Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ ущыхуэплъэкIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэдзэн шытххэр, адрей хэгъэгухэм яхуэмыдэу, Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм гъунэгъу щызэхуохъу, абы къыдэкIуэуи, тыншу щызэхыбоцIыхукI. 

Къуршым щхьэпрыкIыу Владикавказрэ Тбилисирэ зэпызыщIэ гъуэгур Куржымрэ Урысеймрэ щыпсэухэр зэлъэзыгъэIэс Iэмал нэхъ псынщIэхэм ящыщщ. Мы щхьэдэхыпIэмкIэ автомобиль куэдыкIей щызокIуэ. Абыхэм я нэхъыбэр цIыхухэр зыхуеину хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ къезышэкI трейлерышхуэхэрщ. Зи гугъу тщIы гъуэгумкIэ зэкIэлъокIуэ Урысеймрэ Армениемрэ щыпсэухэри. 
Мыдрейуи къыхэдгъэщынщи, пщэдджыжьым машинэ цIыкIу уису Налшык удэкIмэ, а махуэм и пщыхьэщхьэм Тбилиси унэсынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ я къалащхьэхэр зэпызыщIэ километри 117-р къызэнэкIыным ику иту текIуадэр сыхьэти 2-рэ дакъикъэ 15-рэщ. 
Владикавказ дэт автовокзалым деж узэрыщеувэхыу, зэуэ гу лъыптэнущ Куржым и къалащхьэм унэзыдзысыфын автомашинэхэр абдежым куэду зэрыщызэхэтым. Ар къыбощIэ абыхэм якIэрыгъэпщIа хъыбарегъащIэ тхыгъэхэмкIи зым жиIам адрейм дэзыщIыгъужу къызэрехьэжьэ езы «гублащхьэдэсхэмкIи». Зэхьэрхуэру къыббгъэдыхьэ таксизехуэхэм я нэгу уиплъа иужь, уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал зимыIэщ ящыщ дэтхэнэми Куржым и къалащхьэм унишэсыну дзыхь ебгъэзмэ, Iуэхутхьэбзэшхуэ хуэпщIа хуэдэу къызэрилъытэнур. 
Налшык сызэрикIа микроавтобусыр къэзыувыхьахэм къахэслъагъукIащ зи ныбжьыр илъэс 50-м щхьэдэхагъэн щIалэ къуэгъу лъагъугъуафIэр. Сыщыбгъэдыхьэм, абы сыIуишащ тIэкIуи жьыфэ зытеуа «Волга-24» и машинэм. Абдеж дыдэм щытт ныддежьэну тегушхуа нэгъуэщI зы щIали. ДыщызэрыцIыхум, ар лъэпкъкIэ азербайджану къыщIэкIащ. Тбилиси нэс ди гъусэу накIуэу, абдежым пэмыжыжьэж и хэкумкIэ иригъэзэкIыжын мурадыр иIэу арат.
Дарьял жьанэм дыхуокIуэ
Шофёрым и нэр гъуэгум тримыгъэкIми, дызыщIэупщIэхэм жэуап къаритыжыфынтэкъэ? Дыщришажьэм, дыхигъэгъуазэ щIыкIэу, къызжиIат, Владикавказ километр 20 хуэдизкIэ дыкъыIукIмэ, Ингуш Республикэм хыхьэ щIыналъэм гъунэгъуу дызэрыбгъэдыхьэнур. Ауэ, ар си фIэщ хъуатэкъым. Сыту жыпIэмэ, сыщынэхъ щIалэхэм картэхэм сиплъэрейуэ щыта пэтми, Ингуш лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгыхэр зи къежьапIэ Армхи, ТэрчкIэ зыкъимыгъазэу, езым я щIыналъэмкIэ щежэх Асса нэхъ псышхуэм хэлъэдэж си гугъащ. Ауэ щыхъукIи, Ингушымрэ Осетиемрэ я щIы кIапэхэр Дарьял къуэладжэм деж апхуэдизу гъунэгъу зэрыщызэхуэхъур сэ дэнэ щысщIэнт? 
Къырылъэ шытхыр тIуащIэ лъащIэм лъагэу щыщхьэщыувэ щIыпIэм дызэрикIыу, Джейрах лъапэрытым дихьащ. Абдежырщ Осетием ныбжь нэхъ зиIэ и жылагъуэхэм хабжэ Чми къуажэ цIыкIур зэрытыр. Абы и Iэгъуэблагъэм кхъэлъахэжь-чэщанэжьхэр щыкуэдщ. 
Километр 12 фIэкIа зи мыкIыхьагъ Дарьял къуэладжэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэр, «къущхьэ жьанэкIэ» узэджэ хъунур, Гуэдзэн шытхыр Тэрч и тIуащIэм «щыщхьэпрыбэкъукI» дыдэм ирохьэлIэ. А щIыпIэм дежщ Кавказым и къурш нэхъ дахэхэм хабжэ Казбек, уафэгум итым хуэдэу, уардэу щыщхьэщылыдыкIыр. Адыгэхэр абы пасэ зэманым СонэбгкIи, Iуащхьэмахуэ ЦIыкIукIи еджэу щытащ. АдэкIэ къуэм удэту тIэкIу удэкIуэтеижмэ, Урысей Федерацэм и Ларс Ипщэ плъырыпIэм ухуэзэнущ. Ар Дарьял жьанэм и дыхьэпIэ дыдэм деж Iутщ. 
КъэралитIым я гъунапкъэр хуозэ Ларс Ипщэ плъырыпIэмрэ Куржым и щIыналъэм хыхьэ Степанцминда (жьымкIэ Казбеги) къуажэмрэ я зэхуакум. 
Дзэ-Куржы гъуэгур здыпхрыкI кIейр къызэрымыкIуэу дахэщ, зыкъызэрызэкъуих и лъэныкъуэкIи телъыджащэщ. Ар щыпхрашар ижь-ижьыж лъандэрэ чэруанакIуэхэр зэрызекIуэу щыта лъагъуэжьымкIэщ. Абы щхьэкIэ осетинхэм «Арвыком» е «Дайраны ком» жаIэ, шэшэнхэм - «Дарий ял», мышкъышхэм (ингушхэм) - «Дярей ол» фIэщыгъэхэрщ нэхъ къагъэсэбэпыр («Дарий гъуэгу» - «Шёлковый путь» мыхьэнэр къикIыу), языныкъуэхэми «Жор (Крестовэ) щхьэдэхыпIэ», «Гъудаур (Гудаурский) сэнтх» фIэщыгъэхэр нэхъ яфIэкъабылщ.
Гу зылъытапхъэр аращи, зи гугъу тщIы гъуэгум, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм щхьэдэхыу Куржым и щыхьэрым хуэкIуэм, псори зэхэту километр 208-рэ и кIыхьагъщ. Владикавказ укъыдиша иужькIэ, Тэрч къыздежэхымкIэ егъазэри, Дарьял къущхьэ жьанэм дохьэ, Гуэдзэн шытхыр зэпеупщIри, Тэрч хэхуэж Байдаркэ псы цIыкIум бгъуроувэ, адэкIэ тIэкIу мэкIуатэри, 1824 гъэм къыщыщIэдзауэ «Жор (Крестовэ) щхьэдэхыпIэ» цIэр зезыхьэ, метр 2384-рэ зи лъагагъ Гъудаур сэнтхым йохьэ. 
Зэ еплъыгъуэкIэ мыбдежыр къурш щхьэдэхыпIэу зэрыпщIэн мы дунейм теткъым, лъагапIэхэр апхуэдизкIэ щызэпэжыжьэщ, щызэлъыIукIуэтащи. Абы къыдэкIуэуи, сэнтхыщхьэр сэтей зэфэзэщщ, тафэщ, мыбдежым къыщыщIэж псы къуэпсхэм ящыщу ищхъэрэкIэ езыгъэзыххэри ипщэкIэ езыIуэнтIэкIхэри зэуэ зэхэбгъэкIыну яужь уихьэкIэ къомыхъулIэнри хэлъщ, абы щыгъуэми, машинэ псынщIэм уису уздэжэм. 
АтIэми, КъущхьэщIыб КавказымкIэ щежэх Арагви Хужь хэлъэдэж псы къуэпсхэм ящыщ зым сэтей щыгур и къежьапIэщ. АдэкIэ гъуэгур, къуршылъэ жьэгъухэм щIэлъадэ-къыщIэкIыжурэ, зыкъомрэ зыкъыщигъэза иужькIэ, хуэм-хуэмурэ губгъуэшхуэм йохьэ, Мтквари (Кура) псышхуэм и Iуфэм Iуохьэ икIи, ар зэпиупщIа иужькIэ, ижьрабгъу лъэныкъуэр и гъуазэу, Куржым и къалащхьэм, «хуэщхьэхынафэ» щIыкIэу, дохьэ…

 Тхыдэм щыщу 

ЩIыпIэ дахэу зэрыщытым нэмыщI, Тэрч и тIуащIэр тхыдэ щIэинхэмкIи къулейщ. Псалъэм папщIэ, зэвыпIэм километр нэблагъэкIэ узэрыфIэкIыу, метр 60 хуэдизынкIэ гъуэгум щхьэщыIэтыкIауэ, къыр лъагэм и щхьэм тету щыболъагъу пасэ зэманым псэуа Куржы пащтыхь гуащэ Тамарэ и быдапIэу щыта, чэщанэжь теплъэ зиIэ, ухуэныгъэ телъыджэр. 
Пасэ зэманым псэуа тхыдэтххэм, Дарьял жьанэм и гугъу щащIкIэ, «Сармат куэбжэ» («Sarmaticae Portae»), «Кавказым и куэбжэ», «Аланхэм я куэбжэ» цIэхэрат къагъэсэбэпыр. Иужьрей фIэщыгъэр дунейм къыщытехьар курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэрщ. Абдежырщ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и зэпрыкIыпIэ нэхъ уардэм икIи цIэрыIуэм аланхэр тепщэу щыщытар. 
Куржы дыхьэпIэр зэгуэр адыгэхэми я IэмыщIэ илъащ. Абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ зыбжанэ иужьрей зэманым дунейм къытехьэжащ. А псом я гугъу иджыпсту дымыщIми, ящыщ зым кIэщIу дыкъытеувыIэнщ. Ар XVI-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм Кавказым къыхуеплъэкIын щIэзыдзауэ щыта урыс дзэпщхэм къагъэна тхыгъэщ. АтIэ, мис абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а лъэхъэнэ жыжьэм Дарьял дэкIыпIэм и тепщэу щытар Къэбэрдейм и пщышхуэхэу Талъостэн Щолэхъурэ Джылъахъстэн Алъхъэсрэщ.
КъыкIэлъыкIуа лIэщIыгъуэхэми Къэбэрдейм и лъэщагъым хэщIакъым, хэхъуа фIэкIа. Апхуэдэу, I753 гъэм Тифлис къытеуауэ щыта къэжэрхэм япэщIэува дзэр зи унафэ щIэтар Мысостхэ къатепщIыкIыжа Къарэмырзэ Кургъуокъуэщ. Абы дэщIыгъуащ пщыхэу Талъостэн Къазийрэ Джылъахъсэн Къанщокъуэрэ... 
 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: