Бжыгъэр лъабжьэ зыщI Iуэху щIэкIэ

«ЩIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр бжыгъэрылъанэм (цифровизация) хуэшэным ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ XX Урысейпсо Iэнэ хъурейр Краснодар щIыналъэм хыхьэ Сириус къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэ 52-мрэ колледжищымрэ я лIыкIуэхэр зыхэлэжьа зэхуэсым и жэрдэмщIакIуэу щытари езыгъэкIуэкIари Бонч-Бруевич Михаил и цIэр зэрихьэу Бытырбыху къалэм дэт, телезэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ университетым IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр бжыгъэрылъанэм хуэшэнымкIэ Центрырщ.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыбгъэдэкIыу Iэнэ хъурейм и лэжьыгъэм хэтащ Зэпыу зимыIэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и унафэщI 1эрэмысэ Тимуррэ егъэджэныгъэ политикэр къызэгъэпэщынымкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Коротков Павелрэ.

Iэнэ хъурейр щIызэхашам и щхьэусыгъуэхэм я гугъу щищIым, 1эрэмысэ Тимур къыхигъэщащ абы къыщаIэта псалъэмакъыр щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ, щIэныгъэ гуэдзэ щрат IуэхущIапIэхэм нэхъыбэу яхуэгъэзауэ зэрыщытыр, ахэр бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр щызекIуэ егъэджапIэ IэнатIэ щIын икIи бжыгъэр тегъэщIапIэ зыщI зыужьыныгъэм фIэкIыпIэ имыIэу хуэшэн зэрыхуейм. «Иджырей дунейм IT-технологие зэмылIэужьыгъуэхэм зыщаужьащ, абыхэм ятещIыхьащ IэнатIэ зыкъоми. Псалъэм щхьэкIэ, егъэджэныгъэр, мылъкумрэ Iуэхухэмрэ я зегъэкIуэкIэр, щIэныгъэ лэжьыгъэр бжыгъэрылъанэр хэмыту къызэгъэпэщыгъуей хъуащ. Ди еджапIэр къапщтэмэ, бжыгъэрылъанэр лъэIэсащ университетым щекIуэкI лэжьыгъэм и ухуэкIэ-гъэпсыкIэ хъуным, егъэджэныгъэм и кIуэрабгъухэр убзыхуным, иджырей технологиер еджэныгъэм хэпщэным, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ бжыгъэрылъанэм и пкъыгъуэхэр хэухуэнэным. Зэрынэрылъагъущи, бжыгъэрылъанэ хуэIухуэщIэхэм зэрыIэнатIэу къызэдеубыд, здынэмыс щIагъуи къанэркъым. Апхуэдэу щыт пэтми, бжыгъэрылъанэр еджэныгъэм хэпща хъуныр ди университетым зыхуигъэувыжауэ иджыри и кIэм нэмысыпа Iуэхугъуэшхуэщи, ар зэфIэгъэкIыным, и пIэ игъэувэным, лэжьыгъэри щIэныгъэри къызэдищтэу пхышыным мыхьэнэшхуэ ирет. КъБКъУ-р «Лэжьыпхъэхэр-2030» къэрал программэр зэщIа хъуным гулъытэшхуэ хуещI, абы и гуащIэ ирехьэлIэ. Ар къэплъытэмэ, бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэр жылагъуэ-экономикэ гъащIэр ефIэкIуэным хуэунэтIащ. «Лэжьыпхъэхэр-2030» программэм къегъэув псэукIэр зэIузэпэщ зыщI сыт хуэдэ Iэмалри ипэ игъэщын, жылагъуэ зыужьыныгъэм телэжьэн хуейуэ. КъБКъУ-м ар игъэзащIэмэ, псэукIэр ефIэкIуэным и IыхьэфI хилъхьэнущи, абы теухуауэ мэлажьэ, лъэкIи къигъанэркъым. Iэнэ хъурейм къыщыIуну гупсысэхэр мис а гуращэхэр къыдэхъулIэным хуэгъэзащ», – жиIащ 1эрэмысэ Тимур.

Iэнэ хъурейм и лэжьыгъэм хэтахэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщаIэтащ. Нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэм ящыщщ бжыгъэрылъанэм иджырей Iуэху зехьэкIэр игъэтIэса, еджапIэхэр апхуэдэ информацие и лъэныкъуэкIэ къызэгъэпэща, пэIудза егъэджэныгъэр зэгъэкIуа, еджэныгъэр электрон дунейм хэпща, абы тещIыхьа онлайн-дерсхэр зэхэлъхьа, аккредитацэм епха хуэIухуэщIэхэм а Iэмалхэр хэгъэзэгъа зэрыхъунум пыщIа щIыкIэхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ. Апхуэдэу Iэнэ хъурейм хэтахэм къаIэтащ иджырей еджапIэхэм щызекIуэ лэжьыгъэр бжыгъэрылъанэм и IэмалхэмкIэ зекIуэу зэтеубла, щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм информациемрэ информацие шынагъуэншагъэмрэ бжыгъэр и тегъэщIапIэу къыщызэгъэпэща, зэрырагъаджэ программэхэр зэхилъхьа, еджэныгъэ махуэр зэблигъэкIа зэрыхъуну щIыкIэхэм.

Шэч зыхэмылъыжращи, дунейм зехъуэж, зеужь, абы IT-Iэмалхэмрэ бжыгъэрылъанэмрэ кIуэ пэтми зыщаубгъу, щIалэгъуалэм ират щIэныгъэри абы тещIыхьауэ щытщ. Арыххэуи бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэху щIэкIэм дыхуокIуэ. Жылагъуэм и псэукIэр езыгъэфIакIуэ сыт хуэдэ жэрдэмри хъарзынэщи, щIалэхэр зыхэта Iэнэ хъурейм щIэныгъэу кърахар IэнатIэм и мызакъуэу, щIыналъэм и Iуэхур дэзыгъэкI щапхъэрэ гупсысэрэ хъуну дыщогугъ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: