БлэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэу

КъБР-м и архив IуэхущIапIэм къыдигъэкIащ дэфтэрхэр щызэхуэхьэса «Документы свидетельствуют» тхылъ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум хуагъэпсар.
КъыдэкIыгъуэм и напэкIуэцIхэм щызэхуэхьэсащ иужьрей илъэси 100-м къызэщIиубыдэ тхыдэ гъуэгуанэр зыхуэдамрэ цIыхубэм я гуащIэмрэ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъым тегъэщIапIэ ищIыр къэрал архивхэмщахъумэ документхэрщ. КъинэмыщIауэ, абы щызэхуэхьэсащ тхылъхэм, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа тхыгъэхэр, СССР-мрэ РСФСР-мрэ я Совет Нэхъыщхьэхэм я Ведомостхэр, властым и къэрал, парт органхэм къащта унафэхэр, хабзэхэр, республикэм и цIыхухэм я псэукIэмрэ IуэхущIафэхэмрэ ехьэлIахэр, республикэм къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр: Ленин, Октыбрь Революцэ, Лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэ орденхэр, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и щIыхь тхылъхэу КъБР-м и архив IуэхущIапIэм щахъумэхэр. Иджы япэу традзэ сурэти I70-м щIигъуи хагъэхьащ тхылъым.
Абы ихуащ ди областыр Урысей Федерацэм и щIыналъэм щыщ Iыхьэ зэрыхъуам, республикэ цIэр къызэрыдатам, I94I-I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэ зэман гугъум, балъкъэр лъэпкъыр я щIыналъэм зэрырагъэIэпхъукIамрэ ахэр къызэрырагъэблэгъэжамрэ, къэралыгъуэр зэрызэфIэувамрэ абы зэрызиужьамрэ, мэкъумэш, промышленность, медицинэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ, гъуазджэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми ягъуэта зыужьыныгъэхэм теухуа тхыгъэ купщIафIэхэр. Лэжьыгъэм къызэщIеубыдэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областыр къыщыунэхуа 1922 гъэм щIыщылэм и 16-м щыщIэдзауэ ди нобэм - 2022 гъэм къэсыху.
Тхылъым эпиграф хуэхъуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я усэхэм щыщ пычыгъуэхэр, мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм, Хэку лъагъуныгъэм укъыхуезыджэхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: