Пщэрылъхэр ягъэбелджылы![]() Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и унэм щекIуэкIащ гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэхэу Къуныжь МуIэед, Говоров Сергей, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат сымэ. КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Бэрбэч Алим къызэхуэсахэм яхузэпкърихащ я псэупIэр ябгынэн хуей хъууэ Херсон къалэ, Херсон областым и щIыпIэхэм къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуахэм зэрыпсэун мылъкурэ щыпсэун унэрэ зэрагъэпэщын папщIэ хухах ахъшэ зэуIумрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ къызэгъэпэща зэрыхъу щIыкIэр. Зи гугъу тщIыхэм къэралым ярит псэупIэ сертификатыр яIэрыхьэным теухуауэ Правительствэм и унафэм и проектым арэзы техъуащ къулыкъущIэхэр.
Поделиться:
Читать также:
04.02.2023 - 10:00 →
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ
04.02.2023 - 09:06 →
Шынагъуэншагъэр ягъэнэхъапэ
03.02.2023 - 17:53 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.02.2023 - 17:44 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
28.01.2023 - 16:44 →
ФIыкIэ узыгъэгугъэ
|