ яхилъхьащ «Катюша»-м.
Артиллерием и Iэзагъымрэ абы зауэм щигъуэта мыхьэнэмрэ и щыхьэт хъуащ 1942 гъэм и щэкIуэгъуэм и 19-р. Iэщэ 15 000 къызэщIэзыубыдэу ди зауэлIхэм Сталинград и деж щрагъэжьа ебгъэрыкIуэныгъэм и фIыгъэкIэ зэтракъутауэ щытащ цIыху 330 000-рэ зыхэта фашистыдзэр.
Хэку зауэшхуэр екIуэкIыу артиллерист 1800-рэ Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуащ, 1600 000-м орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэу Совет Союзым и ЛIыхъужь Стеблинский Сергей, плIэнейрэ «И хахуагъэм папщIэ» медалыр къызыхуагъэфэща Хъуран Бэчкъан. Апхуэдэхэщ Асанов Суфьян, АфIэунэ Сэлим, Антонов Анатолий, ХъуэкIуэн Мухьэмэд, КIэфо Рэмэзан, Узденов Сулеймэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм ди къэралым щаухуэн щIадзащ ракетэ комплексхэр, частхэр, IэщэщIэхэр къахутэрт. Апхуэдэурэщ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ефIэкIуэныгъэр зэрекIуэкIар. Абы хэлIыфIыхьащ ди лъахэгъухэу АфIэунэ Лол, Климченкэ Виктор, Мырзэкъан СулътIан, Сердюков Владимир, Тэмазэ Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри.
Илъэс 50-м щIигъуауэ Хэкум и шынагъуэншагъэмрэ мамырыгъэмрэ яхъумэ зи къулыкъур сакъыу езыхьэкI Ракетэдзэхэмрэ артилерриемрэ.

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ