Лэжьыгъэм пащэ

Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Къалэкум хуэзэ лъэс зекIуапIэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжам щыхьэрыр нэхъри игъэдэхащ. Илъэс куэдкIэ телъа асфальт телэжьыкIар щIыпIэ куэдым щIэкIэ щахъуэжащ е плиткэ быдэ екIухэмкIэ щызэрахъуэкIащ, лъэс зекIуапIэхэм я бгъуагъым къыхагъэхъуащ, автобус къэувыIэпIэщIэхэр ягъэуващ. Адрей къэнахэри икIэм зэрынагъэсыным хэтщ.
Лермонтовым и уэрамым и ижьрабгъу лъэс зекIуапIэр хъарзынэу зыхуей хуагъэзащ. Здынэмысу къэна сэмэгурабгъум телъ асфальтыр зэрытелэжьыкIрэ куэд щIащ, кумблъэмбхэр и куэдщ, хуиту ущызекIуэну Iэмал къуамыту.
 Горькэмрэ Лермонтовымрэ, ПащIэмрэ Лермонтовымрэ я уэрам зэхэкIыпIэхэм унэсыху жьы хъууэ къилъэлъыжа плиткэхэм уащрохьэлIэ. Зэман ипэкIэ сату щIапIэ къызэIузыхахэм, щхьэж зэрыхуейуэ я бжэIупэхэр къращIыкIауэ щытащ, зы мардэ гуэрми зэрытемытар нэрылъагъуу. Ауэ щыхъукIэ, а уэрамхэм хуэдэу къэрал IуэхущIапIэ куэд зытетрэ нэхъ цIыху куэд щызекIуэрэ къэгъуэтыгъуейщ: дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ станцыр, КъБКъУ-м медицинэмкIэ и къудамэр, онкологие сымаджэщыр, нэгъуэщIхэри. Мы махуэхэм щIадзауэ лъэс зекIуапIэм йолэжь: асфальтыжьыр трагъэкъэбзыкI, и лъабжьэр зэтес ящI.
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: