Нэмыцэхэри ягъэгуауэщхьэуэ

Катарым щекIуэкI, футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и япэ ­къекIуэкIыгъуэр иухащ. ПэщIэдзэ махуэхэми хуэдэу, иджыри телъыджэхэр къыщохъу хьэрып къэралыгъуэм и губгъуэхэм.

ЩэкIуэгъуэм и 23-м хэщIыныгъэ игъуэтащ чемпионатым зэфIэкI лъагэ къыщызыгъэлъэгъуэну зыщыгугъахэм ящыщ Германием и командэ къыхэхам. Японием драгъэкIуэкIа джэгугъуэр жыджэру къыщIэзыдза нэмыцэхэм 33-нэ дакъикъэм бжыгъэр къызэIуахащ. Япэ зэрищам игъэгушхуа командэм тепщэныгъэр зыIэщIилъхьащ икIи а щIыкIэм тету зэIущIэм и япэ Iыхьэри и кIэм нигъэсащ, етIуанэри а хуабжьагъым тету къыщIидзащ. Зэщ­хьэщыкIыныгъэр зы топ закъуэ фIэкIа мыхъуми, текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу къалъыта къыщIэкIынщ Германием и футболистхэм. Японхэри набдзэгуб­дзаплъэт – къахукъуэкIа IэмалыфIыр напIэзыпIэм къагъэсэбэпащ. 75-нэ дакъикъэр екIуэкIыу азиат командэм бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ. А ехъу­лIэныгъэм зи лъэр жан ищIа япон футболистхэм дакъикъэ зыбжанэ дэкIри, текIуэныгъэ къахуэзыхьа топыр плIэнейрэ дунейпсо чемпионхэм я гъуэм дагъэкIащ. ГъэщIэгъуэнращи, Японием текIуэныгъэр къызэрихьар топыр джэгугъуэ зэманым и процент 26-м фIэкIа IэщIэмылъауэщ.
«Японием и джэгукIэм хуэфэщэн пщIэ хуэтщIакъым. Къапщтэмэ, етIуанэ то­пыр къытхудагъэкIын хуеякъым, дэ дыщыджэгур дунейпсо чемпионатырщ. Зыбжанэрэ Ноейр дыкъригъэлъащ. Дэри топ дэдгъэкIыну IэмалыфIхэр диIащ, арщхьэкIэ етIуанэу дыкъыхэжаныкIыфакъым. Апхуэдэ щIэщхъу дэ къытщыщI хъунукъым», - жиIащ зэIущIэ нэужьым Германием и гъуащхьэхъумэныкъуэ Гюндоган Илкай.
«Е» гупым и етIуанэ зэIущIэр Испаниемрэ Коста-Рикэмрэ я командэ къы­хэ­хахэм ирагъэкIуэкIащ. ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу дакъикъэ пщIырыпщI я зэхуакуу, 2010 гъэм дунейпсо чемпион ­хъуауэ щыта испанхэм топищ худагъэкIащ я хьэрхуэрэгъухэм. Америкэ Курытым щыщ къэралым и гъуащхьэхъумэхэм Испанием и гъуащхьауэхэр яху­зэтемыIыгъэу хабзэр къызэпаудын хуей хъуащ. Абы кърикIуа пенальтир Iэзэу игъэзэщIащ Торрес.
Зыкъызэкъуахынуи ебгъэрыкIуэныгъэ къызэрагъэпэщынуи зы Iэмали а махуэм къызылъымыса Коста-Рикэм и футболистхэм етIуанэ Iыхьэм къащыпэплъар нэхъыкIэжт. Загъэпсэхуу къызэрихьэжрэ куэд дэмыкIауэ ещанэ топыр дэзыгъэкIам зэIущIэм дубль щигъэзэщIащ.
74-нэ дакъикъэм етхуанэу къыхэжаныкIащ Гави. ЗэпэщIэтыныгъэм хухаха зэман нэхъыщхьэр иухауэ иджыри топитI Коста-Рикэм и футбол командэ нэхъыщхьэм худагъэкIащ Солеррэ Моратэрэ икIи иджырей зэхьэзэхуэм и бжыгъэ нэхъ ин дыдэ къызрикIуа зэIущIэр 7:0-у иухащ.
«F» гупым и япэ зэIущIэу Эль-Хаур къалэм щызэхэтар, Мароккэмрэ Хорватиемрэ ирагъэкIуэкIар, бжыгъэр къызэIуамыхауэ иухащ. Абыхэм гупым къадыхэт Бельгиемрэ Канадэмрэ я зэIущIэм и унафэр зы топ закъуэкIэ ящIащ. Илъэс 36-рэ хъуауэ футболымкIэ дунейпсо чемпионатхэм хэмыта Канадэм 44-нэ дакъикъэм и жагъуэ ищIащ Бельгием и гъуащ­хьауэ Бат­шуайи.
«G»  гупым хэтхэм я зэIущIэхэр щэкIуэгъуэм и 24-м зэхэтащ - Эль-Вакра дэт стадионым щызэпэщIэтащ Швейцариемрэ Камерунымрэ я командэ къы­хэхахэр. Япэ Iыхьэр бжыгъэр къызэIуамыхауэ иухами, етIуанэм зэрыщIидзэу къыхэжаныкIащ Швейцарием и гъуащхьауэ Эмболо. Камеруным къыщалъхуа футболистым и топ закъуэмкIэ и хэкур зэIущIэм щыхигъэщIащ.
Тхуэнейрэ дунейпсо чемпион Бразилиер IущIащ Сербием и командэ къыхэхам. Чемпионхэм зэрахуэфащэу, зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къы­щIадзащ бразилхэм икIи тепщэныгъэр зыIэщIалъхьащ. Япэ Iыхьэм фут­болеплъхьэм я нэгу щIэкIакъым топ дагъэкIауэ. ЕтIуанэм хухаха зэманыр и ныкъуэм нэблэгъауэ бжыгъэр къызэIуихащ Бразилием и гъуащхьауэ Ришарлисон. Куэд дэмыкIыу абы дубль игъэзащIэри, кIэух бжыгъэр 2:0-м хуигъэкIуащ.
«H» гупым хэт Уругваймрэ Кореемрэ я командэ къыхэхахэм нэхъ лъэщыр зэхамыгъэкIауэ, бжыгъэри къызэIуамыхауэ я зэпэщIэтыныгъэр иухащ.
Мыгъэрей чемпионатым гугъэшхуэхэр зрапх Португалиери адрей командэ лъэщхэм я лъагъуэм ирикIуэным зымащIэщ иIэжар. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр зэхьэрхуэрэгъухэм бжыгъэр къызэIуамыхауэ иухащ. ЕтIуанэм и командэр япэ иригъэщащ икIи зэкIэлъхьэужьу дунейпсо чемпионатитхум топ щыдэзыгъэкIа япэ футболист хъуащ Португалием и гъуащхьауэ Криштиану Роналду. А махуэм чемпионхэм къапэщIэта Ганэм зэман кIэщIым къриубыдэу бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ. 78-нэ, 80-нэ дакъикъэхэм иджыри то­питIкIэ къыхэжаныкIа португалхэм щытыкIэр зэпIэзэрыт ящIыжа я гугъащ, арщхьэкIэ зэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэр иухыным зы дакъикъэ фIэкIа къэмынэжауэ Ганэм зэщхьэщыкIыныгъэр нэхъ мащIэ ищIыжыфащ. Африкэм щыщ къэралыгъуэм и футболистхэр абы нэхъри игъэгушхуэри, зэкIэлъыпытурэ ебгъэрыкIуащ, арщхьэкIэ зэманыр яхурикъужакъым – 3:2-уэ зэIущIэр иухащ.

Жыласэ Замир.
Поделиться: