Адыгэ шхыныгъуэхэр Пасэрей хугу пIастэ

Псы къэкъуалъэм хугу лъэсар хакIутэ, зэIащIэри и щхьэм къыдрихьеяр чымчыркIэ къытрах, мафIэр цIыкIу ящIри шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 15-16-кIэ ягъавэ псыр щIэвэщIэху. ИтIанэ пIастэр мафIэм тету бэлагъкIэ дакъикъи 8-10-кIэ япщ. ПIастэр щIимысыкIын щхьэкIэ, шыуан лъащIэм бэлагъкIэ щIоIэбэри, хугу гъущэ къабзэ тIэкIу кIэщIакIутэ. Абы пIастэм мэ дахэ къыхрегъэх.

Хьэзыр хъуа пIастэр Iэнэм трагъэщатэри я Iэр псы щIыIэм хащIэурэ зэпэплIимэу яубэ Iувагъыр см 8-10 хъууэ. Апхуэдэу щIа пIастэр дахэ мэхъу, куэдрэ щылъщ, пкъыи щIэтщ. ПIастэр фIыуэ мыгъэжьамэ цIынэу къонэ, зэпылэл мэхъури пхузэпыупщIыркъым. Ар лыхэкIхэм дашх. Пасэрей пIастэр адрей пIастэхэм нэхърэ нэхъыбэрэ щылъщ. Пасэрей пIастэ жьам пщтырагъыу иIэщ градуси 106-рэ.

Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ):
Хугуу - г 425-рэ, псыуэ - г 1000

 

Поделиться: