Гурэ псэкIэ

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым илъэс куэд хъуауэ и унафэщIщ Иуан Агнессэ. Сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхъ ин щыIэкъым. Иуан Агнессэ апхуэдэ жэуаплыныгъэм пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. 
И сабиигъуэм дохутыр IэщIагъэм ехъуапсэу щытащ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь математикэмкIэ и егъэджакIуэр щапхъэ хуэхъури, абы хуеджэну триухуауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыхуеджащ физикэм. 
- Си студент гъащIэр щIэщыгъуэт, си гур куэдрэ согъэнщIыж абы пыщIа гукъэкIыжхэмкIэ. Курс лъэщт сызыхэсар. Къыддеджауэ, щIэныгъэлI хъуа куэдым фIыкIэ я цIэ ираIуэ. Иджыри дызэрыгъэкIуэдкъым, илъэситху къэс дызэхуэсыныр хабзэ тхуэхъуащ. Университет нэужьым физикэмкIэ егъэджакIуэу сылэжьащ, - жеIэ Агнессэ.
1993 гъэ лъандэрэ сабий садым и унафэщIщ. Япэ лъэбакъуэхэр сытым дежи гугъкъэ?! Агнессэ жеIэж темыгушхуэурэ къыщIидзауэ зэрыщытар. ИтIани, абы хэлът зыпэрыт IэнатIэм щынэхъыщхьэр - сабий фIыуэ илъагъурт. Псоми пIалъэ кIэщIкIэ хэзэгъащ, лэжьыгъэри и гум дыхьащ. 
- Апхуэдизу си лэжьыгъэр сщыщ хъуащи, абы дэрэжэгъуэу къысхилъхьэмкIэ зызогъэнщIыж, жеIэ езым. 
- Чырбыш заводыр здэщытымкIэ дыщыIащ япэ илъэсхэм. ДызыщIэс унэр жьы хъуат, сабий гупищ диIэу арат, дызыхуэныкъуэхэри куэд хъурт. Ауэ сыт хуэдэ щытыкIэ димыхуами, ди гъэсэнхэм датеплъэкъукIакъым. Мыбы дыкъызэрыIэпхъуэрэ илъэс 18 мэхъу. Дгъэкъабзэщ, зетхьэщ, зыхуей хуэдгъазэри дыкъэкIуауэ щытащ. Пэжщ, ди IуэхущIапIэр иджырейуэ дэщIеякъым, пщIантIэм и джэгупIэхэр щIэкъым, садыщIэ яухуэхэм хуэдэу сабийм уазэрыдэлажьэ псомкIи нэсу дызэпэщу схужыIэнукъым, - жеIэ сабий садыр къызэрызэрагъэпэщам теухуауэ. 
Иджыпсту сабий сад нэхъ пэрытхэм ящыщщ Иуаныр зи унафэщIыр, ехъулIэныгъэ яIэщ. Адэ-анэхэм я быныр абы яшэ къыхэмыщтыкIыу икIи мыгузавэу. Сыту жыпIэмэ, IуэхущIапIэм и пIалъэр ящIэ, и лэжьэкIэр ягъэунэхуащ. Хэт и сабий нэхъыжьхэр абы къыщIэкIащ, хэти сабий садым и хъыбарыфI зэхехри, и цIыкIухэр абы ишэмэ нэхъ къещтэ. 
- Пщэдджыжьым адэ-анэхэм сабийхэр къытхуаша нэужь, махуэм ахэр зыхуей зэрыхуэзэнумкIэ ягурэ я щхьэрэ зэтелъу щIэкIыжмэ, ар дзыхь къызэрытхуащIым и нэщэнэщ. МыдэкIэ дэ мардэ щхьэхуэм дытету долажьэ. ЦIыкIухэр щIэх-щIэхыурэ зэпеуэ хэдгъэтщ. Зэрызэпебгъэуэн мащIэ?! Усэ къеджэнкIэ, къафэкIэ, сурэт е IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр щIынкIэ. Зэпеуэм и мыхьэнэр сыт жыпIэмэ, абы сабийм нэхъыфI зэрыхъунум и гур хуэпабгъэу къегъэхъу. Махуэшхуэхэр щIэщыгъуэу яхудогъэлъапIэ. БгъэгуфIэху, я гур утIыпща мэхъу, я гупсысэхэр къызэрокI сабийхэм, - жеIэ унафэщIым. 
Сабий садым и гъэсакIуэхэри ехъулIэныгъэ зиIэхэщ. Илъэс куэд хъуауэ лажьи, нэхъ щIали яхэтщ. Ахэр сабий гъэсакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэпеуэхэм жыджэру хэтхэщ, ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьэфу. Арэзы укъещI лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм. Нэхъыщхьэращи, сабий къыдахьэхыф, сабийм и бзэр ящIэ. Гупым щIэсхэм бгъэдыхьэкIэ зырызыхэ хуаIэщ, сыту жыпIэмэ, сабий къэс щхьэхуэщ! 
- Улахуэ щхьэкIэ ущылэжьэн IуэхущIапIэкъым сабий садыр. Сабийр гурэ псэкIэ зыхэпщIэн хуейщ. Зэхэзещхъуэн узыщI щыIэмэ, абы гу лъыптэу лъэныкъуэ ебгъэзын хуейщ. Абы щыгъуэми сабийм и псэ махэм ухуэсакъыу. А псори яхэлъщ ди гъэсакIуэхэм. Сэри сыунафэщI ткIийкъым. Гуапагъэм къимышэ фIы щыIэу къыщIэкIынукъым. Арауэ си гугъэщ сэ къысхуащI пщIэр къызыпэкIуэр. Зы унагъуэ дахэм хуэдэу дызэдолажьэ, дызочэнджэщ, дыкъызэдокIуэкI, - жеIэ ди псэлъэгъум. 
ЦIыкIухэм я гум лъэпкъ гупсысэ къыщыгъэушыными гулъытэ щыхуащI сабий садым. Абы теухуауэ Агнессэ жиIэр узыгъэгупсысэщ.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, сабийхэм я бзэр щащыгъупщэ… нэхъ пэжу жыпIэмэ, щыIэпауд зэманщ. Абы дытегузэвыхь къудей мыхъуу, ди деж къекIуалIэ цIыкIухэм зацIыхужу къыдэкIуэтеиным догугъу. Бзэр, хабзэр щэнхабзэр я гум зэрыщытхъумэным и ужь дитщ. 
Абы папщIэ къагъэсэбэп сабийм и ныбжьым тещIыхьа Iэмалхэр. Псалъэм папщIэ, гущэхэпхэм теухуауэ теплъэгъуэ цIыкIухэр ягъэхьэзыр, адыгэ шхыныгъуэхэр ирагъэцIыху, усэ цIыкIухэр ирагъащIэ. Бзэм, ныпым, фащэм я махуэхэр гъэлъэпIэным сабийхэр къыхашэ! Псалъэм къыдэкIуэу, гъэсакIуэхэм ныпым и махуэм ирихьэлIэу гъэсэнхэм нып цIыкIухэр я IэкIэ ирагъэщI. Ар сабийм и гум ихужынукъым. 
Анэдэлъухбзэм теухуауэ сабий гъэсапIэм и гуащэм зы гукъеуэ иIэщ:
- Бзэм и Iуэхум теухуауэ зы «ауэ» щыIэщ. Сабий садым щедгъэлъагъумрэ зэхедгъэхымрэ, унэм екIуэлIэжа нэужь щIагъэбыдэжын хуейщ. Унагъуэм анэдэлъхубзэ щызэхамыхмэ, анэдэлъухбзэкIэ мыпсалъэмэ, хэплъэгъуэ мэхъу. Адэ-анэ куэд я бынхэм урысыбзэкIэ йопсалъэ. Абы Iэмал хуэдгъуэтыркъым. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: