Быным къару яхэзылъхьэ гурыщIэ

КъыпхуэмыIуэтэным хуэдиз мыхьэнэ инрэ гурыщIэ абра­гъуэрэ къызэщIэзыубыдэ псалъэу щыIэр а зыращ: хьэрфышхуэ защIэкIэ дапщэщи ­птхыну зыхуэфащэ АНЭ псалъэращ. Анэм игури и псэри сыт щыгъуи хузэIухащ быным. Адэм унагъуэм щиIэ мы­хьэ­нэшхуэр зыкIи дымыгъэ­лъахъшэу жыдоIэ: «Анэр бы­ным я нэхущ, я гъащIэ гъуа­-зэщ, я щапхъэщ».

Шэрэдж щIыналъэм хиу­быдэ Аушыджэр жылэ цIэры­Iуэм щыпсэу унагъуэ дахэхэм, фIыгъуэшхуэ зэрылъхэм ящыщщ Хъромэхэ Русланрэ Альбинэрэ ейр. «Унагъуэм я ­нэхъ фIыгъуэр сыт?» - жыпIэрэ ущIэпщIэмэ, ар зэщхьэгъусэхэм Тхьэшхуэр къазэрыхуэупса я бын дыгъэхэращ: щIалитхумрэ хъыджэбзитхумрэщ. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэщ а цIыкIухэр: Iэдэбщ, жыIэщIэщ, еджэнми зэрехъулIэным ху­щIокъу.
Я бын цIыкIухэр лъэпкъ хабзэм, нэмысым щIапIыкIыным ­хущIокъу адэри анэри, атIэми а псоми нэхъыбэу зи нэIэ тетыр, гъэсэныгъэр нэхъ зэгъэбы­ды­лIар Альбинэщ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм тепщIыхь­-мэ, анэращ щIэблэр гъэсэным пылъ Iуэхугъуэхэм я нэхъыбапIэр зи пщэ къыдэхуэр. Ап­хуэ­дэущ мы унагъуэми къызэрыщекIуэкIыр: сабийр цIыкIухукIэ, анэм нэхъ кIэрыщIащ, нэхъ балигъ хъуа нэужь, щIалэхэм адэм и псалъэр я гъуэгугъэлъагъуэщ, хъыджэбз цIыкIухэми анэм и ущиер зыхалъхьэ.
Унагъуэшхуэм я унэгуащэ ­Альбинэ Нартан адыгэ жылэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Нэ­гъуейхэ Му­хьэмэдрэ (и ахърэтыр нэху ухъу) и анэ Ларисэрэ яхулъэкIащ я хъыджэбзым гъэсэныгъэ дахэ халъхьэн. Курыт школыр къиу­хыу балигъыпIэ иува нэужь, Альбинэ унагъуэ ихьащ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Аушыджэр ­къуажэм щыщхэу Хъромэхэ Хьэбалэрэ ФатIимэрэ я къуэ Руслан.
- Сызыхэхуа унагъуэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ зэрылът. ГуащэфI дыдэ сиIащ сэ (и ахърэтыр нэху ухъу), сыхуэ­арэ­зыщ хуабжьу, - жеIэ Альбинэ. - ГъащIэм и зэхэлъыкIэ куэдым сыхуиущиящ анэ етIуанэ схуэ­хъуа а бзылъхугъэ Iущым. Куэд­рэ сыдэпсэуну, сыбгъэдэсыну Алыхьым иухатэкъым: и къуэ­рылъху нэхъыжь цIыкIуитIым фIэкIа имылъагъуу, ар дунейм ехыжащ.
Альбинэ гуапэу топсэлъыхь и тхьэмадэми, и щхьэгъусэм и анэ­къилъхухэми. Абы зэрыжи­IэмкIэ, ахэр цIыхуфI защIэщ, езы­ри къащIэхъуэ бынри я гулъытэ зэрыхуамыгъэныкъуэ­-ным хущIокъу. Гуапагъэр зы­хуэгъэза сабийхэми адэшхуэр гухэхъуэ щагъащIэркъым, я зэ­фIэкIхэмкIэ, ехъулIэныгъэхэмкIэ дадэ Iумахуэр ягъэгуфIэ.
Унагъуэ хъуа нэужь, илъэсийкIэ бын зимыIа Русланрэ Альбинэрэ япэу къащIэхъуа щIалэ цIыкIур нэхъыжьхэми зэщхьэ­гъусэхэми я дежкIэ фIыгъуэ­шхуэти, «драхьеймэ, мэгъущIэ, кърахьэхмэ, мэщIытэ» жыхуа­Iэм хуэдэт. Ар 9-нэ классым щIэс Хьэмзэтщ. БалигъыпIэм нэса щIалэ пажэм кIэщIу къыкIэ­лъокIуэ 8-нэ классым щеджэхэу Каринэрэ Идаррэ, 7-нэм кIуэ ­Елдар сымэ. А нэхъыжьыIуэхэм куэдкIэ зыкъыкIэрагъэхуркъым Камилэ (ар 5-нэ классщ), Ми­ленэрэ Алинэрэ (ахэр 3-нэ классым щоджэ). Зэшыпхъу цIыкIуитхум я нэхъыщIэ Русалинэ мы гъэм япэ дыдэу школ бжэщхьэIум ебэкъуащ. Ар гукъы­дэж иIэу, хуэпIащIэу дерс­хэм макIуэ. Зэкъуэшитхум я нэхъыщIэхэм ящыщщ илъэси 6 зи ныбжь Имранрэ унагъуэм гъэ­фIэну зэкIэ яIэ, илъэси 4 ири­къуа Элмар щIалэ цIыкIумрэ. А цIыкIуитIыр сабий гъэсапIэм йокIуалIэ.
Зэрынэрылъагъущи, Альби­нэ­рэ Русланрэ я бынхэм яхэткъым я щхьэ бадзэ тезымыхужыф, атIэми абыхэм ящыщ дэтхэнэ­- ри хуэныкъуэщ анэм и IэфI, и ­хуабэ, и гуапагъэ. Альбинэ къыбгъэдэкI а фIыгъуэхэр, быным ­къару яхэзылъхьэ и гурыщIэ къабзэр яхурокъу унагъуэм ис псоми.
- ЦIыкIухэр махуэм зэбгрокI, щхьэж и къалэн кърихьэлIэну: хэти школым макIуэ, адрейхэри сабий садым щыIэщ. Щхьэ­гъусэри губгъуэм щолажьэ. Пщы­хьэщхьэм псори зэхуэсыжа нэужь, тэмакъкIыхьу, сфIэ­хьэ­лэмэту содаIуэ абыхэм махуэр зэрагъэкIуа щIыкIэм теухуа ­хъыбархэм, зэгъусэу дытопсэ­лъыхь я ехъулIэныгъэхэм, зыху­нэмысахэм, я мурадхэр, ахэр ­инми-цIыкIуми, къаIуатэ. Ап­хуэдхэм деж хуабжьу сфIэфIщ быным сахэплъэн, сабий узыншэ къыпщIэхъуэну зэрыфIыгъуэш­хуэр си гум щызу илъу. Дыкъэ­зыгъэщIам фIыщIэ ин хузощI а псоми папщIэ. Дэтхэнэ анэри аращ: быным тегужьеикIауэ ­гъащIэр ехь. А гурыщIэр елъы­такъым бын бжыгъэми абыхэм я зэпэщыныгъэми, - жеIэ Альбинэ. - Нэхъыжь цIыкIухэр уна­гъуэмкIэ сэбэпышхуэ къыт­хуохъу, нэхъыщIэхэм якIэлъып­лъынымкIи дэIэпыкъуэгъущ. ­КъинэмыщIауэ, хуабжьу зыкъытщIагъакъуэ ди районым, къуажэм я унафэщIхэм. Сыт хуэдэ IуэхукIэ сабгъэдыхьэми, дапщэщи зэрыхъукIэ къыздоIэпыкъу, сыкъызэрамы­гъэ­щIэ­хъуным иужь итщ. Я цIэ ­къисIуэну сыхуейт Шэрэдж ­район администрацэм и Iэтащхьэм социальнэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Ефэнды Тарезэ, Ау­шыджэр къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Дзэмыхь Ас­лъэнджэрий сымэ. Я бынхэм я гуфIэгъуэ ялъагъуу, я Iуэхухэр дэкIыу Тхьэм игъэпсэу!
Тхьэшхуэр къазэрыхуэупсари цIыхухэм къыхуащI гулъытэри апхуэдэу фIыщIэ ящIу мэпсэу Хъромэ зэщхьэгъусэхэр. Быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ ахэр, я псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщ­хьэхэмри зыхуэгъэпсар къащIэхъуэ щIэблэр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Я сабий дыгъэхэм къа­рурэ гуащIэу ирахьэлIэр ­абы­хэм зэрызэхащIыкIыр ща­лъа­гъукIэ, адэ-анэм я лъэр нэхъри егъэжан, дамэ къатрегъакIэ. Апхуэдэхэм деж Русланрэ Альбинэрэ гухэхъуэ ин ягъуэт, гъащIэр къазэрыхуэупса насыпыр, бы­ныр, фIыгъуэ мылъытэу зэры­щытыр иджыри зэ зыхащIэ.
Дауи, бын пIыным, гъэсэным лъэпощхьэпо куэд пыщIащ, атIэми къэхъунщ Хъромэ зэщхьэ­гъусэхэр я нобэрей гугъуехьхэм щыщыгуфIыкIыжын зэман. Дэ­рэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ къозыт апхуэдэ Iуэхугъуэхэм я щIэ­дзапIэ ирехъу Анэм и махуэм ирихьэлIэу бзылъхугъэ быныфIэ ­Хъромэ Альбинэ иджыблагъэ игъуэта къэрал гулъытэр. ­КъБР-м и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, быни 10 зыпI, зыгъасэ анэ гуащIафIэ Хъромэ Альбинэ хуагъэфэщащ «Анэ щIыхь» дамыгъэ лъапIэр.
Дэри дохъуэхъу Хъромэхэ я унагъуэшхэм Анэм и махуэмкIэ. Зэщхьэгъусэхэри я бынхэри куэдрэ псэуну ди гуапэщ, гъащIэм хуаIэ щIэщыгъуагъыр мыкIуэду, я насыпым хэхъуэу, унагъуэр зэкъуэтрэ абы исхэми заузэщI зэпыту. Русланрэ Альбинэрэ быным нобэ хухаш лъагъуэр ахэр насыпым хуэзышэну гъуэгу кIыхьу Тхьэм къыщIигъэкI!
«Анэ» псалъэ кIэщIым пкърылъ IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхащIэу, быным я пщIэрэ ­гулъытэрэ щымыщIэу дунейм куэдрэ Тхьэм тригъэт махуэшхуэр зыхуэунэтIа бзылъхугъэ псори. «Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ», - жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. ИремыгъущыкI а псынэпс къабзэр. Сабийуэ дунейм къытехьэри куэдрэ щIредэIу анэ псысэ IэфIым!

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: