Анэхэм я пщIэр яIэт

Пра­вительствэм и Унэм ­дыгъуасэ ща­гъэ­лъэпIащ бынитху е нэхъыбэ зиIэ анэхэр.  кърагъэблэгъахэм  ­гуапэу захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек.

- ЩэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм ди къэралым щыдогъэлъапIэ Анэхэм я махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIыху псоми сохъуэхъу а Iуэху дахэмкIэ. Анэ лъагъуныгъэм гъунэ иIэкъым, ар зэб­гъэпщэн нэгъуэщI зы гуры­щIи щыIэкъым. Абы дещI нэхъ Iущ, нэхъ лъэщ, гугъуехьхэм дапэлъэщуи депсыхь. Анэхэм быным халъхьэ я къаруи, узыншагъи, я псэм и хуабагъи. Анэхэм я махуэр IэмалыфIщ абыхэм къытхуащIэ псори зэрытфIэлъапIэр зыхедгъэщIэ­ным, я ­лъа­гъуныгъэм дыпэджэжыным теухуауэ.
Псом хуэмыдэу фIыщIэ лей яхузощI мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн гугъу дыдэхэр зи пщэм дэлъ, бын куэд зиIэ анэхэм. ЦIыхубэм абыхэм хуащI пщIэрэ щIыхьрэ. Къэралым гулъытэшхуэ ирет бын куэд зиIэ анэхэм икIи апхуэдэхэм ядэIэпыкъун папщIэ Iэмалу щыIэр къегъэсэбэп.
Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ ягъэуващ «Анэ лIыхъужь» цIэ лъапIэр. Ар фIащ бынипщI е нэхъыбэ зыгъэсахэм. Къэралым къыбгъэдэкIыу абы­хэм ират сом зы мелуан.
2023 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ сабийхэм папщIэ адэ-анэ­хэм ират ахъ­шэр къаз­эры­Iэрыхьэну щIыкIэр нэхъ тынш, нэхъ зэIубз хъунущ.
Ди республикэм щефIэкIуащ бын куэд зиIэ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэу щыIэ Iэмалхэр. Бын етхуанэ къызыхэ­хъуэ унагъуэхэм зэрыIыгъыу яIэрохьэ сом мин 250-рэ. Ар трагъэкIуэдэн хуейщ я псэупIэр ира­гъэфIэкIуэным. Мы Iуэхур къы­зэрыхэтлъхьэрэ ахъшэр яIэры­хьащ бын куэд зиIэ унагъуэ 1513-м щIи­гъум, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
«Анэм и щIыхь» медалыр зы­хуагъэ­фащэхэм теухуауэ жиIащ:
- Анэхэр нэхъри дгъэлъапIэу, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщу бын­ куэд зиIэхэм яхудогъэфащэ «Анэм и щIыхь» медалыр, ахъ­шэ саугъэт щIы­гъуу. Бын къэс ялъос сом мин пщIырыпщI. Ауэ дэ дыхуейщ ар сом мин 30-м нэдгъэ­сыну икIи абы теухуа тхыгъэр КъБР-м и Парламентым едгъэхьащ.
Iэтащхьэм къыхигъэщащ республикэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэ­хэмрэ щагъуэт медицинэ, егъэ­джэныгъэ Iуэхутхьэбзэ­хэр илъэс къэс зэрефIакIуэр, уна­гъуэ­хэми ар щIэгъэкъуэнышхуэ зэрахуэхъур.
Абы жиIащ бын куэд зиIэ уна­гъуэхэм яхуэ­фащэ гулъытэ яхуэ­щIыныр дяпэкIи къэралым и нэIэ зэрыщIэтынур.
- Нобэ къедгъэблэгъащ уна­гъуэш­хуэхэм я жьэгур зыгъэхуабэ, пщIэ яIэу цIыху зыгъасэ анэ лъапIэхэр. Абыхэм дэ я цIэ идоIуэ «Анэм и щIыхь» медалымкIэ.
КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къыхигъэщащ Аушыджэр къуажэм щыщ анэ, бынипщI зыпI Хъромэ ­Альбинэ. Абы иратынущ автобус цIыкIу.(Хъромэхэ я уна­гъуэм теухуа тхыгъэм фыкъыщеджэ нобэрей ди къыдэкIыгъуэм и 4-нэ напэкIуэцIым).
- Анэхэм сащытепсэлъыхькIэ, я цIэ ­къисIуэну сыхуейщ лIыгъэ яхэлъу я щIалэхэр зыгъэса анэхэм, нобэ къэралым къыщхьэщыжхэм. Я къалэныр екIуу ирахьэкIауэ, узыншэу къагъэзэжыну Тхьэм жиIэ, - хъуэхъуащ Iэтащхьэр, икIи дыщIи­гъуащ:
- Фэ щапхъэкIэ фогъэлъагъуэ унагъуэ къа­лэныр зэрыгъэзэщIапхъэр, бын зэ­ры­гъэсэн хуейр. Фи унагъуэхэм хуэ­дэ­хэрщ республикэм щызекIуэ хабзэ дахэхэм я щапхъэр.
Анэхэм къабгъэдэкIыу КъБР-м и Iэтащхьэм, къэралым и къулыкъущIэхэм фIы­щIэ яхуищIащ Ахъмэт Мадинэ. Ар къеджащ анэхэм теу­хуауэ иуса сатырхэм.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: