Жьэгу мафIэм хуэдэу хуабэ лъагъуныгъэ

Пщэдей, щэкIуэгъуэм и 27-м, ди къэралым щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. «Махуэрыбжэм къы­хэгъэбелджылыкIахэм я нэхъыщхьэ дыдэщ Анэм и махуэр», - жысIэми сыщымыуэну къысщохъу, сыту жыпIэмэ анэращ псори дунейм дыкъытезыгъэхьар, ди гъащIэм и щIэдзапIэ­-ри аращ. ЗэрыжаIащи, быным дежкIэ жьэгу мафIэ щабэм хуэдэу хуабэщ анэм къыбгъэдэкI лъагъуныгъэр. Ар гъунапкъэншэщ, ­лъащIэншэщ, къаруушхуэрэ зэфIэкIышхуэрэ зиIэщ. Зы ани щы­Iэкъым и быным и насып, и зэпэщыныгъэ папщIэ хулъэкI псори имыщIэну.

Зи гугъу тщIы махуэшхуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс ­25-м нэсащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищ­тауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и пщIэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэщIым иджыри зэ къегъэлъагъуэ жылагъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы ­гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.
Бзылъхугъэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ анагъэр икIи анэм сабийм хуищI гулъытэм, абы къыпкърыкI лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр, балигъ ды­хъуами, дафIэсабийуэ дапщэщи къытхуэсакъыр.
Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, мылъкукIэ защIэзыгъакъуэщ, я къалэнхэр къащызыгъэпсынщIэщ. 2007 гъэ лъандэрэ Урысей ­Федерацэм и щIыналъэ псоми щолажьэ «Анэм и мылъку» программэ хэхар. Анэхэм хухах мылъкур, сом мин 250-у къежьа дэIэпыкъу­ныгъэу сабий етIуанэ (ещанэ…) зыгъуэт анэм иратым хэхъуэ зэпытщ. Щыпэлъхум ирату 2022 гъэм ягъэува сом мин 524,5-р къэзы­мыгъэсэбэпа анэм, анэм (унагъуэм) сабий етIуанэ ягъуэтмэ, сом мин 693,1-рэ ират. А мылъкур зэрыхъунур гъэ къэс щIэрыщIэу къабжыж, къэралым ахъшэр пуд зэрыщыхъум елъытауэ. Апхуэдэ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм хэпщIыкIыу ирагъэфIакIуэ щIыналъэхэм щы­щыIэ демографие щытыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэтыну хуей уна­гъуэхэри абы нэхъри трегъэгушхуэ.
Анагъэм къыдэкIуэу, ди бзылъхугъэхэм ящыщ куэдым я къарурэ зэфIэкIрэ ирахьэлIэ ди къэралым, республикэм я зыужьыныгъэр егъэфIэкIуэным, экономикэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр къэIэ­тыным. Дэ ди мащIэкъым зи цIэр фIыкIэ Iуа бзылъхугъэ-политикхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, медицинэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, сатум, гъащIэм и нэгъуэщI лъэныкъуэхэми ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьа цIыхубзхэр. Абыхэм я нэхъыбэр анэ быныфIэщ, анэшхуэ Iумахуэщ.
Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм, анэм, быным я дунейр яхуэ­зыгъэнэху, я гъащIэр яхуэзыгъэIэфI цIыхум, хуэмыфащэ псалъэ ­дахэ бзэм хэмытми ярейщ. Анэ псоми дохъуэхъу я махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абыхэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымыщIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ бы­ным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. Анэ уиIэу, абы и псалъэ зэхэпхыу, и нэгу гуапэм уиплъэу, и Iэ щабэхэр къодэхащIэу дунейм утетыныр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэщ быным дежкIэ. А фIыгъуэм и нэхур иджыри зыхуэблэхэр фахуэсакъ фи анэхэм.
Ди анэ IэфIхэм папщIэ дыщывмыгъэсхь псалъэ гуапэрэ дахэрэ. Хуремыныкъуэ ахэр ди гумащIагърэ хуабагърэ!

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: