ЩIымахуэ мэзым

(Сабийхэм папщIэ)

ТIалэ жьыуэ къэушри, еIэ-епхъуэу зихуэпащ. Ар еплъыну хуейт щIымахуэ мэзым дадэ къыщIиша жыгеижьым. Куэбжэр Iуипхъуэтри, зэщIэувыIыкIыжащ - зэи илъэгъуатэкъым апхуэдэ жыгышхуэ.
- Илъэс дапщэ хъуа, дадэ, мыр, уэ уи ныбжь?
- Мис ар иджыпсту къэтщIэнкъэ, - дадэ пыгуфIыкIри, я гъунэгъумкIэ иунэтIащ.
 Куэд дэмыкIыу къигъэзэжащ абы пхъэзэпыхыр зи плIэм илъ Сулеймэн щIыгъуу. 
Зи кIэм унэмыплъыс жыгеижьыр зэпахри-зэпах. ТIали еплъурэ ешащи, дадэ и хъуреягъыр къызэхекIухь. 
- Сыт хуэдиз къару абы хэлъын хуейр, жыг домбейр иIыгъын щхьэкIэ? - йогупсыс ар, жыглыцым щIигъэна лъабжьэшхуэр зэпиплъыхьурэ… Дадэрэ Сулеймэнрэ я лэжьыгъэр икIэм нагъэблэгъащ, къахуэнар тIууэ зэкIэщIэкI щхьэкIэ дыкъуакъуэшхуэрт.
- ТIалэ, ТIалэ псынщIэу мыдэ къакIуэт, - Iэ къыхуищIащ дадэ. Сулеймэнрэ абырэ я пащхьэм пщIий самэшхуэ илът, жыгыку гъуанэм къилъэлъауэ. ТIалэ апхуэдиз пщIий зэуIуу зэи илъэгъуатэкъым.
- Еплъ а дэ къытщыщIа щIэщхъум, кIуэ мэзхъумэми щхьэ гу лъимытарэ? - дадэ и щхьэр фIиудыжырт. КъызэрыщIэкIымкIэ, кIэпхъ цIыкIум щIымахуэ псом ишхыну игъэтIылъа пщIийр зэрымыщIэкIэ къашауэ арат. Ар зэхэзыха ТIали, апхуэдизкIэ кIэпхъ цIыкIур фIэгуэныхь хъуащи, къыщиудын къудейуэ дадэ худоплъей. Пхъэр зэпыхын щаухым, пщIийр пэгуным из ящIри, гуэщым щIагъэуващ.
- КIуэ иджы, хуабэу зыхуапи, адэкIэ тщIэнум дегупсысынщ, - жери дадэ шэщымкIэ иунэтIащ. ТIалэ къыщигъэзэжам, дадэ шы Iэжьэ зэщIэщIам ису пщIантIэкум къыщыпэплъэрт.
Щолэхъум и пэм къриху бахъэр плъагъуу махуэр щIыIэщ, арщхьэкIэ ар зыкIи къытехьэлъэркъым ТIалэ. И нэм фIэкIа къыхэмыщу дадэ и джэдыгушхуэ кърипхъуэкIам хэсу макIуэ, пхъэ Iэжьэм и щхъыщхъ макъым щIэдэIурэ щIымахуэ мэзым щилъагъу псори фIэгъэщIэгъуэну. ЗдаунэтIа помкIэ зыкъомрэ кIуэцIрыкIауэ, дадэ Iэжьэр къигъэувыIащ - пщIий мэзым къэсакIэт ахэр. ТIалэ хъуреягъыр къеплъыхь. ЛъэщIэхурэ зы жыг ящымыщу яхэмыту нэм къиплъыхьыр дахащэщ. Дадэ жыг щхьэкIэхэр къиплъыхьурэ, и нэм къыфIэнащ зы кIэпхъ цIыкIу. И лъахэм къизэрыхьа мыцIыхухэр щилъагъум, къудамэм зыкъуиудыгъуауэ къеплъыхырт ар.
- Мес ди кIэпхъри, зыщIыпIи кIуакъым, - жиIащ дадэ пщIийр Iэжьэм къригъэувыкIыурэ. Къэлътмакъым и щхьэр къигъэтIасхъэри, къудамэхэм ящыщ зым фIидзащ, адрейр езым и Iуэхужщ, жиIэри.
 Дадэ ТIалэ Iэжьэм къригъэтIысхьэжри, тIуми я гур псэхужауэ къежьэжащ, кIэ бапхъэ цIыкIум и гъэтIылъыгъэр зэрыIэрыхьэжынум шэч лъэпкъ къытрамыхьэу. Iэжьэм здисым, ТIалэ игу къэкIыжащ жыгеижьым и ныбжьыр здынэсар дадэ къыжриIэну зэрыхунэмысар, ауэ ар Iуэхукъым, нэсыжмэ къищIэнщ.

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: