IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым Щэн­хабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зе­зыхьэм щагъэлъагъуэ декоративно-прикладной гъуаз­джэм­кIэ IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр. «Гъагъэ, си щIы­налъэ» - аращ абы фIащар. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100, ЩэнхабзэмкIэ фондыр илъэс­ 35-рэ зэ­рырикъум я щIыхькIэ.

- Гъуазджэм зэфIэкI щызи­Iэу республикэм ис щIалэгъуа­лэ IэпщIэлъапщIэхэр къыхэс­шащ мы гъэлъэгъуэныгъэм. ДяпэкIи ди мурадщ мы Iуэхум зедгъэубгъуну, - жиIащ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люа­зэ. - СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я дежкIэ ар IэмалыфIщ езыхэр зэры­цIы­хунымкIэ, я лэжьыгъэхэр ягъэ­лъэгъуэнымкIэ, абыхэм щIэупщIэ яIэнымкIэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэ­Iуа­ха нэужь, сурэтыщIхэр чэзууэ къэпсэлъащ икIи ахэр къытеувыIащ сурэт щIыным зэрыдихьэхам, я IэщIагъэр къызэрыхахам, я щIэныгъэм зэрыхагъахъуэм. IэпщIэлъапщIэхэм мастер-классхэр зэ­ратми хагъэгъуэзащ икIи гупыж зыщIхэр абыхэм ирагъэблэгъащ.
Мыбы щагъэлъагъуэ цIы­хубз сумкэхэр, зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, гуащэхэр. Къап­щ­­тэмэ, кърихьэлIахэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ зи лэжьыгъэ хьэлэмэтхэмкIэ къалэдэсхэм къацIыхуа Мысачэ Верэ и гуа­щэхэр.
Зэхыхьэм къекIуэлIахэм я нэгу зригъэужьащ Гъуазджэ­хэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэ­рал институтым и студент, уэрэджыIакIуэ Асеев Къантемыр.

Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: