Жэбагъы теухуа хъыбархэр

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыб­лагъэ къыщыдэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхы­лъыщIэ. Ар зэхэзыгъэувар Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэмщ.

Тхылъым ихуащ къэбэрдей хэкулI цIэрыIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. ПщIэш­хуэ зыхуащIу щыта лIы щып­къэм и IуэхущIафэхэр Iуэры­Iуатэм хэхуа нэужь, хъыбар-хъыбарурэ зэбгрыкIри, хэкуми щызэлъащIысащ, нэгъуэщI щIы­налъэхэми нэсащ. Къэзанокъуэм теухуа хъыбархэм гуп­сысэ нэхъыщхьэу хэлъыр ди хабзэм и дахэм, цIыхугъэм, щэн дахэм хуэущиинырщ. Тхылъыр нэхъ яхуэгъэзащ щIалэгъуа­лэм, курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм, ауэ ар зыIэрыхьэ дэтхэнэри фIэгъэщIэгъуэну абы зэреджэнум шэч хэлъкъым.
Гъут Iэдэм и тхылъым къызэ­рыщыхигъэщащи, Къэзано­къуэ Жэбагъы лIы Iущым и хъыбар­хэр езыр щыпсэуа лъэхъэнэм, илъэс щищ хуэдиз ипэ­кIэ, къежьауэ, нобэм къэсыху адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми жьэрыIуэтэжу зэрахьэ. Ахэр зыбжанэрэ тхылъу къыдэкIауэ щытащ, ауэ нобэкIэ гъуэты­гъуей хъуащ. Хабзэ дахэмрэ зэ­хэ­щIыкIымрэ я щапхъэ сыт щыгъуи къэзылъыхъуэ дэтхэнэ жы­лагъуэ узыншэри езы хъыбархэм хуэныкъуэщ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъыр зытеухуа лIы телъыджэм хуэдэ лъэпкъым къыхэкIыныр куэду гухэхъуэщ, абы и хъыбархэр мыкIуэдыжу зехьэныр лъэп­къым и псэ къэбзагъэмрэ и гупсысэм зэрызиужьамрэ я нэщэнэщ. Мы тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсащ адыгэ лIы Iущым теухуа хъыбар нэхъ хьэ­лэмэтхэр, ар къызэгуэзыххэм нэхъ гунэс зэращыхъуным хущIэкъуу, щIэныгъэлIым зэхигъэуващ. Тхылъыр зи Iэдакъэ­щIэкIым тхыгъэхэм щелэжьым гуращэу иIар нобэрей ди лъэпкъэгъухэр хэкум и тхыдэм, хабзэм и нэхъ екIухэм, цIыхугъэм, адыгагъэм, лIыгъэм хуэузэщIынырщ. Хъыбархэм я нэхъыбэр япэкIэ къытрадзауэ щытахэмрэ архивым хэлъхэмрэ къыхащыпыкIащ, зыкъомыр езы авторым IуэрыIуатэ зэхуихьэсу адыгэ щыпсэу щIыналъэхэр къыщызэхикIухьым щыгъуэ итхыжащ.
ЩIэныгъэрылажьэхэм къы­зэрахутамкIэ, Жэбагъы щып­сэуа зэманыр илъэс щищ хуэдиз ипэкIэщ, епщыкIубланэ лIэ­щIыгъуэм и кIэухымрэ епщы­кIуиянэм и япэ Iыхьэхэмрэ къы­зэщIиубыдэу. Абы щыгъуэ адыгэхэм тхыбзэ зэрыдимыIам къыхэкIкIэ, Къэзанокъуэм и хъыбар ятхыж щыхъуар ар дунейм ехыжа нэужь илъэс щитI нэблагъэ дэкIауэщ, гъэнэхуауэ жыпIэмэ, ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэращ. А зэман зэхуакушхуэм къриубыдэу, дауи, дунейми, абы тетхэми Iэджэуи захъуэжащ.
Ди лъэхъэнэгъу щIэныгъэлI­хэм зэрыхуагъэфащэмрэ зи тхыбзэр а зэманхэм узэщIауэ щыта урысхэм, тыркухэм ятхауэ дызыщыгъуазэ пакIэ-пакIэхэм­рэ ятепщIыхьмэ, Жэбагъы 1685 гъэм, е 1686 гъэм къалъхуауэ къыщIэкIынущ. АбыкIэ ш­э­сыпIэщ езым и сыным хьэ­рыпыбзэкIэ тетхар - хьиджрэм тещIыхьауэ къэхьа бжыгъэхэр. Абы нэмыщIу, урыс тхыгъэ кIапэлъапэу лIы Iущым и цIэр къызыхэщхэри, езым и хъыбархэр зытеухуа къэхъугъэхэр щекIуэкIа зэманри, тхыдэм зи цIэ къыхэна пщыхэм я нэхъыбэр щыпсэуа лъэхъэнэри ардыдэм тохуэ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъы­тэмкIи, языныкъуэ хъыбархэми къазэрыхэщыжымкIи, Къэзанокъуэр уэркъ унагъуэм къы­хэкIауэ щытащ, зэгъэщIылIауэ зыбгъэдэтари япэщIыкIэ Хьэ­тIохъущокъуэхэщ, иужькIэ Къетыкъуэхэщ, хъыбарым жиIэр пэжмэ (уэркъхэм хуитыныгъэ яIэу щытащ зы пщым бгъэ­дэкIрэ нэгъуэщIым гухьэну). ХэубыдыкIауэ ар нэхъыбэрэ зыбгъэдэтар къэбэрдей пщыш­хуэу, пщы уэлийуэ щыта Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ. Ар ди хэкум и тепщэу щыщыта лъэхъэнэм Жэбагъы абы къулыкъу хуи­щIэу, нэгъуэщIу жытIэнщи, чэнджэщэгъу пэжымрэ пщым и ­къуэдзэмрэ я къалэнхэр игъэзащIэу бгъэдэтауэ къаIуатэ ­ар­хивхэм къыхахыжа доку­ментхэм. АбыкIэ шэсыпIэхэм ящыщщ урыс тхыгъэхэм Жэбагъы и цIэр къызэрыхэщыжри: лIы Iущым и цIэр абыхэм къызэрыхэнам тепщIыхьмэ, ар Къэбэрдейм икIа лIыкIуэ гуп­хэм яхэту зыбжанэрэ Урысей пащтыхьым, абы и блыгущIэтхэм яхуэзауэ щытащ. Апхуэдэу, къэрал IуэхукIэ Кърымми Уэс­мэн империем и къалащхьэ Истамбыли Жэбагъы и лъэр нихусауэ щытащ, абы икIри, Мэккэ-Мадинэ кIуэри, хьэж ищIри къигъэзэжащ. Апхуэдэм щыхьэт тохъуэ адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъыбар зыбжанэри, езым и сыным тетахэри.
Гъут Iэдэм зэрыхуигъэфа­щэм­кIэ, тегъэщIапIэ пэжкIэ узы­щыгугъыну щыIэхэм ящыщ зыщ урыс тхыгъэхэр, икIи абы­хэми къазэрыхэщымкIэ, Къэ­за­но­къуэ Жэбагъы и адэр лIэужь­кIэ адыгэ уэркъыу щытауэ къы­щIэкIынущ. Апхуэдэ еплъыкIэ щIэныгъэлIым щIиIэр мыращ: Жэбагъы жылэ щхьэхуэ зыIэ­щIэлъ къуэш иIащ, езы дыдэми зы жылэ мыин IэщIэлъу щытащ. КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, IуэрыIуатэм Жэбагъы бацэм хэлъу къагъуэтрэ къызэрыгуэкI гуэрым ипIыжауэ зэры­хэ­тыр пэжу щытамэ, абы къуэ­ши иIэнутэкъым, мор къызыхэкIар щамыщIэкIэ, и къуэшыр уэркъыу щытынутэкъым, и лIа­къуэри зыми ищIэнутэкъым. Пэжщ, зэзэмызэ къэхъуу щытащ, лIыгъэшхуэ зезыхьа гуэрхэр уэркъым палъыту. Ауэ абы апхуэдэ зыгуэркIэ уэркъыгъэр къыхуагъэфэщатэмэ, езыр уэркъ хъуа щхьэкIэ, и къуэшым апхуэдэ фIащынутэкъым. Ди деж зи цIэ пэжыр къэмыса и адэри уэркъыу щытащ, и уэркъыгъэри хабзэкIэ и бынхэм яхуэкIуэжащ.
Къэзанокъуэм и хъыбархэр, авторым зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэ ятхын щыхъуар ХХ лIэщIыгъуэм ипэхэращ, ауэ нэхъ хэ­къузауэ щелэжьар 1952 - 1955 гъэхэм щегъэжьауэщ: а зэманым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ гупым адыгэ щIына­лъэ­хэр къызэхакIухьурэ Жэбагъы и хъыбару ягъуэтыр къы­зэщIакъуэн ирагъэжьащ. Гу­пым я пашэу щыта Шортэн Ас­кэрбий и цIэр тету икIи ар хэлэжьыхьыжауэ 1956 гъэм къыдэкIауэ щыта тхылъ цIыкIум ихуащ щIэныгъэрылажьэ гупыш­хуэм хъыбару къагъуэту ятхыжахэри нэгъуэщIхэм ятхыжауэ щыIэхэри. Ар икъукIэ Iуэху щыпкъэу зэфIэкIауэ щытащ икIи абы зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэшхуэ хуэ­щIыпхъэщ, лъэпкъым и щIэб­лэм хуалэжьа Iуэху щхьэпэм щхьэкIэ.
Абдежым къыщегъэжьауэ, нобэм къэсыху Жэбагъы теухуа хъыбару адыгэ IуэрыIуатэ къэ­зыугъуей щIэныгъэлIхэм ятхыжар къэппщытэмэ, ахэр текст щэ бжыгъэ зыбжанэм ноблагъэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, Жэбагъы щыпсэуа зэманыр илъэс щищ ипэу щытми, а лIы щып­къэм и цIэр уэршэрым къы­дэкIуэу, абы теухуа хъыбархэр нэхъыжьхэм къаIуэтэжу ноби зэхэпхынкIэ мэхъу. Пэжыр жытIэнщи, зыгуэрым и цIэр IуэрыIуатэм хэхуамэ, абы игъэхъахэри, зыкIи и Iуэху зы­хэмылъахэри игъэхъауэ щыкIэ­рацIэлъ къохъу. АрщхьэкIэ, дауи, Жэбагъы апхуэдизу цIэ­рыIуэ хъунтэкъым, зыгуэр езым къуэмылъатэмэ, ауэ сытми къызэрыгуэкI гуэру щытатэмэ.
Мы тхылъыр авторым щигъэхьэзырым щыгъуэ тегъэщIапIэу зыбжанэ иIащ. Апхуэдэщ ищхьэкIэ къыщыхэдгъэща лэжьыгъэу Шортэн Ас­кэрбий къыдигъэкIауэ щытар, Нало Зауррэ Гъут Iэдэмрэ зэдагъэхьэзыру Жэбагъы и хъыбару ягъуэта псори щызэхалъхьэжа тхылъыр, нэгъуэщI тхыгъэ къытрадзахэмрэ Iэрытхыу архивым авторым къыхихахэмрэ, макъкIэ тхыжауэ фонотекэм хэлъхэр. Ауэ нэхъ хэхыпIэшхуэу Гъутым иIащ IуэрыIуатэ зэхуа­хьэсыну щежьэу щыта зэманхэм щыгъуэ итхыжу кърихьэлIа хъыбархэр. Ахэр адыгэ хъыбарыжьхэр IукIэ зехьэныр щIэ­ныгъэ курыхыу къэзылъытэу щыта Iэджэми я Iэужь лъапIэщ.
А псори мы тхылъыр зыхуэгъэза щIэблэщIэм щыщхэм ­нэхъ къазэрыгурыIуэным хуэ­дэурэ зэригъэзэхуэжащ, бзэм и IуэхукIи, тхыбзэм къегъэзэгъыжауэ хъыбарым и къэIуэтэкIэр нэхъ гунэс зэрыхъункIи. Абы щыгъуэми, тхыжауэ щыIэхэм хэмыту, щIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, къигупсысауэ къэ­хъугъэ гуэри, цIэ-унэцIи, щIы­пIэцIи хигъэхьакъым, хэлъри зэрихъуэкIакъым. Тхылъым ихуа хъыбархэм пэублэ псалъэ яIэщ, ар зытеухуар игъэнаIуэу. Апхуэдэуи, щIэджыкIакIуэхэм тхылъым кърагъуэтэнущ ­Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэу урысыбзэкIэ, ин­джы­лызыбзэкIэ зэрадзэкIахэри.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: